Тхылъым и лъахэмТхылъыр зи Iэпэгъухэр щыгъуазэщ абы уасэ зэримыIэм, къызэIуих дунейм фIыгъуэшхуэ къызэрыпэкIуэм. Хэти щыгъуазэщ тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм уащыгугъ зэрыхъунур – апхуэдэхэр, зэрыхабзэщи, гупсысэхъуажэщ, зэхуэсыпIэ къалъыхъуэ. ЦIыхухэм я хъуэпсапIэм пэджэжу, Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Къармэхьэблэ дэт библиотекэр къагъэщIэрэщIэжыну, иджырей мардэхэм трашэну траухуащ. Ар тхылъыр зи гъащIэм хэтхэм я зэIущIапIэ хъунущ. Жылагъуэ гъащIэр нэсу къызэгъэпэща хъун папщIэ щIыналъэхэм къэрал программэ зыбжанэ щолажьэ. Щэнхабзэр къэIэтыным, цIыхубэм я дуней лъагъукIэм зегъэубгъуным хуэунэтIа а жэрдэмхэр зытелажьэр щIэныгъэм и закъуэкъым, атIэ ар хуэгъэпсащ экономикэ зыужьыныгъэми, щIыналъэм и шыфэлIыфэри фIы и лъэныкъуэкIэ къэгъэлъэгъуэнми. «Унагъуэ» лъэпкъ программэм и фIыгъэкIэ гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм пэджэж щэнхабзэ жэрдэмми гъуэгу игъуэтащ – библиотекэхэми лэжьэкIэ лIэужьыгъуэщIэ яIэ хъуащ. Мы далэм къуажэ библиотекэм и пэш кIуэцIхэр зэрыщыту къагъэщIэрэщIэж, пхъэбгъу лъэгухэр керамограниткIэ зэрахъуэкI, тхылъ тегъэувапIэхэмрэ техникэ IэмэпсымэщIэхэмрэ щIагъэувэ. Илъэсым и кIэм ирихьэлIэу библиотекэм и теплъэр лъэпкъ пэхуэщIэм иубзыхуа дизайным тету зэрагъэпэщынущ. ТеплъэщIэ зыгъуэта тхылъэщ зыбжанэ Налшык къалэм дэтщ, еплIанэр къызэIуахащ. Иджырей жыпхъэм иту зи бжэхэр щIэрыщIэу къызэIузыхыжыну библиотекэм лэжьэн щыщIидзар 1969 гъэращ. Ар, нэхъапэхэм къызэрекIуэкIам хуэдэу, тхылъ хъумапIэ къызэрыгуэкIыу щытыжынукъым. Библиотекэ дунейми гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм зыдищIынущ. Тхылъыр цIыхум IэщIэмыгъэхуныр, щIэджыкIакIуэхэр зэшэлIэныр, ахэр тхыгъэ дунейм къыщекIуэкIым щыгъэгъуэзэныр библиотекэхэм я къалэн нэхъыщхьэу щытамэ, иджы ахэр жэрдэмыщIэхэр къыщыхалъхьэ, зи Iуэху еплъыкIэкIэ зэтехуэ цIыху гупхэм я зэхуэсыпIэ хъун хуейщ. Библиотекэ лIэужьыгъуэщIэхэри аращ зэрыщытынур. Тхылъ тегъэувапIэхэр сатыру екIуэкIыу пэш щхьэхуэм и утыкум итыжынукъым, ахэр блыным декIуэкIыу кIэрытынущ. Утыкум зэгъэуIуауэ Iэнэхэр итынущ, зыр зым зэран хуэмыхъун хуэдэу зэбгъурыту. Пэшхэм ноутбук зыбжанэ щIэтынущ, хуей хъумэ библиотекэм къыщIыхьэр абыхэм ирилэжьэну хуиту. Нэхугъэр зыщIэз пэшхэм щIэт унэлъащIэхэр зэрыщыту щхъуэкIэплъыкIэщ, уи гукъыдэжыр къаIэту, жэрдэмхэр къызэщIагъэбатэу. ЖыпIэнуращи, псори лэжьыгъэм хуэгъэпсащ. Мыбдеж уи нэгу зыщебгъэужьыным, зыщыбгъэпсэхуным къищынэмыщIауэ, щIэныгъэ лэжьыгъэхэр къыщызэбгъэпэщыну Iэмал щыIэнущ – лекцэхэм укъыщеджэ, мастер-классхэр щызэхэпшэ, дерс гъэщIэгъуэнхэр къыщызэбгъэпэщ хъунущ. «Унагъуэ» проектым нэгъуэщI Iэмалхэр къыует библиотекэ лIэужьыгъуэщIэхэр нэгъэсауэ щэнхабзэ центр хъун папщIэ. Библиотекэм и Iэмалхэр жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къагъэсэбэп хъунущ, цIыхухэмрэ абыхэмрэ щызэрыщIэ, щызэлъэIэс щIыпIэ хъууэ, а щIыкIэм тетуи ахэр тхылъми гъунэгъу яхуищIу. Ауэ, библиотекэхэм дежкIэ нэхъыщхьэр аращи, тхылъ гъэтIылъыгъэхэм къахэхъуэнущ. Мы зэманым абы и фондым тхылъ мин 17-м нэблагъэ хэлъщ. Иджы, пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ, абы тхылъыщIэ защIэу минищым щIигъу къыхагъэхъунущ. Апхуэдэу библиотекэм цIыху минрэ щитIым нэблагъэ йокIуалIэ, абы щIэх-щIэхыурэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкI. Къыхэгъэщын хуейщ зи узыншагъэмкIэ сэкъат зиIэ тхылъеджэхэми гулъытэ хэха зэрагъуэтынур, абыхэм папщIэ лэжьапIэ IэнатIэ къызэрызэрагъэпэщынур. Зи лэжьэкIэм зихъуэжа, зи Iуэху щIэкIэр щIэщыгъуэ защIэу зэхэухуэна хъуа литературэ зэхуэсыпIэхэр хухаша гъуэгущIэм илъэситI-щы хъуауэ тету мэлажьэ, къуажэ библиотекэхэр абы зэрыхуэкIуэри фIыгъуэшхуэщ. ЗэрытщIэщи, тхылъым и дунейм къызэIуих фIыгъуэм цIыхум и гупсысэкIэм зригъэхъуэжын лъэкIынущ, кърит щIэныгъэми щыIэныгъэм и гъуэгу куэд нэрылъагъу щищIынущ. Тхылъ лъахэм зэ ихьам къызэщIэкIуэж иIэкъыми, абы къызэкъуих хъугъуэфIыгъуэхэр нэхъыбэу къызэщIэзыкъуэн къуажэдэсхэри лъэпкъри хъуну ди гуапэщ. ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
06.11.2026 - 12:39 →
БлэкIар ди нобэрей гъащIэм «хэбзэхыкIакъым»
04.11.2026 - 13:00 →
Хуабагъ къызыпкърыкI лэжьыгъэхэр
03.11.2026 - 12:26 →
Псалъэхэм я мыхьэнэр
30.10.2026 - 14:34 →
«Дыгъэм къегъэзэж» гъэлъэгъуэныгъэм
| ||




