Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и «Эрмитаж-Кавказ» щэнхабзэ-егъэджэныгъэ центрым и унафэщI Сэралъп Альберт хэтащ ЕтIуанэ Дунейпсо жылагъуэ ассамблеем и лэжьыгъэм. Зэхыхьэр фокIадэм и 18 - 19 махуэхэм Москва щекIуэкIащ.
«ДунеищIэ: лъэпкъхэр зэзышалIэ лъапIэныгъэхэр» зэIущIэм къыщызэхуэсат къэрали 154-м я лIыкIуэхэр. Абыхэм яхэтт жылагъуэ дипломатием и пашэхэр, щIэныгъэлIхэр, щэнхабзэ, егъэджэныгъэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр. МахуитIкIэ екIуэкIа Iуэхур теухуауэ щытащ лъэпкъ щэнхабзэ, цивилизацэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ бей дунейм лъэпкъхэр дзыхь зэхуащIу зэдэлэжьэным я лъапIэныгъэхэр хъумэнымрэ.
Сэралъп Альберт хэтащ ассамблеем къыщызэрагъэпэща «Тхыдэ фэеплъыр цIыхухэм я къэкIуэнум и лъабжьэщ» зэIущIэм. Абы хэтт къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа тхыдэджхэр, жылагъуэ, егъэджэныгъэ зэгухьэныгъэхэм, музей, архив IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр. Къызэхуэсахэр куууэ тепсэлъыхьащ тхыдэр, фэеплъхэр хъумэным пыщIа Iуэхухэм.
«Эрмитаж-Кавказ» центрым и унафэщIыр къэпсэлъащ «Живое наследие народов: традиции, культурные коды и образ будущего» жыхуиIэ Iуэхум теухуауэ. Абы щыгъэбелджылат лъэпкъ IэпщIэлъапщIагъэр хъумэным, зегъэужьыным, щIыналъэхэм щыIэ зэгухьэныгъэхэм защIэгъэкъуэным, лъэпкъхэм я щэнхабзэ зэхэщIыкIыр зэтегъэувэным, къэралхэр, жылагъуэхэр, IэпщIэлъапщIэхэр зэдэгъэлэжьэнымкIэ IэмалыщIэхэр къэлъыхъуэным.
Сэралъп Альберт къызэхуэсахэм яхутепсэлъыхьащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэинхэм, мыхьэнэшхуэ зиIэ щэнхабзэ ухуэныгъэхэр зэрахъумэ Iэмалхэмрэ хабзэхэмрэ. Абы къыхигъэщхьэхукIащ къэралыр, жылагъуэр, творческэ зэгухьэныгъэхэр зэгурымыIуэмэ, зэдэмылажьэмэ, апхуэдэ щIэинхэр зэрыпхуэмыхъумэнур.
- Кавказым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэинхэр хъумэныр блэкIам пщIэ хуэтщIу аркъудейкъым, ар къэкIуэнум лъабжьэ хуэхъу Iуэхугъуэщ. Фэеплъхэм я мызакъуэу, ди адэжьхэм зэрахьа хабзэхэри, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэри къыкIэлъыкIуэ лIакъуэхэм яIэрыдгъэхьэн хуейщ. ЦIыхубэм къэкIуэну гъунэгъум зэпIэзэрыту зэрызаужьыфынур щэнхабзэ, егъэджэныгъэ, щIэныгъэ я лъэныкъуэкIэ дызэдэлажьэмэщ», - къыхигъэщащ Сэралъп Альберт.
ЕтIуанэ Дунейпсо жылагъуэ ассамблеем и лэжьыгъэм КъБКъУ-р зэрыхэтар ящыщщ Кавказ Ищхъэрэм и щэнхабзэ щIэинхэр хъумэнымрэ къыдэкIэутей щIэблэм егъэцIыхунымкIэ университетым зэфIигъэкI Iуэхугъуэшхуэхэм. Апхуэдэ проект куэд ирегъэкIуэкI «Эрмитаж-Кавказ» центрым. Абыхэм ящыщщ Кавказым и испы унэхэм ятеухуахэр бжыгъэр зи лъабжьэ IэмалхэмкIэ къэгъэщIэрэщIэныр, фащэм и зэхэлъыкIэр джыныр, щIыналъэм щэнхабзэегъэджэныгъэ туризмэм зыщегъэужьыныр, нэгъуэщIхэри.