Уи бзыпхъэр сэркIэ къыхэхами…«Абазэххэ, беслъэней, бжьэдыгъу, мамхэгъ, жаней, къэбэрдей, кIэмыргуей, мэхъуэш, натыхъуей, убых, хьэтыкъуей, шапсыгъ! Адыгэ лъэпкъым и лъакъуэ пщыкIутIыр зы бзэм, зы хабзэм, зы щэнхабзэм тету къызэдэгъуэгурыкIуащ, и фащэмрэ и ныпымкIэ дуней псом къыщацIыхуу. И пшынэр игъэбзэрабзэу, псынщIэрыпсалъэхэм хуэIэзэу, уэрэдыжьхэр и тхыдэу, гуфIэгъуэм, сабийм и лъэтеувэм иращIэкI хабзэхэр зыми хуэмыдэжу дахэу апхуэдэщ ар. ЗэрыжаIэуи, лъэпкъым и пщIэр зыIэтыр зэрихьэ хабзэращ. Адыгэм и фащэм пщIэуэ хуищIыр щхьэхуэщи, абы и махуэр илъэс къэс фокIадэм и 28-м ягъэлъапIэ. Ди лъэпкъ фащэм теухуауэ куэд пхужыIэнущ, ар нобэ зыдхэри куэду диIэщи, ар узэрыгушхуэнщ. Сыт-тIэ фащэм кIэщIу хужыпIэфынур?! Абы и жэуапымкIэ цIыху зыбжанэ къыддогуашэ: «Адыгэ унэ» тыкуэныр зей, Тыркум къикIыжа IутIыж Мажид: «Фащэр адыгэ унагъуэ къэс илъын хуейщ. Ар лъэпкъым ди теплъэщ, ди мыхьэнэр, ди псэукIэр къэзыIуатэщ. Дэтхэнэ адыгэри пщэдджыжьым гъуджэм щиплъэкIэ зэупщIыжыпхъэщ: «Сыт сэ си щхьэм, сыкъызыхэкIа унагъуэм, лъэпкъым яхуэсщIэфыр? - жиIэу. Абы и псэм хьэкъыу пхыкIын хуейщ зыщыщымрэ зищIысымрэ. Пщэдейрей махуэ диIэн щхьэкIэ ди купщIэр щIэблэм къагурыгъэIуапхъэу къызолъытэ. Лъэпкъ фащэм дызыкIэлъегъэплъыж, ди блэкIар къыдегъэщIэжри, дызэхегъэплъэж. Си фIэщ хъуркъым адыгэ фащэр зэмыкIу лъэпкъым къытхэкIыну. Ар щыптIэгъамэ, уи зыIыгъыкIэри цIыху хэтыкIэри нэгъуэщI мэхъу, нэхъ лъагэ уещI. Фащэм мыхъумыщIагъэ уигъэлэжьынукъым, адыгэ нэмысым, хабзэм утету упсэуну къыпхуегъэув. Сыту жыпIэмэ, абы узэрыадыгэр къеIуатэ икIи ухуэфэщэн хуейщ. Дэ дызэрыгушхуэр ди блэкIаращ. Хабзэр къагупсысащ, хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ дуней псом лъэпкъыр кърагъэцIыхуащ, атIэ иджырейхэм сыт тщIэр?! Дызыщыгугъыр щIэблэращ. «Сыадыгэщ» жыпIэным пщIэшхуэ пылъщ…» Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Бакъ Зерэ: «Ди зэманым дгъэлъапIэ Iуэхугъуэхэм ящыщу адыгэ фащэми гулъытэ зэрыхуащIар къезэгъ дыдэщ. Бзэри, хабзэри, ныпри, адыгагъэри, псори къызэщIиубыдэу щытщ фащэм. Адыгэхэр дуней псом къызэрыщацIыхуар аращ. Ди лъэпкъ фащэр щыгъын дахэ къудейуэ аратэкъым, атIэ ар я дуней тетыкIэт. Фащэм пщIэ хуэтщIыпхъэщ». Модельер цIэрыIуэ Сэралъп Мадинэ: «Илъэси 100 бжыгъэхэм къриубыдэу, дауи, лъэпкъхэм я псэукIэм, Iуэху зехьэкIэм, фащэм, бзэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуащ. Дыхэт иджы дэ нобэ?! Ди зыхуэпэкIэр, макъамэ дызэдаIуэр, ди лъэпкъ гупсысэкIэр тхуэхъума?! Ахэр упщIэ нэхъыщхьэу къызолъытэ ди зэманым. 1915 гъэр къыдощтэри, абы щыгъуэм лъэпкъ IэщIагъэхэр (дыщэидэр, хэдыкIыр, нэгъуэщIхэр) нэгъэсауэ иджыри диIэт. Зэманыр кIуэурэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хэку зауэшхуэм иужькIэ, ди дыщэхэкI хьэпшып куэд ящэжын хуей хъуащ, зэманым хэгъуэщэжащ. 1980-1990 гъэхэм ди лъэпкъ фащэм нэгъуэщI теплъэ къищтащ, я дыкIэкIэ, гъэщIэрэщIэкIэкIэ, фэкIэ. Мыбдежым къыхэзгъэщынут ди зэманым нэхъапэкIэ къэбгъэсэбэп мыхъуну щыта фэ зэмылIэужьыгъуэхэр иджы лъэпкъ фащэхэр щадкIэ зэрызэгуадзэр. Сыхуейт ди лъэпкъ напэр зэрытедмыхыным цIыхухэр нэхъ хущIэзгъэкъуну, гуапэу Кавказым ис лъэпкъхэр зыр адрейм и щэнхабзэм хущытыну. Нэхъыщхьэращи, зыхэдгъэгъуащэ хъунукъым лъэпкъ фащэмрэ утыку дызэрихьэмрэ». Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Къуэкъуей Оксанэ: «Псэм ипэ напэр иригъэщу лIэщIыгъуэ куэдкIэ къэгъуэгурыкIуа лъэпкъым и хьэл-щэным, хабзэм екIуу и лъэпкъ фащэри къигъэщIыжащ. Ар щызытIагъэм абы и къалэным пыщIахэр игъэзэщIэн хуейуэ и пщэрылъщ. Пщащэхэм я фащэр гъэщIэрэщIат, дахэт, къулейт. Ауэ, сыт хуэдизу мыгъэщIэрэщIами, абы лей лъэпкъ хэлъу кIэрыплъагъуэнутэкъым. ЗекIуэ кIыхьым хэту зи гъащIэр зыхь адыгэлIым и гъуэгуанэ мытыншым теухуауэ щытащ абыхэм я фэм илъа адыгэ фащэр. Ар лIы нэсым и дамыгъэт, зыщыгъым и щхьэр лъагэу иригъэIэтрэ щыпкъагъыр къыпкъригъэщу. Адыгэ цейр нэм зыкъыщIэзымыдзэ плъыфэхэм къыхащIыкIырт: морэ, фIыцIэ, щхъуэ хуэдэхэм. ЦIуугъэнэ, щхъуэкIэплъыкIэ жыхуаIэр цейм и бийщ. Дэтхэнэ зы Iыхьэри и пIэм итыжу, тхыпхъэхэмрэ дыпIэхэмрэ зэщIэкъуарэ Iэпкълъэпкъым шэщIауэ итIысхьэу, гъэщIэрэщIэкIэ хабзэхэр зэрыт гъунапкъэм къимыкIыу - апхуэдэт адыгэ цейм и дыкIэ мардэр. Аращ адыгэ фащэр зыщыгъыр егъэлеяуэ зэкIуж щIэхъур. Цейм и лъабжьэ щIэлъ джанэр Iэпкълъэпкъым хуэфIу, бгым иувэу ядырт. И кIыхьагъыр цейр зыщыгъыр къызыхэкIам елъытат: нэхъыбэм сантиметрий-пщIыкIэ лъэгуажьэм къыдэIэбейуэ къагъэувыIэрт, дин лэжьакIуэхэм ящыгъыр нэхъ кIыхьт. Джанэр зыгъэдахэ Iыхьэхэм ящыщт пщэм и лъагагъкIэ, сантиметриплI-хыкIэ дэкIуей пщампIэ лъагэр. Джанэр и гупэмкIэ икIыхьагъкIэ щызэгуокI, и бгым нэс ар щIыIу цIыкIурэ щIыIунэ щхьэхуэхэмкIэ бопхэ, апхуэдэ дыдэхэр Iэм хуэфIу да Iэщхьэм итщ. Джанэм бгъэ жып хуащI хабзэщ, зыфIэфIым бгым и щIагъ-кIи нэгъуэщI жып щIедэ. ЩIалэ цIыкIум цейр япэ дыдэу хуадырт илъэсипщI-пщыкIутI щыхъуам деж. Хьэзырылъэхэр цIыкIу-цIыкIуу зэпыщхьэхукIа жып гупщ, пхъэм е къупщхьэм къыхэщIыкIауэ гынылъэ зырыз иIэжу. Гыныр къежьа нэужьщ ар цейм кIэрадэн щыщIадзар. Хьэзырхэр, нэхъ убгъуауэ жыпIэмэ, «шэ хьэзырхэр», зэман лей имыгъэкIуэду шууейм и фочыр иузэдыну Iэмал иIэн щхьэкIэ щIауэ аращ. Хьэзырхэм я бжыгъэм теухуауэ къэса хъыбархэм жаIэр зэщхьэщокI, нэхъыбэр 8-мрэ 10-мрэ я зэхуакум (зы лъэныкъуэкIэ) къыщобжэ. Ауэ адыгэхэм зэпэмыбжыр нэхъ зэрафIэкъабылым къыхэкIыу, блым е бгъум нэхъ трагъащIэ. Абы къикIыр - лъэныкъуитIри зэхэту пщыкIуплI е пщыкIуий мэхъу. АдыгэлIыр зауэм щыкIуэмрэ гуфIэгъуэ махуэхэм щитIагъэ цеймрэ зэщхьэщыкIыныгъэ иIэт. ЗэуапIэ Iухьэ адыгэлIым и цейм кIэрыда хьэзырылъэхэр нэхъ лъагэу Iэтат. Абыи щхьэусыгъуэ иIэт. Шууейм и зы Iэм шхуэмылакIэр IэщIэлът, адрей IэмкIэ къэуалыр иIыгът. Гыныр иуха нэужь, хьэзырылъэм дзэкIэ кърихырти ар зэрихъуэкIырт. Цейм къыпхугуэмыхын Iыхьэу хэтщ абы щIэпха бгырыпхыр. Бгырыпхым сэшхуэр, кIэрахъуэр, къамэр, зыр зыкIэрагъэзагъэ. Шэрджэсхэм къагъэщIа фащэ екIур Кавказым ис лъэпкъ псоми я зэдай хъуащ, а фащэр ноби зэрахьэ. Абы и щыхьэтщ МэшбащIэ Исхьэкъ «Адыгэ цей» зыфIища и усэ цIэрыIуэм къыхэщ мы псалъэхэр: Уи бзыпхъэр сэркIэ къыхэхами, Зэры-Кавказу ухуэфIыпсщ. Кавказым ис лъэпкъ псоми яфIэдахэу къащта фащэм и пщIэр къэIэтыжыным, ар лъэпкъым убгъуауэ хыхьэжыныр ди пщэрылъщ. Тхыдэ гъэщIэгъуэн, лъырэ нэпскIэ гъэнщIа гъуэгуанэ къызэпызыча ди лъэпкъ мащIэм къигъэщIа фащэр щыгъын къудейкъым. Ар ди лъэпкъым и блэкIащ, и нобэщ, и пщэдейщ!»
Поделиться:
Читать также:
13.10.2026 - 16:30 →
Балъкъ бжьэпэ къыщыхъуа
13.10.2026 - 14:53 →
Пасэрей алыджхэм я гъуазджэм щыщщ
13.10.2026 - 11:05 →
Тхылъымрэ фильмымрэ щызэгурыIуэм деж
12.10.2026 - 12:24 →
«Дакъикъэ ныкъуэ»
12.10.2026 - 12:21 →
Кавказыр я зэхуэзапIэ мэхъу
| ||




