ГъэтIылъыгъэхэр къызэрагъэпэщУФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Мантуров Денис, вице-премьерхэу Новак Александр, Хуснуллин Марат сымэ экономикэм и къудамэ псори мардэм тету гъэлэжьэнымкIэ комиссэ щхьэхуэм и зэIущIэ ирагъэкIуэкIащ. Абы видеозэпыщIэныгъэкIэ хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. ЗэIущIэр теухуат псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэр, псом хуэмыдэу электроэнергетикэр, 2026-2027 гъэхэм я бжьыхьэ-щIымахуэ гъэплъыгъуэм хуэгъэхьэзырыным. Къэралымрэ щIыналъэхэмрэ я унафэщIхэр зым ищIэм адрейр щыгъуэзэн хуэдэу, зэрызэлъэIэсыпхъэр къыхагъэщащ. Энергиемрэ гъэсыныпхъэхэмрэ къемэщIэкI хъумэ, къагъэщхьэпэ хъуну гъэтIылъыгъэхэр зыхуэдизыр къапщытэжын зэрыхуейми и гугъу ящIащ.
Поделиться:
Читать также:
13.10.2026 - 17:58 →
ЩIыналъэм щыхъыбархэр
13.10.2026 - 16:00 →
Къарур имыухыурэ гъащIэр иухащ
13.10.2026 - 14:00 →
Ухуэныгъэхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ
13.10.2026 - 12:26 →
Гупыр зыгъэгуп
| ||




