ЦIыхур гум къыщридзэкIэГъащIэр псыежэхым ещхьщ. Къыхыхьэм хуэдиз зыхэкIыж щыIэныгъэм сыт щыпфIэмыкIуэдми, къанэр фэеплъращ. Сабиигъуэм щыщ теплъэгъуэу нэгум щIэх-щIэхыурэ къыщIэувэж, гум IэфIу къэкIыж цIыхуфIхэрауэ къысщохъу си гъащIэ гъуэгум уэздыгъэ пкъо хуэхъур: ущие куэд къызахьэлIащ, щапхъэ схуэхъун нэхъыбэж сагъэлъэгъуащ. Си нэгу къыщIоувэж псори, зыри къэмынэу: зи IэфIкIэ зызмыгъэнщIу пасэу сIэщIэкIа си анэ цIыкIур, къысщхьэщыубгъуарэ къысхуащIэмкIэ иримыкъуу дунейм тета си адэшхуэ-анэшхуэр, зи гулъытэ зэи сыщызымыгъэщIа хьэблэ нэхъыжьхэр, щIалэхэр, хъыджэбзхэр… Дэтхэнэр жыпIэн, дэтхэнэм зэуэ утепсэлъыхьын?! Арагъэнщ, сабиигъуэр IэфIщ, щIыжаIари. Сщыгъупщэркъым щIалэгъуалэр пщыхьэщхьэкIэрэ уэрамыщхьэм къыдэкIрэ жэщыбгым нэсыху дыхьэшхымрэ гушыIэмрэ хэту ягъакIуэу щыта зэманыр. Абыхэм я зэхэкIыжыгъуэ хъуху нэхъыжьхэри дыхьэжыртэкъым, къахуеплъэкIрэ пыгуфIыкIыу фIэкIаи зыми зыри жраIэртэкъым… УимыIэжыр къыщыплъыхъуэм деж, гум зехуз, ауэ гъащIэр апхуэдэурэщ зэрыкIуэр, псори чэзущ... Сабиигъуэр щиухынум егупсысакъым ди хьэблэ щIалэгъуалэри. Сыт щхьэкIи егупсысынт: адэ-анэр жьауэу къащхьэщытт, щIалэгъуэм и акъужьыр гуапэу къателъэщIыхьырт, ар дэнэкIи къикIми, зыхамыщIэу къафIэIуэху щымыIэу псэухэрт. Iэджэ гугъэхэр зэIуищэу ди хьэблэм дэсащ зы щIалэ. ЩIалэфI дыдэ. Къущхьэхэ ящыщу, и цIэр Хьэсэдину… Псори дызэреджэр Хьэсэт абы. Иджыпсту хуэдэу си нэгу щIэтщ Къущхьэхэ я куэбжэпэр къызэIуахыу Хьэсэдин и хьэдэр къыщыдашэжа махуэр. ЩIалэ нэIурыту щытар зэрыщымыIэжым уегупсысмэ, щхьэжагъуэ уищIырт. Зэи сщыгъупщэркъым Хьэсэдин щIалъхьэн ипэ и ныбжьэгъухэм ягъэуауэ щыта фочауэ макъхэр, апхуэдизкIэ фIыуэ ялъагъурт, пщIэ къыхуащIырт абыи… Къущхьэ Хьэсэдин къыщалъхуари и сабиигъуэр щигъэкIуари Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэрщ. ЩIалэгъуалэм ар зымыцIыхурэ зи мынэIуасэрэ яхэтакъым, жыпIэмэ пцIы хъунукъым. ЩIалэ жаныр спорт зэмылIэужьыгъуэхэм дихьэхырт икIи къыхэжаныкI зэпытт. КъэжэнкIэ хуэдэ щыIакъым: курыт еджапIэми щIыналъэми спортымкIэ щекIуэкI зэпеуэхэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ ар сыт щыгъуи щытекIуэрт, япэ увыпIэхэр къыщихьырт. Топджэгуми щыапхуэдэт Хьэсэдин. Топыр кърахьэжьакъэ – ар гупым я Iэтащхьэу хахырт. ЩIалэхэм фIыуэ ящIэрт абы унафэр IэщIэплъхьамэ, зыри зэрыхущIемыгъуэжынур – топыр игъэджэгурэ къыдэджэгурэ къыбгурымыIуэу зэригъакIуэрт, зэрыхъуари пхузэхэмыгъэкIыжу гъуэм диутIыпщхьэрт. Хьэсэдин зыхэт топджэгум щызэхэпхыр «Хьэсэ» цIэрат, апхуэдизкIэ абы псори текIуэныгъэкIэ щыгугъырти. Абы иужькIэ къуажэ щIалэхэм дауэ укъамыцIыхунрэт? Сытри ищIыфу IэпщIэлIапщIэт, сыт хуэдэ Iуэхуми пэлъэщырт Хьэсэдин. «И Iэпкълъэпкъыр къоныкъуэкъу», жыхуаIэр абы хуэдэхэрщ. Хадэм илъ лэжьыгъэм къуажэр иужь щихьэм, Къущхьэхэ ейр зыхуей хуэзауэ, къыхэпщIыкIын, къыхэгъэкъэбзыкIын хуейр зэпэщ хъуауэ ирихьэлIэрт. Апхуэдэ дыдэуи губгъуэм щыдэкIкIэ, пашэныгъэр псоми яфIиубыдырт. ГуащIэкIэ и лъэгуажьэгъухэм къахэщ щIалэр зыгуэрым епэгэкIыу е псалъэ жагъуэ яжриIэу зэхэпхынутэкъым. Нэхъыжьхэм екIуу яхэтт, нэхъыщIэхэми щапхъэ яхуэхъурт. Ныбжьэгъухэм яжриIэнрэ яриIуэтылIэнрэ зэриIэм къыхэкIыуи, и ужьым икIыртэкъым. ЕджапIэ нэужьым, Хьэсэдин Бахъсэн къалэм дэт техникэ училищэм щIэтIысхьащ. Хъарзынэуи щеджащ, радиомонтажымкIэ щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ щызригъэгъуэтащ. Училищэр къызэриухыу, щIалэр дзэм къулыкъу щищIэну дэкIащ. Хьэсэдин зыхэхуа дзэ гупым яхэзэгъащ, щIэх дыди зауэ хуэIуэхуэщIэхэм епха щэхухэм Iэижь хуэхъуащ. Зыпэрагъэувэ IэнатIэм щыщIэныгъэ имыIэу зэригъэзащIэм, ныбжьэгъухэм пщIэ яхуищIу, абыхэми дзыхь кърагъэзу зэрыщытым къыхэкIыу, Хьэсэдин мызэ-мытIэу щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ, хъуэхъу тхылъхэр адэ-анэм къыхуагъэхьащ. Куэд дэмыкIыу Хьэсэдин зауэлI къалэнышхуэхэр и пщэ къралъхьэу хуежьащ. Зэкъым икIи тIэукъым «бийр щитIысыкIа щIыпIэм» кIуэуэ тIасхъэ щIихыну абы къызэрыхуагъэфэщар, куэдрэ къыхуихуащ «къахьа бзэгум» щIэлъ щIагъыбзэр зэхигъэкIын, къихута щэхумкIэ «бийр» къыщебгъэрыкIуэну икIи къащытеуэну щIыпIэхэр хэIущIыIу ищIын хуейуэ. А псом еджэныгъэ къалэн яIэурэ къекIуэкIамэ, ахэр и щхьэкIэ игъэунэхун хуейуэ и натIэ илът: Хьэсэдин хузэфIэкIыр зэпалъытри, Нагорный Карабах (КъущхьэтIу сэтейм) щекIуэкI зауэм ядз дзэ гупым хагъэхьащ. ЩIалэм щIэх къыгурыIуащ цIыху гъащIэм и пщIэр зэрыиныр, абы хуэсакъын икIи хъумэн зэрыхуейр. Хьэсэдин дзэм къыщикIыжам ди анэм къыжриIа псалъэхэр псэуху щыгъупщакъым: «Данэпсыр упхрыплъу пIащIабзэщ, псэр Iу бахъэщ зэрыхъур»… ЗэуапIэм къикIыжа нэужь, Хьэсэдин куэдрэ и адэ-анэм ябгъэдэсакъым. Ар пщэрылъ пыухыкIахэр зыщащI дзэм – ОМОН-м – хыхьащ. Зауэр зи нэгу щIэкIа, гугъуехьым ипсыхьа щIалэр лэжьапIэщIэми къыщыхэжаныкIащ. Сыт хуэдэ къалэнми пэжу бгъэдэтт, ар зыхуей хуэзэу имыгъэзэщIауи игу зэгъэнутэкъым. Ар шынэм къыпигуэхэм ящыщтэкъым, ебгъэрыкIуэну фIэкIаи къызэщIэкIуэнутэкъым. ЩIалэщIэм пасэу и псалъэ къалъыхъуэ хъуат. Зыхэтым пщIэ къызэрыхуащIыр къалъытэри, КъБР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и унафэкIэ Къущхьэ Хьэсэдин 1990 гъэм Шэшэным щекIуэкIа зауэзэрылIым ягъэкIуащ. Къэрал гъунапкъэхэр зыхъумэну, гъущI гъуэгухэр зыуплъэкIуну зыхуагъэфэща цIыхуипщIым ар яхэхуащ. 1995 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэ… Гудермес къалэм и гъущI гъуэгу станцым и еханэ плъырыдзэр здэщытым бзаджащIэ гуп щэхуу къекIуэлIащ, цIыхуих-бгъу хъууэ. ПлъырыпIэм къекIуэлIа бзаджащIэхэм сержант Къущхьэ Хьэсэдинрэ абы и гъусэ сержант нэхъыжь Дзэмыхь Ибрэхьимрэ къалъэгъуащ. Гу лъамытэу блэкIамэ, гъущI гъуэгум лагъым щIалъхьэу къагъэуэну арати, гуращэ бзаджэ зыщIахэм щIалитIыр япэуващ, арыххэуи я мурадыр къызэпаудащ. Псэр IэфIщ, жаIэ. Тхьэм ещIэ, асыхьэтым щIалитIым я гум щыщIар зыхуэдизыр, ауэ адыгэ анэм и быдзышэр зэрахьэлэлыр зэрахьа лIыгъэм къигъэлъэгъуащ: щIалитIым къуэгъэнапIэ къалъыхъуакъым, я щIыб къыдэт цIыху лажьэншэхэр ящыгъупщакъым, къалэн къыщащIа Iуэхури ягу ихуакъым. ПсынщIэ дыдэу зэфIэкIа зэхэуэм Ибрэхьим хэкIуэдащ, Хьэсэдин уIэгъэщым нахьэса нэужь и псэр хэкIащ… И лIыгъэм папщIэ Къущхьэ Хьэсэдин ЛIыхъужьыгъэм и орденыр къыхуагъэфэщащ. Илъэс 25-рэ къудейт ар зэрыхъур. МащIэ дыдэщ, ауэ лIы и гъащIэ къигъэщIащ. Адыгэхэм я жыIауэ, зэфэну псыр дяпэкIэт къыщыжэнур, ауэ хьэдэгъуэшэм игъуэ иригъэхуакъым, «къру хужьу уэгум ирихьэжащ…» Хьэсэдин и адэ-анэм – Хьэмидбийрэ Жанпагуэрэ – къатепсыха гуауэр Тхьэм бгъэдалъхьэфащ. ЩIалэм и цIэр лейуэ зэ къраIуэмэ, дамэ къатекIэу, къыщIэна хъыджэбз цIыкIур драхьеймэ гъущIэу, кърахьэхмэ, щIытэу адэкIэ Тхьэм къарита гъащIэ гъуэгум ирикIуащ. Пасэу щхьэгъусэр зыфIэкIуэда Iэминат и нэчыхь псалъэм ноби хуэпэжщ, дунейм ехыжам къыщIэна хъыджэбз цIыкIур – Джульеттэ – и гурыфIыгъуэу. Ахэр Налшык къалэ щопсэу, щхьэж и лэжьыгъэ пэрыту. ЗэрыжаIэщи, зыр лIэкIэ, адрейм зыхуэлIэжыркъым – адэм и цIэр быным и щапхъэу, адэкIэ гъащIэм дахэу зэрыхэтыным хущIэкъуу мэпсэу. Хьэсэдин дунейм щIалэфIу тетащ, зэрыцIыкIурэ и щытыкIэкIэ къилъэща пщIэми хигъэхъуа фIэкIа, бжьизкIэ нэхъ мащIэ имыщIу. Дунейм тетыжкъым ар къэзылъхуа адэ-анэри, щыIэжкъым хьэблэм дэса нэхъыжьыфI куэдри, ауэ щыIэщ гукъэкIыж, япэ ищахэр псэууэ къыпфIигъэщIу, ущытегупсысыкIкIэ, псэлъэгъу къыпхуэхъуу. Хьэсэдин и цIэр зыфIаща уэрамыр цIыхухэм къыхагъэщыху, псэунущи, ар сыт и уасэ… Фэеплъыр лъэужьыфIэщ, жаIэ, ар зейр цIыху тэрэзу дунейм тетамэ. Хьэсэдин и гупцIанагъыр зэи сщыгъупщэркъым, ар си сабиигъуэм къыхэнэжа теплъэгъуэ дахэхэм ящыщу къызолъытэ. Сыщалъхуа хьэблэр хьэблэфIти, щIэблэфI къыдэхъуащ. ДимыIэжхэр дигу къызэрыкIыжым хуэдэу, диIэми пщIэ хуащIу псэуну си хъуэпсапIэщ.
Поделиться:
Читать также:
13.10.2026 - 17:58 →
ЩIыналъэм щыхъыбархэр
13.10.2026 - 16:00 →
Къарур имыухыурэ гъащIэр иухащ
13.10.2026 - 14:00 →
Ухуэныгъэхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ
13.10.2026 - 12:26 →
Гупыр зыгъэгуп
| ||




