ФокIадэм и 29, гъубж
♦Гум и дунейпсо махуэщ
♦ТхьэкIумэ, пэ, тэмакъ узыфэхэр зэуэлIахэр зыгъэхъуж дохутырым и дунейпсо махуэщ
♦1807 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ, дзэ къулыкъущIэу щыта Къаз-Джэрий СулътIан.
♦1921 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Хьэбэчыр Умар.
♦1932 гъэм къалъхуащ кхъухьлъатэзехуэ, генерал-лейтенант, Сирием и лIыхъужь Абазэ Мамдухь.
♦1960 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Быдэ Хьэсэн.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 14 - 15, жэщым градус 13 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Гум дэбгъахуэр фэм къеIуатэ.