Къуныжьыр зэкIэ ещанэщ

Европэм и Кубокыр дзюдомкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Македонием и къалащхьэ Скопье щекIуэкIащ мы махуэхэм. Абы щызэпеуащ къэрал 42-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 450-м нэблагъэ.

 Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр иIэту зэхьэзэхуэм щыIащ икIи домбеякъ медаль къыщихьащ «Локомотив» клубым и гъэсэн Къуныжь Ролан.

Килограмм 90 зи хьэлъагъ бэнакIуэхэм я деж ди щIалэм зэIущIих щригъэкIуэкIати, тхум щытекIуащ: зэкIэлъхьэужьу и гъуэгум тригъэкIуэтащ Швецием и Хеденблад Джоэл, Венгрием и Миклошвёльдь Даниэль, Египетым и Азаз Мухьэмэд, Сербием и Щоджэн Ислъам дзюдоистхэр.

Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, финалым и Iыхьэ ныкъуэм Ролан къызэтригъэкIуащ и ныбжьэгъу ингуш щIалэ Цечоев Ахьмэд. АдэкIэ, домбеякъ медалым щхьэкIэ Къуныжьым къеныкъуэкъуащ Италием икIа Пиппа Луиджи, ауэ абы и Iуэхум зыри къикIакъым.

ГъэщIэгъуэнращи, килограмм 90 зи хьэлъагъхэм я деж увыпIэхэр псори зыубыдар УФ-м и командэ къыхэхам и спортсменхэрщ. ДзюдомкIэ зэхьэзэхуэхэм апхуэдэу къыщыхъур мащIэ дыдэщ. Мыбдежым Цечоевыр япэ, Малкин Егор етIуанэ щыхъуащ, Ролан хуэдэу, ещанэ увыпIэр Краснодар крайм щыщ адыгэ щIалэ Тыкъуэ Азэмэт иубыдащ.

 Къуныжьым дэлажьэр УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Джэданэ Залымщ.

КъищынэмыщIауэ, медаль бжыгъэхэмкIэ УФ-м япэ увыпIэр зэхьэзэхуэм щиубыдащ, Фраджыр етIуанэщ, Грузиер ещанэщ.

 

Поделиться:

Читать также:

12.10.2026 - 14:32 → Дыщэ медалу тху
12.10.2026 - 14:29 → Спорт хъыбархэр
06.10.2026 - 18:51 → Спорт хъыбархэр
05.10.2026 - 17:00 → Спорт хъыбархэр
04.10.2026 - 16:38 → Спорт хъыбархэр