Бгырысхэм я джакIуэ

Адыгэ лъэпкъхэм яIа псэукIэмрэ я тхыдэмрэ ятеухуауэ Инэт Кърым-Джэрий итха очеркхэр, статьяхэр тедзэн зэрыщIадзэрэ илъэси 100 ф1ыуэ щIигъуащ. Пушкин, Лермонтов, Белинскэ сымэ я лъэхъэнэгъу Инэт Кърым-Джэрий къыщIэна тхыгъэхэм куэд яхэтщ иджыри я пщIэр мыкIуэдауэ, ди нобэрей тхылъеджэхэм къахуэщхьэпэну…

Адыгей еджагъэшхуэ ХьэдэгъэлI Аскэр зэрыжиIэмкIэ, Кърым-Джэрий тхакIуэ Хъан-Джэрий и къуэш нэхъыщIэщ. Ар Шэрджэсым щыIэ Къудакъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Къыщалъхуа илъэсыр 1805 гъэм худогъакIуэ. А зэманым щхьэ тедубыдэрэ? Езым и ныбжьэгъу А.Н. Муравьев 1847 гъэм фокIадэм и 2-м хуитха тхыгъэм деж улъэпхъэщэн щыщIыдодзэри, къыщалъхуа гъэр къонаIуэ. АтIэ а письмом Кърым-Джэрий къыщегъэлъагъуэ илъэс 18 хъуауэ къулыкъу зэрищIэр.

Иджы, япэ дищынщи, дигу къэдгъэкIыжынщ зы зэман Кърым-Джэрий Бытырбыху щыIэу Кавказ-Бгырыс эскадрон ныкъуэм зэрыхэтар. Къэралым и архив нэхъыщхьэм хэлъ тхыгъэхэмрэ Петин С. и тхылъымрэ къызэрагъэлъагъуэмкIэ, анэмэту урысхэм ирата бгырыс щIалэхэр пэщIэдзэ еджапIэхэм щIашу къулыкъум щыхагъэхьэу щытар я ныбжьыр илъэс 23 - 25-м нэсауэщ. Бытырбыху щагъэкIуам Кърым-Джэрий илъэс 24-м итауэ къыдощтэри, илъэс пщыкIуий къулыкъу зэрищIар абы хыдолъхьэж. Илъэс 42-рэ мэхъу. Дунейм щехыжар 1847 гъэращ. Абы 42-р къыхыдохыжри, къыщалъхуар къыдощIэ – 1805 гъэрауэ къыщIокI. Ауэ ари пэж дыдэу тхужыIэнукъым.

Кърым-Джэрий яхэтащ Урысейм щрагъэджэну япэу ягъэкIуа адыгэхэм. И Iыхьлы Къаз-Джэрий щIыгъуу еджащ. 1829 гъэм хагъэхьащ Кавказ Бгырыс эскадрон ныкъуэм. Зи гуращэр зэтехуэхэр нэхъ зэкIуэгъужэгъу хъу хабзэщ. Кърым-Джэрийрэ Нэгумэ Шорэрэ щIэх зэрыцIыхуу я дзыхь зэрагъэзам шэч хэлъкъым. Ар нэрылъагъущ иужькIэ тIури адыгэ IуэрыIуатэм елэжьу, ар хэIущIыIу ящIу зэрыщытамкIэ.

1830 гъэм пащтыхьым и «щхьэхъумэ» бгырыс гупыр зэуэну Польшэм ягъакIуэ. Адыгэ шууейхэм пащтыхьым хуагъэшащ батэр, а зауэм кIуахэм яхэтакъым дамыгъэ зрамыта е и къулыкъукIэ драмыгъэкIуэтея. Кърым-Джэрий абы къикIыжащ урядникыу.

1832 гъэм хуэпхь хъунущ тхакIуэ А.Н. Муравьеврэ абырэ щызэрыцIыхуар. Къаз-Джэрийуи къыщIэкIынщ а тIур зэзышэлIар.

ПлIыщI гъэхэм и пэщIэдзэм Кърым-Джэрий, хорунжэ хъуауэ, Кавказым ягъэкIуэжри, Кубан къэзакъыдзэм и Iэтащхьэм и канцелярием къулыкъу щещIэ. Абы иритхыкIри, зи гугъу тщIа тхыгъэр Муравьев хуитхащ. Езы тхакIуэм къыщIэнахэм къыхахыжа а тхыгъэр зытеухуам куэд щыгъуазэкъым.

Мыращ абы итыр: «ПщIэ зыхуэсщI зиусхьэн Андрей Николаевич! ЗыкIи къэзмылэжьа хабзэмрэ нэмысымрэ къыскIэлъызепхьауэ сщIэж пэтми, Бытырбыху Моховойм сынэтхэну укъызэрызгъэгугъар япэ зэманым зэрысхуэмыгъэзэщIамкIэ сэ уи деж хуабжьу сыщыкъуаншэщ. Иджыблагъэ Антонович къызжиIэжащ абы хуэптха письмом сэ стеухуауэ псалъэ зыбжанэ зэритыр, атIэ уигу сызэримыхужар апхуэдизкIэ хъуащ си гуапи, си фIыщIэр къызэрысIуэтэн псалъэ схуэгъуэтыркъым. Уи фIэщ щIы уэ къысхуэпщI гулъытэм, сэ абы сыхуэмыфащэ пэтми, егъэлеяуэ сызэрыщыгуфIыкIыр. Апхуэдэу фIыуэ сыкъыщIэплъагъури укъысхуэзэну щIыуигуапэри къызгурыIуэркъым. Хэт ищIэн, жызоIэ, ар тхьэ Iэмырщ; си гъащIэр иузэщIыну, си Iуэхур иунэтIыну абы уэ укъысхуигъэунэхуами ярейщ.

Сыббгъэдэту зэ бжесIауэ щытащ, абы иджыри зэ къытызогъэзэж, генерал Александр Иванович (пщы Барятинскэращ зытепсэлъыхьыр, 1847 гъэм мазаем и 27-м къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей егерь полкым и унафэщIу щытащ) ди унафэщIу щытыху, си гъащIэм щыщу илъэс 18 зэста дзэ къулыкъум сыкъыпыкIыныр щыуагъэ хъунт; ауэ арыншэу дыкъанэ хъужыкъуэмэ, сэри адэкIэ си гъащIэр зэрыхъунум сегупсысын хуейщ, мис абы щыгъуэ япэу си Iуэху зэсхьэлIэнури уэращ, сыту жыпIэмэ уэ зы закъуэращ полкым къыщыздэIэпыкъуфыну сызыщыгугъыну щыIэр.

СщIэркъым щIэх уэрэ сэрэ дызэхуэзэжыфынуми, ауэ, уи фIэщ сыщI, а си гугъапIэр къызэхъулIэмэ, игъащIэкIэ къалэмым къуэш дызэхуищIауэ слъытэнущ, си гур пхуэкъабзэщ, фIыщIэшхуи пхузощI мы дунейм куэдрэ узыщримыхьэлIэж гулъытэр сэ, уэ уи хамэ цIыхум къызэрыслъыбгъэсамкIэ».

Адыгэ щIэныгъэлIыр илъэс куэдкIэ Муравьев пыщIауэ зэрыщытар щыдолъагъу мы тхыгъэм. Езы Муравьев Лермонтовыр фIыуэ ицIыхурт. Пушкиныр зэраукIам теухуауэ итха усэм и иужьрей сатыр 16-м щхьэкIэ Лермонтовыр бэлыхь хэхуэну къезыгъэлари а Муравьев дыдэращ, езым и унэкъуэщ, Ещанэ Отделенэм и унафэщI Мордвиновым елъэIури, а Iуэхур зэман гуэркIэ зэтрауIэфIат. Пушкиным и щыкъу щIалэм къригъэцIыхуауэ, Мордвиновым и нэIуасэт езы Александр Сереевичри. Муравьев щыгъуазэт урыс усакIуэшхуэхэм бгырысхэм я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу ирагъэкIуэкI бэнэныгъэр зэрыдаIыгъым, бгырыс лъэпкъхэр жагъуэу зэрамылъагъум, пащтыхьымрэ абы и пыхъуэпышэхэмрэ Кавказым щызэрахьэ залымыгъэр ямыдэу я макъ зэрагъэIум. Езыми фIэзахуэтэкъым бгырысхэр зэрыдакъузэр, ахэр Iисраф зэращIыр. Кърым-Джэрий хуитх тхыгъэхэм мызэ-мытIэу щыщIэупщIэрт зауэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм, и ныбжьэгъум щелъэIурт зыщыгъуазэ псори хуитхыну. Абы къыдэкIуэуи, Муравьев и нэIэ тригъэту щытащ Кърым-Джэрий щIэныгъэм хилэжьыхьхэм, мор нэхъыфIу тхэ хъунымкIи дэIэпыкъуащ.

ДОХЪУШОКЪУЭ Синэ.
Поделиться:

Читать также: