Нартыхур IуахыжКъэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм нартыху жылапхъэр Iуахыжын щIадзащ. Республикэм и районхэм АПК-мкIэ я управленэхэм зэкIэ къызэратамкIэ, щIыналъэм и мэкъумэш къэкIыгъэ нэхъыщхьэр гектар мини 10,5-м нобэкIэ къытрахыжащ икIи тонн мин 71-м щIигъу хъуащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ нэхъыбэщ ар. КъищынэмыщIауэ, зы гектарым хуэзэу нартыху жылапхъэу ику иту центнер 68-рэ къытекIащ. Нэгъабэ яхузэфIэкIам нэхърэ ари нэхъыбэщ. Мы гъэм нартыхум ирагъэубыдащ гектар мини 117-м нэблагъэ икIи нэгъабэ щIыуэ абы хухахам хуэдизщ ар.
Поделиться:
Читать также:
13.10.2026 - 17:58 →
ЩIыналъэм щыхъыбархэр
13.10.2026 - 16:00 →
Къарур имыухыурэ гъащIэр иухащ
13.10.2026 - 14:00 →
Ухуэныгъэхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ
13.10.2026 - 12:26 →
Гупыр зыгъэгуп
| ||




