Чэнджэщ

Узыншагъэр хъумэным иужьрей зэманым куэдыр топсэлъыхь. А тепсэлъыхь псори зымкIэ зэдэарэзыщ: цIыхум и псынщIагъ-хьэлъагъым куэд елъытащ, шхынымкIэ ухусакъын хуейщ. «Iэпкълъэпкъыр уи гъащIэ псом къыздыбохьэкI. Абы ухуэсакъыпхъэщ сытым дежи. Ар нэхъ хьэлъэху, уи гъащIэри нэхъ кIэщI мэхъу», - жиIащ дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ щIэныгъэлI Глазгоу Арнольд.

ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, лы лейр зэранщ узыншагъэмкIэ, абы узыфэ куэд къегъэхъей.

Си анэшхуэм сытым щыгъуи къыджиIэу щытащ «Лы лейр зэранщ, куэд фымышх, иджыри зы тIэкIу сшхыжынт, жыпIэу Iэнэм укъыпэрыкIыжын хуейщ». ЩIакхъуэ куэду дигъэшхыртэкъым. Нартыху хьэжыгъэм къыхищIыкIырт нэхъыбэм. ЖыпIэнурамэ шхыныр ебгъэлеймэ зэран зэрыхъур ди тхьэкIумэм иригъэкIыртэкъым. Ди нэхъыжьыфIхэм, емыджами, Iущыгъэ зыхэлъ куэд ящIэу щытащ.

Пасэрейхэм зэрыжаIащи, «тшхым къегъэлъагъуэ дызыхуэдэр». «Шхынымрэ узыншагъэмрэ» и тхылъым Америкэм щыщ дохутыр Чейз Алисэ мыпхуэдэу щетх:

«Хущхъуэ нэхъ лъэщ дыдэхэм нэхърэ нэхъ сэбэп къытхуэхъун, дызыхуэныкъуэ куэд хэлъщ ерыскъым. ЦIыхур зэфэмрэ ишхымрэ зэрыкIэлъымыплъым къыхокI ар зэрыпсэуфыну илъэси 150-м щыщу и ныкъуэм нэмысу дунейм зэрехыжыр. Тэмэму гъэхьэзыра мыхъуа шхыным мыгъэкъэбза псыр трифыхьыжурэ, цIыхум и узыншагъэм сэкъат егъуэт. Абы и зэранкIэ къеуэлIа узыфэхэр игъэхъужыну хуейуэ цIыхум зрехьэлIэ хущхъуэкIэ дызэджэ щхъухьхэр».

Ерыскъыгъуэ къэс хэлъщ цIыху Iэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэ куэд, ауэ ахэри мардэ гуэрым тету шхын хуейщ. Зырызахъумэж биохимие зэфIэкI и лъэныкъуэкIэ цIыхум япэ итщ нэгъуэщI псэущхьэ куэд, уеблэмэ зы клеткэ закъуэ фIэкIа мыхъу организмхэри. Абыхэм я Iэпкълъэпкъ мащIэр щахъумэфкIэ, дэ хэт зэран къытхуэхъур? Жэуапыр мыращ: ди дуней тетыкIэм лъабжьэ хуэхъу ди гупсысэкIэрщ ди гъащIэ псор зыубзыхур. Ди Iэпкълъэпкъыр узыншэныр куэдкIэ елъытащ белокхэм. Ахэр аминокислота зэмылIэужьыгъуэ куэду зэхэтщ, абыхэм ящыщу 8-р ди Iэпкълъэпкъым езым къилэжьыркъыми, ахэр ерыскъым хэлъын хуейщ. Абы къыхэкIыу, нэхъ дызыхуэныкъуэхэр зыхэлъхэрщ нэхъыбэу тшхын хуейр. АтIэ, сыт хуэдиз пшхын хуейр? Мы упщIэм йогупсыс шхыныр къызыфIэIуэху дэтхэнэ зыри.

Егъэлеяуэ ушхэныр зэранщ. Фи узыншагъэр фхъумэну, щIалэу фыщытыну фыхуеймэ, фи хьэлъагъэм зэрыхэвмыгъэхъуэным, фи Iэпкълъэпкъыр зэрывгъэкъэбзэным яужь фитыпхъэщ. Сыт щыгъуи фигу ивгъэлъ: Iэпкълъэпкъым лейуэ щызэтрихьэмрэ мардэм щIигъуа хьэлъагъымрэ абы зэран хуохъу: узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхокI, пасэу жьы уещI.

Лы лей зытелъхэм папщIэ IэмалитI щыIэщ: къэуат нэхъ мащIэ зыхэлъ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ нэхъыбэу шхын, IэфIыкIэхэмрэ хьэжыгъэм къыхэщIыкIа ерыскъыхэмрэ нэхъ мащIэ щIын. Мыбдежым хуабжьу сэбэп мэхъу зыгъэмэжэлIэныр, шхэкIэ хэхам тетыныр. Шхыныр зэрыбгъэхьэзыр щIыкIэм куэд елъытащ: гъэвар нэхъ сэбэпщ, гъэжьам нэхърэ.

Ди зэманым шхэкIэ хэхам и хабзэ куэд щыIэщ. Ахэр зэхалъхьащ щIэныгъэлIхэм, дохутырхэм, диетологхэм. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, псори сыт щыгъуи тетыфыркъым зы шхэкIэм. Псом япэ езы цIыхум гудзакъэ иIэн хуейщ, и хьэлъагъым кIэригъэхуну. Ар псом я нэхъыщхьэщ.

Мыри гъэщIэгъуэнщ: ди узыншагъэр зыхуэдэнур, гъащIэм и кIыхьагъыр процент 15-20-кIэ - генетикэм, 20-30-кIэ дыкъэзыухъуреихь дунейм, 40-50-кIэ - ди шхэкIэм елъытащ. Абы нэхъыщхьэу хэлъыр бгъэкIуэд къарум пэкIуэ ерыскъым хуэдиз пшхынырщ.

Пэжщ, шхэнкIэ мардэ зыхуэбгъэувыжыныр гугъущ, ауэ, абы утеувэмэ,  гукъыдэжым зыкъеIэт, Iэпкълъэпкъыр нэхъ псынщIэ мэхъу, псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, узыншагъэр йофIакIуэ.

КЪАН Ринэ.
Поделиться: