ЩIалэгъуалэм я унэм

Ди республикэм ис щIалэгъуалэм гулъытэ яIэщ. Я хъуэпсапIэхэр къайхъулIэн, я мурадхэм лъэIэсын папщIэ къэралыр зыхуекIуэ Iэмалхэр ди щIыналъэм гъэзэщIа щохъу. НыбжьыщIэхэр зыхэт Iуэхухэр иужьрей зэманым куэду долъагъу. Абы теухуауэ  лэжьыгъэшхуэ щызэфIах ЩIалэгъуалэм я унэм. Илъэсищым щIигъуащ КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэр къызэрыунэхурэ, зи гугъу тщIы унэри абы ейщ. Концерт щагъэлъагъуэ пэшышхуэм цIыху щибгъум нэс щIохуэ. Мыбы  пшыхь, лекцэ, гъэлъэгъуэныгъэ, нэгъуэщIхэри щокIуэкI,  щIалэгъуалэм заужьынымкIэ къащхьэпэн защIэу.  Сыт хуэдэ ди щIэблэм я гупсысэкIэр, нэхъ зыхуэныкъуэр, зыдихьэхыр? ЩIалэгъуалэм я унэм и унафэщI Дзэгъащтэ Азэмэт деупщIащ а псом теухуауэ.

- Сыт нобэ нэхъыщхьэ дыдэу гулъытэ зыхуэтщIыр? ЩIалэгъуалэм хэкупсэ гъэсэныгъэ яIэным. Езы ныбжьыщIэхэм я гум илъщ фIыгъуэ куэд, хэкупсэу щымытуи аракъым. Ауэ а гущIэм щыблэ хэкупсагъэр къэгъэушыным хуэныкъуэщ, ар зищIысыр къагурыгъэIуэн хуейщ.

 Зэщхькъым щIалэгъуалэр. Гушхуахэр, утыкум тыншу ихьэхэр, жьакIуэхэр яхэтщ. Яхэтщ зэфIэкI яIэ пэтми, утыку ихьэну укIытэхэр, я лэжьыгъэр зэи зымыгъэлъэгъуахэр, зи гупсысэ жызыIэну темыгушхуэхэр.  Зэчий бгъэдэлърэ, ар зэригъэлъэгъуэн гушхуэныгъэ хэмылъу гу лъыттэмэ, ар къыдогъэблагъэ, допсалъэ, дызэщIыгъуу тщIэнIауэ тыдогъэгушхуэ. НэгъуэщIу жытIэнщи, утыкум тыншу ихьэхэри абы егъэсэн хуейхэри яхэтщ ди щIалэгъуалэм.

Дрогушхуэ, щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ къэралым щыпашэ щIыналъэхэм дащыщщи. ЩIалэгъуалэ дахэ диIэщ, гъэсэныгъэкIэ дахуэбэлэрыгъын хуэмейуэ аращ. Психологхэр зэхуэтшэсурэ ди щIэблэм я гъэсэныгъэм дытопсэлъыхь, гу зылъыттэн хуейхэр къыхыдогъэщ, хэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ зэщIыгъуу къыдолъыхъуэ, - жиIащ Азэмэт.

ЩIалэгъуалэм я унэм езы ныбжьыщIэхэм папщIэ Iуэхухэм дыщыщIэупщIэм, абыхэм ящыщ   зыбжанэм я гугъу къытхуищIащ Азэмэт.

- ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ министерствэр къызэрыунэхурэ «ЩIалэгъуалэм я щIыналъэ» («Регион для молодых») Iуэхур йокIуэкI. Сыт абы и мыхьэнэ нэхъыщхьэр жыпIэмэ, республикэм и щIыналъэхэм унэжь къамыгъэсэбэпыж бгынэжауэ е ныкъуэкъутэу щыIэмэ, ар щIалэгъуалэ IуэхущIапIэ ящI. ЩIыналъэ щхьэхуэр грант щат зэпеуэм хохьэри, ар къахьмэ, а зи гугъу тщIа унэр къызэрагъэщIэрэщIэжыну ахъшэр къаIэрохьэ. Ар федеральнэ мылъкум къыхокI, зыхуримыкъуIамэ, республикэм дыщIегъу.

ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ министрыр къулыкъум щыпэрыувагъащIэм социальнэ къэпщытэныгъэ щIагъуэ иригъэкIуэкIащ. ЩIалэгъуалэм ящыщу сыт хуэдизыр хэкупсэ, сыт хуэдизыр республикэм щеджэну икIи щылэжьэну хуей, сыт ахэр нэхъ зыдихьэхыр, сыт я гупсысэр зытеухуар, сыт нэхъ зыхуэныкъуэр, республикэм сыт хуэдэ щыщIэныгъэхэр щыIэ щIалэгъуалэ Iуэхум теухуауэ – а псом я щытыкIэр зригъэщIащ. ИкIи ахэр къэлъытауэ лэжьэн щIидзати, фIы и лъэныкъуэкIэ щытыкIэм зригъэхъуэжыфащ. Республикэм и району хъуам щыIэщ щIалэгъуалэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэр. Администрацэхэм къудамэ щхьэхуэхэр къыщызэрагъэпэщащ абы папщIэ. ЩIалэгъуалэ Iуэхум теухуауэ Москва къикIыу дэ къытIэрыхьэ унафэхэм ди еплъыкIэ хэтлъхьэжурэ, районхэм ялъыдогъэIэс. Нэхъапэм мэкъуауэгъуэм и 22-м ирихьэлIэу Налшык, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым деж шэху уэздыгъэхэр щыпагъанэрт. Иджы район къэс а махуэм щокIуэкI фэеплъ пэкIухэр. Бадзэуэгъуэм и иужьрей щэбэтыр щIалэгъуалэм я махуэу игъэуващ ди къэралым и Президентым. Мы гъэм абы теухуа Iуэхухэр щекIуэкIащ Налшыки, республикэм и къуажэхэмрэ къалэхэмри. ЩIыналъэ къэс IуэхуфIхэм хуэпабгъэ щIалэгъуалэ гуп щыIэныр – ар къару лъэщщ республикэм дежкIэ.

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ «Лига лекторов» зыфIэтща Iуэхур. Дзэ Iуэху хэхам щыIахэр къедгъэблагъэурэ щIалэгъуалэм яIудогъащIэ. Зауэр зи нэгу щIэкIа, гъащIэмрэ ажалымрэ я зэхуакум дэтыну къызыхуихуа цIыхум жиIэр нэхъыбэу зыхащIэ ныбжьыщIэхэм.

«Лига героев» жыхуэтIэр сабийхэр зэгъэбэныным теухуауэ. Район къэс гуп къыщызэдгъэпэщащ, дэ дыкIуэурэ зыдогъэбэн, текIуэхэр догъэгушхуэ. СпотрымкIэ министерствэм къызэрегъэпэщ зэпеуэ куэд. «Лига героев» зыфIэтщамкIэ спортымкIэ къыдэтхьэх къудей мыхъуу, гъэсэныгъэми дахутопсэлъыхь. Хэкупсагъэм, цIыхум хэлъын хуей хьэл-щэныфIхэм теухуа упщIэхэри ядот. Я щIэныгъэмрэ я спорт зэфIэкIымрэ зэхыдолъхьэжри увыпIэхэри яхудогъэфащэ,- жиIащ абы.

 ЕхъулIэныгъэ зиIэ ныбжьыщIэхэм щхьэхуэ-щхьэхуэурэ ЩIалэгъуалэм я унэм зэIущIэхэр къащыхузэрагъэпэщ. Ахэр е сурэтыщIщ, е дэрбзэрщ, е IэпэIэсэщ. Арт-резиденцэ щыIэщ щIалэгъуалэм я унэм. Абдежщ зэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэм гъуэгу щратыр, республикэм щыпсэухэм кыщрагъэцIыхур. Сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр, усэ пшыхьхэр, щIалэгъуалэ проект щхьэхуэхэм хухэха зэхуэсхэр къыщызэрагъэпэщ абдеж. - Лъэпкъ Iуэхум, бзэм теухуауэ ЩIалэгъуалэм я унэм щекIуэкIхэри куэд мэхъу. Адыгэ Iуэхум теухуа Iуэхугъуэ зыбжанэ къэдгъэлъэгъуэнщ, псалъэм папщIэ. Абыхэм я гугъу къытхуищIащ Дзэгъащтэм.

- «Щэнхабзэхэм я школ» жыхуиIэ Iуэхур зэхэдублащи, хабзэм, лъэпкъым ятеухуауэ щIэныгъэ зиIэхэр къуажэхэмрэ къалэхэмрэ дгъакIуэурэ абы щыIэ щIалэгъуалэм яIудогъащIэ.

Къэбарт Астемыр «ЩIанэ жанхэр» жыхуиIэ лэжьыгъэр зэрыригъэкIуэкIым куэд щыгъуазэщ. Ди министрым гу лъитат щIалэм и IухущIафэр зэрысэбэпми, и проектыр ди деж щригъэкIуэкIыну, сэбэп дызэрыхуэхъунумк1э зыщIэдгъэкъуэну дызэригуапэр хуэтIуэхуащ, «ЩIанэ жанхэм» щыщ нэтын зыбжанэ ди деж щытрихынущ. Табыщ Мурат и нэIэ нэхъ щIэту Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкIыу щытащ адыгэбзэкIэ «КВН» жыхуиIэ ныбжьыщIэ зэпеуэр. Илъэс зыбжанэ хъуауэ а зэпеуэхэри ди деж щокIуэкI. Анэдэлъхубзэм, литературэ тхыгъэ щхьэхуэхэм щытепсэлъыхьыну хуейуэ зыкъытхуагъазэми, ди бжэр зэIухащи, дэри Iуэхум дыхохьэ, - жеIэ Азэмэт.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

 

Поделиться: