IэщIагъэлIхэм я нэIэм щIэту![]() Ди республикэм мы махуэхэм щокIуэкI цIыхум психикэ и лъэныкъуэкIэ и узыншагъэм нэхъыфIу елэжьыным хуэщIа IэмалыщIэхэр къыщагъэнаIуэ щIэныгъэ-практикэ конференц. Къэралым и щIыналъэ куэдым я лIыкIуэхэр къызрихьэлIа а медицинэ зэIущIэшхуэм хэтхэм яхуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Конференцым и лэжьыгъэм хэт щIэныгъэлI цIэрыIуэхэм, IэщIагъэлI щыпкъэхэм ящыщщ ПсихологиемкIэ Урысей щIэныгъэ центрым и унафэщI Чайкэ Юлие, Бехтеревым и цIэр зезыхьэ, Психиатриемрэ неврологиемкIэ щIэныгъэ центрым и пашэ Незнанов Николай, Сербскэм и цIэр зезыхьэ, Психиатриемрэ наркологиемкIэ центрым НаркологиемкIэ и къудамэм и унафэщI Клименкэ Татьянэ, Ломоносовым и цIэр зезыхьэ МКъУ-м Психическэ узыншагъэмрэ клиникэ психиатриемкIэ и кафедрэм и унафэщI Костюк Георгий, ПсихиатриемкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм КъуэкIыпIэ Европэм щиIэ лIыкIуэ, Къэзахъстаным Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и IэщIагъэлI Негай Николай, Психиатрическэ узыншагъэмкIэ Урысей щIэныгъэ центрым и унафэщIым и къуэдзэ Каледа Василий, а центрым Сабий психиатриемкIэ и институтым и унафэщI Бархатовэ Александрэ, нэгъуэщIхэри.
Поделиться:
Читать также:
20.09.2026 - 12:00 →
Дахащэ къудей мыхъуу, бэшэчрэ къарууфIэу
19.09.2026 - 10:17 →
Урысейм и къарур - цIыхухэм я хуитыныгъэрщ
19.09.2026 - 10:00 →
Хэхыныгъэм щIидзащ
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
| ||





