Лъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ я лъахэ

Ди къэралым и тхыдэм къыхэбелджылыкI махуэшхуэхэм ящыщщ пщэдей, фокIадэм и 27-м, жылагъуэм щагъэлъапIэр - ГъэсакIуэхэмрэ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр щапI IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ я махуэр. Къэрал зыужьыныгъэм и дежкIэ мы­хьэнэшхуэ зиIэ а IэнатIэм и щытыкIэм иджыри зэ гу лъозыгъатэ ар Урысей Федерацэм щагъэуващ 2004 гъэм. фокIадэм и 27-м щIытрагъэхуам щхьэусыгъуи иIэщ. 1863 гъэм и апхуэдэ махуэм Санкт-Петербург япэ дыдэу къыщызэIуахауэ щытащ илъэси ­3-8-хэм ит сабийхэм папщIэ гъэсапIэ. ЦIыкIухэр зэрыщаIыгъым, зэрыщагъэджэгум къыдэкIуэу, абыхэм ирагъащIэрт тхэкIэрэ бжэкIэрэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм теухуа пэщIэдзэ щIэныгъэ иратырт. 

Урысейм и япэ сабий садхэр зыхуэщIар унагъуэ къулейхэм я бынхэрат. Абыхэм я сабийхэр кIуэн папщIэ, адэ-анэм пщIэ щIа­тырт. 1868 гъэм Петербург къы­щызэIуахащ япэ пщIэншэ гъэ­сапIэр. Апхуэдэ Iуэху зехьэ­кIэм нэхъыфIу зыщиужьар ди къэралым Жэпуэгъуэ зэхъуэ­кIы­ныгъэшхуэхэр къыщыхъуа нэужьщ. 1918 гъэм къыщы­щIэ­дза­уэ гъэсапIэ IэнатIэхэр хъуащ къэралым иригъэкIуэкI егъэ­джэныгъэ политикэм и зы Iы­хьэшхуэ. 
ХХ лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм ирихьэлIэу ди къэралым а IэнатIэмкIэ щызэтеуват дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа Iуэху зехьэкIэ пэрыт. А лъэхъэнэм екIуэкIа къэхъукъащIэхэм зэхъуэкIыныгъэ нэрылъагъухэр халъхьащ егъэ­джэныгъэ-гъэсэныгъэ псом. НэгъуэщI хъуащ абы и купщIэри и теплъэри. Мы зэманым гъэсапIэхэм щызэфIах лэжьыгъэр хуэгъэпсащ махуэ къэс зызы­хъуэж, зызыужь гъащIэм декIуфын, пэщIэдзэ щIэныгъэ, гуп­сысэ хэха, хьэл-щэн зэтет, я ныбжьым елъыта Iуэху еплъыкIэ зиIэ щIэблэ зэчиифIэ къэгъэхъуным. 
Ди экономикэр рынок зэхущы­тыкIэм щыхуэкIуагъащIэм, ди къэралым и сабий гъэсапIэхэм ящыщ куэд зэхуащIыжауэ щытащ, приватизацэ ящIахэри ящэжахэри щыIащ. ЩытыкIэм зэуэ зихъуэжащ къэралым и гупэр егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэ­хум хуигъэзэжа нэужь. Илъэс 20 ипэкIэ лажьэу щIидзащ УФ-м и Президентым къыхилъхьауэ щы­та «Анэ мылъку» программэм. Сабий нэхъыбэ къалъхуным цIыху­хэр тезыгъэгушхуэжа а программэм и IэужьыфIхэр нэ­рылъагъу хъуащ илъэс зытIущ дэкIа нэужь. Сабий садхэр зэ­пэубыда хъуащ, абыхэм кIуэну гукъыдэж зиIэ псоми апхуэдэ Iэмал ямыIэу. Мы зэманым а Iуэ­хур йофIакIуэ. Абы хуэгъэпсащ «УФ-м и егъэджэныгъэм теу­хуауэ» къэрал Хабзэр. Абы ипкъ иткIэ сабий псоми Iэмал ягъуэ­тын хуейщ гъэсапIэхэм кIуэну, абыхэм пэщIэдзэ щIэныгъэ зэ­мылIэужьыгъуэхэр къыщратын папщIэ. «ЩIалэгъуалэмрэ сабиймрэ», «Демографие», «Псоми ди зэхуэдэ Iэмалхэр», нэ­гъуэщI лъэпкъ пэхуэщIэхэм япкъ иткIэ, къэралым хыхьэ субъектхэм федеральнэ бюджетым къы­хэкIыу мылъку хуаутIыпщ, сабий садыщIэхэр яухуэн, щы­Iэхэр зэрагъэпэщыжын папщIэ. Ар и тегъэщIапIэу ди республикэм иужьрей илъэсхэм щаухуащ сабий гъэсапIэщIэ куэд, щыIэхэм ящыщу мымащIэ къы­зы­хуэ­тыншэу зэрагъэпэщыжащ. Ап­хуэ­дэ ухуэныгъэ-зэгъэпэ­щыжы­ны­гъэ лэжьыгъэхэм пащэ зэ­пытщ. 2026 гъэм и пэщIэдзэм зэрытраухуам тету, ди щIыналъэм хыхьэ Бахъсэн къалэм, Гундэлэн, Старэ Шэрэдж жы­лэхэм мы зэманым щаухуэ гъэсапIэщIэхэр. Абыхэм екIуэлIэ­фынущ псори зэхэту сабий 340-рэ. Лэжьыгъэхэр 2027 гъэм зэ­фIахыну я мурадщ. 
Къэбгъэлъагъуэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым мы зэманым щолажьэ зи школ кIуэгъуэ нэмысахэм егъэджэныгъэ программэ хэхам тету ядэлажьэ гъэсапIэ 300-м нэс. А IуэхущIапIэхэм гъэ­сэныгъэрэ пэщIэдзэ щIэныгъэрэ щрагъэгъуэт сабий мини 10 бжыгъэхэм. Абыхэм щолажьэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, гудзакъэ зиIэ гъэсакIуэхэр, егъэджа­кIуэ­хэр. Я IэщIагъэм епха махуэш­хуэр гъэлъэпIэным хуэгъэпса Iуэ­хугъуэ хьэлэмэтхэр дапщэщи щокIуэкI ди щIыналъэм и сабий садхэм. Апхуэдэщ гъэ къэс къы­зэрагъэпэщ «Илъэсым и гъэсакIуэ» къэралпсо зэпеуэр. ГъэсакIуэ нэхъыфIхэм ябгъэдэлъ щIэ­ныгъэр, педагогикэ Iэзагъыр, зэфIэкIхэр наIуэ къыщащI дерс зэIухахэр, я гъэсэн цIыкIу­хэр зыхэт зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэр, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри къыщапщытэ абы, кърикIуахэри жэпуэгъуэ мазэм и пэщIэдзэхэм хэIущIыIу ящI хабзэщ. 
 ЩIыналъэм щIэблэ узыншэ къихъуэным хуэлажьэ IуэхущIапIэхэм ящыщщ Аруан районым хыхьэ Къэхъун къуажэм и «Ашэ­мэз» сабий садыр. Иджырей ­гъащIэм хуиту хэувэфын цIыху бгъэсэныр Iуэху къызэрыгуэкIыу зэрыщымытыр къагурыIуэу я къа­лэнхэр зэфIах абы и лэ­жьакIуэ гупым. ГъэсапIэр зэрау­хуэрэ куэд щIами (1986 гъэ), Iуэ­хугъуэ купщIафIэхэмкIэ, гъэщIэгъуэнхэмкIэ гъэнщIа гъуэгуани къикIуащ абы, сабийхэм хуащI гулъытэмрэ бгъэдалъхьэ гъэ­сэ­ныгъэмрэ щIэныгъэмрэ дапщэщи ефIакIуэ зэпыту, ахэр иджы­рей мардэхэм хуэкIуэу, технологие пэрытхэр сыт щыгъуи я ­Iэдэжу. Иужьрей илъэс 22-м къриу­быдэу сабий гъэсапIэм и пашэщ лэжьыгъэм и къызэгъэ­пэщакIуэ IэкIуэлъакIуэ, зи IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ зыбгъэдэлъ Думаныщ Ульянэ. Садыр и нэIэм щIэтщ жылэм дэт курыт школ №1-м (унафэщIыр Понэж ФатIимэщ). Ульянэ зэрыжиIэмкIэ, а унафэщI щыпкъэм къадеIыгъ гъэса­кIуэ­хэм къабгъэдэкI жэрдэм дахэ­хэр, гупсысэщIэхэр. Ахэр, дауи, яхуэгъэпсащ сабийхэм я къэу­хьым зегъэужьыным, ахэр къэ­зыухъуреихь щIыуэпсым, дунейм я зэхэлъыкIэ хьэлэмэтхэм щыгъуазэ хуэщIыным, школ гъащIэм хуэгъэхьэзырыным. Апхуэ­дэу зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу лэ­жьы­гъэр ирахьэкI Ульянэ зи пашэ гъэсакIуэ гупым. Абыхэм фIыуэ къагуроIуэ гъэсапIэр сабий IыгъыпIэ къудей мыхъуу, цIы­кIухэм набдзэгубдзаплъэу, елIа­лIэу щахущыт, лъагъуныгъэрэ гуапагъэкIэ гъэнщIа лъахэу зэрыщытыр. Абы и щыхьэтщ «Ашэмэзым» и гъэсэнхэм яхэлъ зэчий зэмылIэужьыгъуэхэр, ябгъэдэлъ щIэныгъэмрэ зэфIэкI­хэмрэ. 
ГъэсакIуэмрэ школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмысахэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэмрэ я махуэмкIэ ди гуапэу дохъуэхъу «Ашэмэз» сабий садым и лэжьакIуэхэми жэ­уаплыныгъэ зыпылъ а IэнатIэ мытыншым, ауэ гъэщIэгъуэным дэнэкIи щыпэрыт IэщIагъэлI псоми. Фи щIэныгъэмрэ зэфIэ­кIым­рэ тыхь зыхуэфщI фи гъэ­сэн цIыкIухэм яхувиIэ лъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ хэхъуэ зэпыту, гукъыдэж къывэзыт лэ­жьэгъуэ махуэхэм хэмыщIу, фи пщIэмрэ гулъытэмрэ жыла­гъуэм щыхэхъуэу фыпсэуну ди гуапэщ. 

 
Псалъэжьхэр

Гъэсэныгъэр дыщэ жыгщ
♦Акъылыр ландыщэщ, гъэсэныгъэр дыщэ жыгщ. 
♦Анэмэтым хъейрэт ухуэмыхъу.
♦Уи псалъэ гъэIэси, уи нэмыс гъэбыдэ.
♦Унэм зыщыгъаси, хасэм яхы­хьэ.
♦Е пщIауэ фIы ущымыгугъ, фIы пщIами - ущIэмыфыгъуж.
♦Еущий зы махуэщ, хабзэ хьэху махуищщ.
♦Зызыгъэгусэ Iыхьэншэщ.
♦Иужь акъыл нэхърэ ипэ акъыл.
♦Къоджэ нэхъыжьщ.
♦Нэмыс здэщымыIэм насыпи щыIэкъым.
♦Псалъэ щабэ гущабэщIщ.

ЖЫЛАСЭ Маритэ, «Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI.
Поделиться: