ЩIэ зимыIэ Адыгэ Хабзэ

«Хьэрэ пэт и къуажэжь ибгыныркъым», жаIэ. Абдеж къыщекIуэкI цIыхущIыж кIыщращ илъэс мин бжыгъэхэм лъэпкъым игъафIэри иригъэфIэкIуари, аращ лъапIэныгъэу къалъытэу щIэблэм бгъэдалъхьэри. А кIыщым къыщIаха щэнхабзэ къэгъэщIыгъэращ ди лъэпкъым лъагэу иIэту и цIэр зритыжа Адыгэ Хабзэр къызыщIэкIари. «Хабзэ хэлъщ, ущыгугъыну щытщ» псалъэхэм нэхърэ нэхъыфI щыIэтэкъым ар зыхуагъэфэща цIыхум дежкIэ. Апхуэдэ дыдэуи «Хабзэншэщ, узэрыщыгугъын щыIэкъым» псалъэхэр зрапэсам дежкIэ щхьэкIуэшхуэт.

Хабзэм и далэр изщ, жыхуаIар абы къызэщIиубыдэ мардэ псори гъащIэм къыщыхъу сыт хуэдэ щытыкIэми епхьэлIэфыну Iэмал зэрыщыIэращ, хужыпIэнум гъуни нэзи имыIэу щысэбэпу зэрызэхэтырщ. Арагъэнущ Адыгэ Хабзэм теухуауэ дунейм къытехьэ сыт хуэдэ тхылъри хьэлэмэт дыдэу лъэпкъым щIипхъуатэр. ЦIыху къэс зэрызэмыщхьым хуэдэу, я Iуэху еплъыкIэхэри зэтехуэркъым, зы къэхъугъэм теухуауэ гупсысэ зэхуэмыдэхэр яIэнущ. Адыгэ Хабзэр апхуэдизкIэ лъащIэншэщи, хэт бгъэдэмыхьэми, зы щIэщыгъуэ гуэр къыхелъагъукI, нэхъапэкIэ гу зылъимыта гуэр къыхегъэщ. Хабзэм щыщу утыку къихьэжа щIэр апхуэдизкIэ гуащIафIэщи, гъащIэм хэувэжыну, лъэпкъ дауэдапщэхэм зыхиухуэнэжыну зэфIэкI иIэщ. Апхуэдэущ ар ди пащхьэ къызэрыригъэувэр иджыблагъэ дунейм къытехьа тхылъ телъыджэми. «Адыгэ Хабзэ» – аращ ар зи Iэдакъэ къыщIэкIа щIэныгъэрылажьэ бзылъхугъэм тхылъым ирита фIэщыгъэр.

Тхылъыр зи гуащIэ къихьа Унэрокъуэ Мирэ и цIэр зымыщIэ адыгэ щIэныгъэ дунейм хэту къыщIэкIынкъым. Адыгэ Хабзэр курыт еджапIэхэм Iэмалыншэу щегъэджын хуейуэ жэрдэм япэ дыдэу къыхэзылъхьахэм ящыщщ ар. Ауэ абы къыщыувыIакъым. Псалъэр мэхуалэри, Iуэхур мэхуарзэ, жаIэ. Унэрокъуэ Мирэ 1 – 9-нэ классхэм щеджэхэм папщIэ «Адыгэ Хабзэр» зэрадж тхылъхэр зэхилъхьащ, егъэджакIуэхэр зэрылэжьэн методикэ дэIэпыкъуэгъухэр зэхигъэуващ, щIэныгъэ-егъэджэныгъэ мыхьэнэ зиIэ щIэнIуатэхэр мызэ-мытIэу зэхишащ. Адыгэ къэрал университетым и доценту лажьэкIэрэ, ар Тыркум ирагъэблагъэри, Дюзджэ къалэм дэт университетым Адыгэ Хабзэмрэ лъэпкъ щIэныгъэмрэ щригъаджэу щIидзащ. ПIалъэ кIэщIым къриубыдэу Унэрокъуэм хузэфIэкIащ хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я деж щызэхуихьэсыжа IуэрыIуатэхэмрэ лъэпкъ щIэныгъэмрэ Адыгэ Хабзэр къызэрыхэщыжым теухуа лэжьыгъэ щхьэпэхэр утыку кърихьэну, абыхэм зыхуаша гупсысэхэр тегъэщIапIэ зыхуэхъу къэхутэныгъэ инхэр щIэныгъэм щищIыну. ТхылъыщIэр, пэжыр аращи, Адыгэ Хабзэм ехьэлIауэ хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм къэхутакIуэм кърата гузыхэщIэхэм къадэкIуащ.

Тхылъым и фIэщыгъэм узыIэпишэу, къыумыщтэнкIэ Iэмал имыIэу узэрызыIэщIиубыдэм хуэдэ дыдэу, къыщызэгуэпхкIэ къыщыхьа Iуэхугъуэхэми удахьэхыу зэрыгъэпсами узэщIеIэтэ. ЗэрытщIэщи, лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ адыгэпсэр къызэтенэныр, ар хъумэныр, зегъэузэщIыныр. А IэнатIэм адыгэр хуэпэжу илъэс минхэм къыкIуэцIрыкIащ: IуэрыIуатэми къыхэщри, цIыхугъэр зэрагъэпсри, Адыгэ Хабзэм купщIэ хуащIри арат. Ауэ лъапсэкIуэдыр къыхуэзыгъэкIуа зауэм адыгэхэр зэкъуичу щIы хъурейм трипхъа нэужь, Адыгэ Хабзэм щыщ Iуэхугъуэ куэдыр хутыкъуа хъуащ, ткIийуэ яхъума щысэхэм ящыщ Iэджэр къэлэлащ, уеблэмэ ужьыхыу кIуэдыпа щапхъэхэри мащIэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, зыIэщIэдгъэкI зэрымыхъунур адэ жыжьэу гущIэм зэригъакIуэ гурыщIэу къыддокIуэкI, ар щымыIэжмэ, дэри дызэрыкIуэдынур зэпымычу егъэжьыч.

Зи гугъу тщIы тхылъым и пэублэ псалъэм Унэрокъуэ Мирэ мыпхуэдэу щетх: «Адыгэхэр нэгъуэщI лъэпкъхэм къазэрыщхьэщыкIыр я щэнхабзэ къэгъэщIыгъэ нэхъ ин дыдэр къызэщIэзыкъуэ псалъэр лъэпкъым и цIэм зэрепхарщ: адыгэ – адыгагъэ. Адыгагъэр цIыхур къыщалъхуам къыщегъэжьауэ и дунейр щихъуэжым нэсыхункIэ зэрыгъуазэ хабзэращ. Ар цIыхубэм я IэщIагъэщ, я лэжьыгъэщ, я акъылымрэ я гупсысэмрэ къахэкIа щэнхабзэ щапхъэу езыр-езырурэ зыхуигъэувыжырщ». Дауи, лъэпкъ къэс екIурэ емыкIуу къилъытэм, фIагърэ мыхъумыщIагъэу игъэувым я мардэхэр куэдкIэ зэтохуэ: нэхъыбэм уаущий, фIым ухуаунэтI, ем пэIэщIэ ухуащI. Ауэ лъэпкъыцIэр зытелъ щэнхабзэм и къарур нэхъ лъэщу пIэрэ жыуегъэIэ, абы укъигъэувыIэфу, уигъэукIытэу, узригъэплъыжу зэрыщытым къыхэкIкIэ. «Уадыгэкъэ уэ?» псалъитIым къазэщIаIэтэр зыхуэдизыр дигу къэвгъэгъэкIыжыт…

«Адыгэ Хабзэ» тхылъыр и бжыгъэкIэ 400 фIэкIа мыхъуу дунейм къытехьащ. Ар напэкIуэцI 354-рэ мэхъу, едзыгъуэ 16 къызэщIеубыдэ. КъищынэмыщIауэ, тхыгъэ гуэдзэрэ псалъэгъэнахуэрэ иIэщ.

Лэжьыгъэм и япэ Iыхьэшхуэр Адыгэ Хабзэм и къежьэкIэ хъуам, и мыхьэнэм, къикIуа гъуэгум ятеухуащ. Абы къызэщIеубыдэ Iуэхугъуэ зыбжанэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, мыбдеж ущрихьэлIэнущ «Хабзэм цIыхур и къежьапIэщ», «Адыгагъэр лъэпкъым и лъабжьэщ», «Адыгагъэр лъэпкъыр зэпызыщIэ шхэпсщ», «Хабзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ» фIэщыгъэхэр зыхуэщIа тхыгъэхэм.

«Адыгэм и IуэрыIуатэхэм Хабзэр къадокIуэ. Хэкур анэм хуэдэщ» цIэр зыхуищIа етIуанэ Iыхьэм къиубыдащ Хэку лъагъуныгъэм, псэкупсэ зэхэщIыкIым, Адыгэ Хабзэм я зэхуаку илъ зэпыщIэныгъэхэр къызыхэщ тхыгъэ 13 хуэдиз.

Лъэпкъыр мыкIуэдыжу къызэтезынэ Iуэхугъуэхэм ехьэлIащ «Адыгэхэр къэзыхъумэ Хабзэхэр» зи фIэщыгъэ ещанэ Iыхьэр. Мыбдеж къыщыIэта Iуэхугъуэхэм къыбжаIэ ар тхылъым и курыхыу зэрыщытыр. «Адыгэ Хабзэр, унагъуэр, лъэпкъыр» – фIэщыгъэр зиIэ еплIанэ Iыхьэм Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэу зыбжанэ къызэщIеубыдэ. Ахэр нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ, цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ, Iыхьлымрэ благъэмрэ, пхъурылъхумрэ къуэрылъхумрэ, анэшымрэ адэшымрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэхэмрэ зэрызэрагъакIуэ щIыкIэхэмрэ ятеухуащ. Етхуанэ, еханэ 1ыхьэхэр адыгэ унэмрэ унагъуэмрэ щызекIуэ хабзэхэм нэхъ тегъэщIащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, мыбдеж къыщегъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэр ехьэлIащ зы унагъуэ кIуэцI ис зэрылъхузэрыпIхэм я зэбгъэдэтыкIэм, унагъуэ Iуэхухэр зэрызэтрагуашэм икIи зэрызэщхьэщахым, унагъуэм унафэмрэ хабзэмрэ зэрыщызэрахьэмрэ зэрагъэзащIэмрэ. «Лэжьыгъэр щыIэныгъэм и къежьапIэщ» цIэр зиIэ ебланэ Iыхьэр теухуащ унагъуэм къихъуа щIэблэр лэжьыгъэм зэрыхуагъасэм; абы щымышынэу, гугъуехьхэм япэщIэтыфу, псэуныгъэр къызэригъэпэщу зэрапIым хьэлъ щхьэхуэныгъэхэр къыщызэкIэлъыгъэкIуащ.

Апхуэдэу тхылъым купщIафIэу икIи куу дыдэу щызэпкърыхащ «Адыгэ фащэмрэ Хабзэмрэ», «Гъэсэныгъэмрэ хабзэмрэ», «Муслъымэн динымрэ Адыгэ Хабзэмрэ», «Хьэдагъэ хуэIухуэщIэхэр», «БлэгъэкIэ хабзэхэр», «Адыгэ Хабзэм хэхъухьа зэхъуэкIыныгъэхэр», «Адыгэ Хабзэм иджырей дунейм» фIэщыгъэ зиIэ къэхутэныгъэхэр. Языхэзри дызыщыгъуазэ Iуэхугъуэхэм ятеухуами, нэгъуэщIынэкIэ дызегъэплъыж щапхъэ хьэлэмэтхэмкIэ гъэнщIащ, гъэсэпэтхыдэхэмкIи зэпкърыхащ.

Къэхутэныгъэхэм «Тхыгъэ гуэдзэ» жыхуиIэ едзыгъуэр къакIэлъокIуэ. Адыгэ лъэпкъ щIэныгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, Адыгэ Хабзэм и купщIэр щIэныгъэм къыщызыIэту дуней псом яхэзыгъэIуа Бгъэжьнокъуэ Барэсбий иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм щытопсэлъыхь, абы адыгэ гупсысэм къыхина лъэужьым и гугъу щещI.

«Псалъэгъэнахуэ» зыфIища иужьрей Iыхьэм, фIэщыгъэм къызэрыхэщщи, иджырей адыгэбзэм мащ1э дыдэрэ фIэкIа узыщримыхьэлIэж е хэкIуэдыкIыжыпа псалъэхэм, псалъэ зэпхахэм, гурыIуэныгъэхэм я мыхьэнэр щызэпкърех, псэщIэ щаIуелъхьэж, дунейм къытрешэж.

ЖыпIэнуращи, адыгэгу зиIэ, лъэпкъ щхьэлъытэж зыхэлъ ди лъэпкъэгъухэм я дежкIэ тхылъыр уасэншэщ, бгъэщIэгъуэн куэд хыбогъуатэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуи иIэщ. Ар унагъуэми, еджапIэми, лэжьапIэми щызэрахьэн икIи Iэнэтемых щIэнгъуазэу яIэн хуей тхылъ закъуэтIакъуэхэм ящыщщ. ЩIэныгъэр екIуу щызэкIэлъыгъэкIуа тхылъым и адыгэбзэр къызэрымыкIуэу дахэщ, щIэщыгъуэщ, къабзэщ. УкъэзыгъэуIэбжь псалъэ е нэгъуэщIыбзэхэм къраха жыIэкIэ ущрихьэлIэркъым, бзэм и лантIагъымрэ лъэщагъымрэ уи фIэщ зыщI псэлъэкIэкIэ гупсысэхэр зэкIэлъыхьащ.

ТхылъыщIэр лъапэ махуэкIэ дунейм къытехьэну, абы къыщыIэта Iуэхугъуэхэм жьы Iурыхьэгъуэ ягъуэту лъэпкъ гъащIэм къыхыхьэжыну ди гуапэщ, апхуэдиз гуащIэдэкIыр лъэпкъым тыгъэ хуэзыщIа Унэрокъуэ Мири узыншэу ди япэ итыну, лъэпкъ щIэныгъэм и фIыгъуэбэр зэхуихьэсыжрэ утыку кърихьэжу куэдрэ тхуэузыншэну ди гуапэщ.

Шурдым Динэ.

Поделиться: