КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ хабзэубзыху IуэхущIапIэм и Президиумым и зи чэзу зэIущIэр щригъэкIуэкIым, «комитетым и сыхьэтым» хыхьэу депутатхэр едэIуащ БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ комитетым 2024 гъэм и фокIадэм къыщыщIэдзауэ 2026 гъэм и фокIадэ пщIондэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм.
Къыхалъхьа жэрдэмхэмрэ къэпщытэныгъэ лэжьыгъэхэмрэ кърикIуам тепсэлъыхьащ комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил. Зи гугъу ящI пIалъэм къриубыдэу комитетым и нэIэм щIэт Iуэхухэм епхауэ республикэм и Парламентым хабзэ 25-рэ къищтащ. Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, ахэр нэхъыбэу зыхуэунэтIар республикэ, муниципальнэ бюджетхэр егъэфIэкIуэнырщ.
- Iуэхур ехъулIэныгъэ иIэу зэрыдгъэзащIэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэралым япэ увыпIэ щызыIыгъ щIыналъэхэм ящыщ зыщ, ар мызэ-мытIэу къигъэлъэгъуащ УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм, - жиIащ АфэщIагъуэм.
Ар къытеувыIащ комитетым и лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зым – республикэ бюджетыр къызэращтэмрэ зэрагъэзащIэм я нэIэ зэрытетымрэ. АфэщIагъуэ Михаил жиIащ республикэм и дэфтэр нэхъыщхьэр къыщащтэм, комитетхэм я зэIущIэхэм къыщыхалъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэмрэ чэнджэщхэмрэ япкъ иткIэ 2025 гъэм бюджетыр зыхуеинур сом мелард 1-кIэ нэхъыбэ зэращIар.
Къэпсэлъам къыхигъэщащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэныр япэ ирагъэщ лэжьыгъэу къызэрынэр, абы епха Iэмал куэд къызэрагъэсэбэпыр. Илъэс къэс а мурадхэм сом меларди 5-м щIигъу хухах. КъищынэмыщIауэ, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ хуэгъэкIуатэ яIэу Iуэху зэхуэмыдэхэмкIэ зыщIагъакъуэ. АфIэщIагъуэм къызэрилъытэмкIэ, комитетым и лэжьыгъэм и мыхьэнэмрэ жэуаплыныгъэмрэ зыхуэдэр къегъэлъагъуэ КъБР-м и Iэтащхьэм къыхилъхьэ законопроектхэм я процент 80-м нэблагъэр я нэIэ зэрыщIэтым.
Комитетым и къалэнхэм ящыщщ фIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ щIыналъэ фондым и бюджетым теухуа законхэм я проектхэм хэплъэнри. Апхуэдэуи мыхьэнэ зиIэ унэтIыныгъэхэм хохьэ КъБР-м и КъэпщытакIуэ-къэзыбж палатэм и лэжьыгъэм кърикIуахэм зыщагъэгъуэзэныр.
- Комитетым адэкIи пищэнущ щIыналъэм и бюджетым и хэхъуэмрэ къигъэсэбэпхэмрэ зэрызэрагъэзахуэм кIэлъыплъыным, ди цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ Iэмалхэм елэжьыным, - къыхигъэщащ АфэщIагъуэм.
Егоровэ Татьянэ жиIащ комитетыр жыджэру зэрылажьэр икIи республикэм и бюджетым епха дэфтэр нэхъыщхьэм щелэжьым зыхуеину тхыгъэ псори абы и пIалъэм КъБР-м и Парламентым къызэрыщыхилъхьэр. Хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщIым гу лъаригъэтащ комитетыр КъБР-м и КъэпщытакIуэ-къэзыбж палатэм купщIафIэу зэрыдэлажьэми.
ЗэIущIэм депутатхэр щытепсэлъыхьащ «Хэхыныгъэхэмрэ референдумхэмрэ ятеухуа республикэ хабзэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ», «КъБР-м и муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ я IэнатIэхэм балигъ мыхъуахэм кIэлъыплъын, сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмыту къэнахэмрэ я хуитыныгъэхэр хъумэн, псэупIэ пэшхэмкIэ къызэгъэпэщын и лъэныкъуэкIэ къэрал пщэрылъ щхьэхуэхэм къару ямыIэжу къэлъытэнымрэ республикэ закон хэхахэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымрэ теухуа республикэ законхэм я проектхэм.
Депутатхэр хэплъащ щыпсэуну щIыпIэр къыхахынымкIэ цIыхухэм яIэ хуитыныгъэхэм, цIыхубэ зыхъумэжыныгъэм, ОВД-м и лэжьакIуэхэм я шэсыпIэхэм, хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ зегъэужьыным, страховой пенсэхэм, архив Iуэхум, нэгъуэщIхэми ятеухуа федеральнэ законопроектхэм.
КъБР-м и Парламентым Жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и комитетым и унафэщI Кривко Михаил тепсэлъыхьащ УФ-м тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу КъБР-м щыIэм 2025 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм хэплъа иужькIэ, Президиумым и чэнджэщхэр зэрагъэзэщIам.
Депутатхэм унафэ къащтащ щIыпIэ унафэр зезыхьэ IэнатIэхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетымрэ я лэжьакIуэ зыбжанэм КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр иратыну.
КъБР-м и Парламентым и Аппаратым и лэжьакIуэхэмрэ депутатхэмрэ ящыщу Санкт-Петербург и Хабзэубзыху Зэхуэсым и саугъэтыр зыхуагъэфэщахэм мы зэIущIэм щратыжащ. Парламентхэм я зэпыщIэныгъэр гъэбыдэным хуащI хэлъхьэныгъэр къалъытэу, ЩIыхь тхылъ къыхуагъэфэщащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, абы и къуэдзэхэу Жанатаев Сэлим, Къардэн Мурат сымэ.
Санкт-Петербург и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Бельский Александр и ФIыщIэ тхылъхэр иратащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и депутатхэу Амщокъуэ ФатIимэтрэ Мечукаев Алихъанрэ, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и секретариатым и унафэщI ЦIыпIынэ Заурбэч сымэ. ФIыщIэ тхыгъэкIэ ягъэлъэпIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и чэнджэщэгъу пажэ ФочыщIэ Наталье.
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.