Гъэ къэс фокIадэм и иужьрей щэбэт-тхьэмахуэм е жэпуэгъуэм и япэ зыгъэпсэхугъуэ махуитIым (дызэрыт илъэсым ар фокIадэм и 26 - жэпуэгъуэм и 4 махуэхэращ зыхуэзэр) хэгъэгухэм я нэхъыбэм «Бзухэм якIэлъыплъынымкIэ дунейпсо махуэхэр» зыфIащар щрагъэкIуэкI.
Къуалэхэр фIыуэ зылъагъухэр, я щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэр а махуэхэм щэ бжыгъэкIэрэ йохьэ жыг хадэхэм, макIуэ мэзхэм, зыщаплъыхь чыцэхэм яуфэбгъуа щIы сэтейхэм, губгъуэхэмрэ псыпцIэхэмрэ, хы Iуфэхэмрэ псыхъуэ-ныджэхэмрэ, бзухэм я зэщIэжьуу-зэпсэлъэкIэр, я ушэ макъыр щызэхахын хьисэпкIэ, я зыкъэIэтыкIэ-телъэтыкIыкIэм щакIэлъыплъын папщIэ.
Махуэгъэпсым и зэкIэлъыгъэкIуэкIэмрэ дунейм и щытыкIэмрэ къинэмыщIа, бжьыхьэр къызэрысар къыдэзыгъащIэ нэщэнэхэм язщ бзухэм я бзэрэбзэкIэ-кIиикIэм а лъэхъэнэм зэрызихъуэжри.
ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм щызэхалъхьа «ЦIыхухэмрэ биосферэмрэ» пэхуэщIэм ипкъ иту къэунэхуа «Бзухэм якIэлъыплъынымкIэ дунейпсо махуэхэр» зыфIащар бжьыхьэм и кум щIытрагъэхуар къуалэхэм хэпщIыкIыу зэрызыхуагъэпсырщ щIыпIэ нэхъ хуабэхэмкIэ зэрыIэпхъуэжыным.
Бзухэм гулъытэ щхьэхуэ яхуэщIыным, хуэныкъуэ хъуа иужькIи защIэгъэкъуэным Урысей Федерацэм егугъун нэхъ щрагъэжьар 20-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэрщ. Апхуэдэу, 1910 гъэм курыт школым щылажьэ Бузук Пётр езыр щыпсэу Хортицэ жылэм къыщызэIуихат «ЩIыуэпсыр зыхъумэхэм я зэгухьэныгъэ» зыфIищар. Абы дамыгъэу къыхуигупсысар бзу абгъуэм и сурэтрат. Зэхиша ныбжьыщIэхэм гъатхи бжьыхьи къуалэ цIыкIухэр ягъашхэрт, лъэныкъуэкIэрэ щыпадзэ унэ цIыкIухэр хузэрагъэзэхуэжырт…
1917 гъэм жьапщэшхуэу къыкъуэкIа Революцэ Иным а жэрдэмыр дэкIуэдыжами, къэралыщIэм, зэрызэтеувэу, къыщащтэжат. 1924 гъэм «Юннатхэм я союзпсо зэхуэс» зыфIащу СССР-м щызэхашам биостанц нэхъыщхьэм щезыгъаджэ Дергунов Николай щигъэбелджылат Бзухэм якIэлъыплъынымкIэ махуэхэр къэралым къызэрыщегъэжьэжыпхъэр икIи а пэхуэщIэр Хэкум и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэдащтат.
Ауэрэ здекIуэкIым, 1926 гъэм къыщыщIэдзауэ, СССР-м и зы дэтхэнэ къуэгъэнапIи къыщызэрагъэпэщащ къуалэхэр зыдж щIэныгъэм – орнитологием – дихьэх ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэхэр.
КъыжыIэпхъэщ бзухэм гулъытэ щхьэхуэ хуэщIын зэрыхуейм ехьэлIауэ иджыри зы махуэ ди планетэм зэрыщыIэр. Ар дэтхэнэра жытIэмэ, мэлыжьыхым и 1-р Къуалэхэм я махуэу хэгъэгу куэдым къызэрыщалъытарщ. АбыкIэ пэгъуэкIыр 1894 гъэм къыхэзылъхьауэ къалъытар Америкэм и Штат Зэгуэтхэм хыхьэ Пенсильвание щIыгум ит Ойл-сити къалэ цIыкIум ныбжьыщIэхэм курыт щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэнымкIэ инспектору щылэжьа Бэбкок Чарльзщ.
Илъэсхэр блэкIри, Бзухэм я махуэр ди къэралми къищтащ. 1925 гъэм ар Москва и щIыпIэ зыбжанэм щагъэлъэпIащ. А лэжьыгъэм ныбжьыщIэ мини 5-м щIигъу хэтауэ яIуэтэж. КIэлъыкIуэу, 1928 гъэм, зи гугъу тщIы а махуэм СССР-м щызэщIагъэуIуа апхуэдэ щIыхьэхум зэришэлIа сабий мин 65-м щIигъум бжэндэхъу абгъуэу мин I6-м нызэрыхьэс щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щыпащIат.
Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм зи гугъу тщIы Iуэхур ирагъэтIылъэкIами, 1948 гъэм къыщIадзэжат. 1953 гъэм мы лэжьыгъэм еувэлIащ школакIуэу мелуани 6-м нэблагъэр. Пэжщ, 20-нэ лIэщIыгъуэм и 60 - 70 гъэхэм зи гугъу тщIы щIыхьэхухэм емылIэлIэж хъуат, атIэми Урысей Федерацэм и бзухэр хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэу 1993 гъэм къагъэунэхужар щIэгъэкъуэн яхуэхъури, зи гугъу тщIы мы Iуэхури кърахьэжьэжащ.
ГъэщIэгъуэныр аращи, 1999 гъэм Москва и курыт школхэм щIэсхэм къуалэхэм щхьэкIэ абгъуэ IэрыщIу 600-м нызэрыхьэс зэпкъраIулIат икIи ахэр мэлыжьыхьым и I-м ирихьэлIэу жыгхэм щыпадзат. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым а къалэм и Правительствэм къуалэхэм я махуэр Iэтыныр жылагъуэ пщэрылъу къилъытащ. Армырами, курыт школхэм щеджэхэм, орнитолог зэгухьэныгъэхэм хэтхэм зэхашэ зэпеуэхэр хуэгъэзащ къэкIыгъэхэм, псэущхьэхэм, къризэщIэткъуэжмэ, щIыуэпсым щысхьын, гулъытэ хэха хуэщIын зэрыхуейм.
Бзухэм ялъыгъуэзэнымкIэ дунейпсо махуэхэм къитIасэу ныбжьыщIэхэр щIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэм яшэ. Балигъхэмрэ сабийхэмрэ, зэгъусэу, а пIалъэм къриубыдэу зэрагъэпэщыж псыпцIэхэм тес къуалэхэм я хэщIапIэ цIыкIухэр, пцIащхъуэхэм, бзу гъуабжэхэм, хьэрхьупхэм, бжэндэхъухэм, нэгъуэщIхэми «унэхэр» унащхьэ къуагъхэм, жыг къудамэхэм щыхупащIэ, Iус зытралъхьэ пхъэбгъухэр лъэныкъуэкIэрэ щыкIэраIулIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэтщтэнщи, и къалащхьэм дэт курыт школхэм щеджэхэри гъэ къэс зохьэзохуэ бзухэм псэупIэ щхьэхуэхэр хуащIынымкIи шхапIэ цIыкIу хузэрагъэпэщынымкIи, ахэр нэхъ зыхуагъэфащэхэм деж щыкIэраIулIэнымкIи. А зэпеуэм Налшык и эколог-биолог центрым и гъэсэнхэри хэтщ.
Телъыджэр аращи, Кавказ Ищхъэрэм и кIыхьагъкIэ нэхъапэхэм щомылъэгъуа къуалэбзу лIэужьыгъуэхэми иужьрей гъэхэм мэзхэмрэ жыг хадэхэмрэ уащрохьэлIэ. КъызыхэкIыр жьыуэпсым (климатым) иужьрей зэманым игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэр арауэ къалъытэ. Къуалэхэм я тIысыпIэ-псэупIэу къекIуэкIа мэз кусэхэр, псыпцIэхэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ мэхъу, ухуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм абдежым зыкъыщрагъэIэт, мафIэсхэр къыщагъэхъу.
Апхуэдэу, ди республикэм и къалэхэми къуажэхэми иджы щыдолъагъу бгъэгуплъ, бгъэгуху бзу гъэщIэгъуэныщэхэр. ЗэрагугъэмкIэ, ахэр зауэ зэпэщIэувэныгъэхэр щекIуэкI щIыналъэхэм къилъэтыкIащ. Я ерыскъы къэкIуапIэр ди деж нэхъ къыщызэтена мэз кусэ-мэз Iувхэрщ, ныджэхэм зыщызыубгъужа жыг гуэрэнхэрщ, губгъуэхэм иджыри дызыщрихьэлIэ псы итыпIэхэрщ, хьэсэ кърахьэлIэжахэрщ.