Псом нэхърэ нэхъыжьщДунейм къыщекIуэкI щIыуэпс, политикэ къэхъукъащIэхэмрэ ягъэкIэ гулъытэншэу къэнащ щIэныгъэлIхэмрэ археологхэмрэ иджыблагъэ къахута телъыджэр. «Алъандэрэ цIыхум зыхимыщIыкIа», «ПшахъуэщIым къыхэтэджыкIыжа щIыналъэ», «Сахарэ и лъабжьэм щIэлъ къэралыгъуэр» жиIэу тхыгъэ кIэщI цIыкIу зыбжанэ интернет напэкIуэцIхэм къралъхьа мыхъумэ, хэIущIыIущэ мыхъуу яIэщIэкIа хъыбарщ зи гугъу тщIынур… Археологхэм я дунейпсо зэIущIэ зэхашат илъэс зы-тIу ипэ. Абы къыщыпсэлъащ франджы археолог Аль-Абалах Мохаммед. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIамкIэ, абы и археолог гупу Бретаным (Бретани) щыIэ «Tricher-sur-Montagne»-м илъэситху ипэкIэ мылъкушхуэ къратауэ щытащ Сахарэ къумым и лъабжьэм щIэлъу зыхуагъэфащэ къэралыгъуэр къатIэщIыжын папщIэ. Р-75 пшахъуэтI машинэ абрагъуэрэ щIы лъабжьэм щIэлъыр къихутэрэ, абы и картэр зыхэзыгъэувэ ЕХР6000 радиосканерымрэ къащэхури, гупыр лъыхъуакIуэ ежьат. КъыкIэлъыкIуэ илъэситIым къриубыдэу Аль-Абалах и археологхэм кумб 200-м щIигъу къратIыкIащ, ауэ зыкIэлъыкIуар ягъуэтыртэкъым. ИкIэм-икIэжым, Нигер, Алжир, Мали къэралыгъуэхэм я зэпылъыпIэм деж хуэзэу радарым къихутащ метри 3*3 хъууэ, зэпэплIимэ гуэр щIэлъу. Абы и хъуреягъкIэ кумб зыбжанэ иратIыхащ, къэхутэныгъэм хуиту сурэт трахын папщIэ. Мис абы щыгъуэщ археологхэр ухуэныгъэ телъыджэхэм я кIапIэ щытеувар. ЗэрыхуагъэфэщамкIэ, пшахъуэ лъабжьэм метр 40 хуэдизкIэ уеIэбыхмэ, быдапIэ гуэрым и мывэ блынхэр щIэлът, пасэрей къэралъыгъуэ гуэрым и псэуалъэхэмрэ бэзэрхэмрэ зыхъумэр. Ауэ щыхъукIэ, пшахъуэ къызэрылъэлъ Сахарэр сытым дежи апхуэдэу щытакъым, икIи абы и пасэрей щIыуэпс щхъуантIэмрэ псы уэрхэмрэ зы къэхъугъэ гуэрым игъэкIуэдауэ аращ! МазиплIкIэ иратIыхащ пшахъуэр, радиосканерым триха сурэтым ит къэралыгъуэр къалъыхъуэу. ИтIанэщ быдапIэм дэт тхьэ унэм и унащхьэм щынэсар. Унащхьэм кхъуэщын удзыфэ телът, къутаи чаи иIэтэкъым. Ар телъыджэщ, метр 40 зи лъагагъ пшахъуэ зэрытелъар къэплъытэмэ. Кхъуэщынхэр яджа нэужь, щIэныгъэлIхэм жаIащ ахэр градус 2000-м щIигъу мафIэкIэ зэрагъэжьар. Ауэ ар цIыхухэм хуейуэ ягъэжьами, щIыуэпс насыпыншагъэ гуэрым и лъэужьми къахуэщIакъым. Археологхэм унащхьэм гъуанэ ящIщ, видеокамерэ цIыкIу пылъу кIапсэ ирагъэхри, пэш кIуэцIыр къаплъыхьащ, иужькIэ археолог гуп ехащ. Абыхэм къагъуэтащ метри 8 зи лъагагъ пэшышхуэ. Пэшхэм пшахъуэ Iэбжьыби къыщыпхуэмыгъуэтыну къабзэт, блынхэм кIэрытт гъущI бэн зыбжанэ. А бэнхэм хьэдэ дэлъми, хьэпшып гуэрхэр щахъумэми къахуэщIакъым. Бжэкъуагъым сантиметри 140-рэ и лъагъагъыу цIыху хьэдэ къуэлът, пэшыкум пхъэм къыхэщIыкIауэ Iэнэшхуэ итт, абы гъущI пхъуантэ тетт. Абы илът сантиметр 30*30 и инагъыу, миллиметри 3 и пIащIагъыу гъуаплъэ «тхылъымпIэ» 36-рэ. ЛъэныкъуитIымкIи тедзауэ абыхэм тхыгъэ тетт, алъандэрэ цIыхум къитIэщIыжа зы тхыбзэми темыхуэ гуэркIэ тхауэ. ГъэщIэгъуэнракъэ, ирагъэкIуэкIа радиоуглерод анализым къигъэлъэгъуащ бжьэкъуагъым зэфIэсу къуэгъухьа хьэдэ къупщхьэм илъэс мин 26,5-рэ и ныбжьу! ЩIэныгъэм ицIыху дэтхэнэ цивилизацэм нэхърэ нэхъыжьыжу… Абы къикIыр зыщ: Мылылъэ лъэхъэнэм щыгъуэ, Сахарэ къумыр къэмыунэху щIыкIэ, а щIыпIэм ухуэныгъэм, щIэныгъэм, технологие телъыджэхэм хуэIэзэу цивилизацэ щыIащ. Абыхэм гъущIыр яцIыхурт, ар къыщIахыурэ ирилэжьэфырт, уеблэмэ хьэпшып гугъусыгъухэри къыхащIыкIыфырт. Франджы археологхэм а къалэм «Сахарэ и телъыджэ» фIащащ. Пхъуантэм дэлъа тхыгъэхэмкIэ къэдгъэзэжынщи, тIум вагъуэхэм я сурэт тедзат. Швейцарие Альпхэм щыIэ Céleste Tromperie обсерваторэм и лэжьакIуэхэм а жэщ уафэм и картэхэр яджа нэужь жаIащ, илъэс мин 25-30-кIэ узэIэбэкIыжмэ, вагъуэхэр апхуэдэ дыдэу уэгум къищу зэрыщытар. Радиоуглерод IэмалкIэ къахута ныбжьымрэ, астрономхэм къабжамрэ зэтохуэ! Мыдрей тхыгъэхэм итымрэ, ахэр зытеухуамрэ жыжьэрэ-гъунэгъуу къахуэхутакъым нобэр къыздэсым. Иджыпсту абы йолэжь École–des–Imbéciles университетым и щIэныгъэлIхэр. КъызэрыщIэкIымкIэ, мыдрей щIыналъэхэм Мылылъэ лъэхъэнэр щытепщэм, Африкэм гъащIэр къыщибыргъукIыу щытащ зэгуэр! Фырэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
13.10.2026 - 17:58 →
ЩIыналъэм щыхъыбархэр
13.10.2026 - 16:00 →
Къарур имыухыурэ гъащIэр иухащ
13.10.2026 - 14:00 →
Ухуэныгъэхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ
13.10.2026 - 12:26 →
Гупыр зыгъэгуп
| ||




