Пщащэ адыгэпсэхэр

Адыгэ гупсысэр лъэпкъ фащэм езыпх бзылъхугъэхэр диIэщ. Республикэм и пщIэр яIэт апхуэдэ пщащэ IэпэIэсэхэм. Адыгэ фэилъхьэгъуэхэр яд, бзылъхугъэхэм зызэрагъэдахэ тхьэгъухэр, лэрыпсхэр, хъуржын, чысэ цIыкIухэр ящI… Абыхэм ящыщ IэпэIэсэхэм я IэщIагъэм къыхах гурыфIыгъуэм, адыгэ фащэм, тхыпхъэхэм теухуауэ я гупсысэхэр зыхуэдэм фыщыдгъэгъуэзэну дыхуейщ. Шыбзыхъуэ Залинэ, Мэкъуаш Заирэ, Щоджэн Дианэ сымэ республикэм фIыуэ къыщацIыху, нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэрахьэ.

Шишман (Шыбзыхъуэ) Залинэ, «Шишман» брендыр зей:

- Лъэпкъым и теплъэр си гупсысэм хэтщ, – абы екIуу, хуэфащэу щытыным солIалIэ си IэрыкIхэмкIэ. Адыгэхэм я IэщIагъэжь схъумэуи щыткъым – пасэрей лъэхъэнэ лъандэрэ зэлэжьу щыта гуэркъым мы сэ сызыдихьэхар. Адыгэ фащэ зыдхэм, дыщэмрэ дыжьынымрэ елэжьхэм яхъумэ лъэпкъ IэщIагъэр. Сыту жыпIэмэ, ахэр адыгэр сыт щыгъуи зэлэжьу щытащ. Сэ адыгэм и шыфэлIыфэр къызэзыгъэпэщ дамыгъэ щхьэхуэхэр нобэрей ди зэманым тыншу къыщыгъэсэбэпынырщ сызэгупсысыр. Пщащэм и адыгэ фащэм сыт нэхъ нэIурыт дыдэу хэтыр - бгъэIулъхьэр! Арати, а бгъэIулъхьэм и теплъэр иIэу лэрыпс сщIащ. Солэжь тхьэгъу, Iэпщэхъу, бгырыпх, бгъэхэIу хуэдэхэми. ЦIыхухъухэм папщIэ хьэзырым и теплъэр уигу къэзыгъэкI бгъэхэIу сощI, зэманым къезгъэкIуну сыхуейуэ. Щхьэхуэу щыгъын хуумыду, махуэ къэс зыкIэрыплъхьэ хъууэ, сыт хуэдэ фэилъхьэгъуэми екIуу лэрыпс, Iэпщэхъу сщIыну сфIэфIщ.

Дыжьынымрэ дыщэмрэ къыхэщIыкIахэр махуэ къэс зыкIэрилъхьэркъым цIыхум икIи ахэр яхуэфэщэн щыгъын щхьэхуэм щIыгъун хуейщ. Адыгэ фащэр махуэ къэс пхущытIэгъэнукъым нобэ – ар Iуэху гуэрым хухэха хъуащ. Фащэ дахэ ебгъэдынри лъапIэщ - дэтхэнэми ар къищэхуфыркъым. Ебгъэдауи сощI - махуэ къэс щыптIэгъэну Iэмал уиIэкъым. Сэ си IэрыкIхэр зыхуэсщIыр цIыхубэрщ. КъызыхэсщIыкIыр гъущIыпэ къызэрыгуэкIщ. Ауэ, итIани, а гъущIыпэр тэмэму къыхэпхын хуейщ - темыкIыжу, и фэр мыкIуэду. Iуданэри аращ - пкъы щIэтын хуейщ.

Мэкъуаш (Берхьэм) Заирэ, «Макза» брендыр зей:

- СызэрыцIыкIурэ сыадыгэпсэу сыкъыдэкIуэтеящ. Тхыдэр сэркIэ лъапIэщ, щэнхабзэр схъумэну сыхуейщ, щIэблэм хабзэ яхэлъмэ согуфIэ. Мис иджы сэ сыхуейщ икIи слъэкI къэзгъэнэнукъым си быным бзэр Iурылъу, хабзэ-бзыпхъэ хэлъу, адыгэ щэнхабзэр илъытэу къэзгъэхъун папщIэ. Апхуэдизу щэнхабзэ телъыджэ дэ къыддокIуэкIри, абы псори къезгъэхъуэпсэнт, зыхезгъэщIэнт, «сыту екIу» къыхужезгъэIэнт! Сэ си IэрыкIхэр адыгэ щэнхабзэм щIеспхым и зы щхьэусыгъуэщ ди дахагъэр цIыхухэм езгъэлъэгъуну, дызэрылъэпкъымрэ нэгъуэщIхэм дахэзымыгъэгъуащэу диIэхэм дыкъызэрахъумэмрэ зыхезгъэщIэну сызэрыхуейр. ЩIалэгъуалэр куэду дехьэх икIи къыщIоупщIэ сэ здыхэмрэ хьэпшыпу сщIыхэмрэ. Абыхэм къагурыIуэну сыхуейщ ар ди щэнхабзэм къызэрыхэсхар. Псалъэм папщIэ, уи пщэм илъ лэрыпсым е уи щхьэцхэIум тетщ тхыпхъэ гъэщIэгъуэн… НэгъуэщI зыгуэрым абы Iэмал имыIэу гу лъитэнщи, щIэупщIэнщ абы къикIым, и мыхьэнэм. Абыхэм къахэкIынщ тхыдэм хэплъэжын гуэри. Ар IэмалыфIкъэ атIэ! Адыгэм и дежкIэ тхыпхъэм иIэ мыхьэнэми и гугъу сщIынут.... Тхыпхъэм сытым щыгъуи мыхьэнэ иритырт адыгэм. АбыкIэ жаIэнIауэ хэтт пасэрейхэр. Къапщтэмэ, тхыпхъэхэм ящIэлъ гупсысэмрэ пасэрейм ар къызэригъэсэбэпу щытамрэ ямыджа куэд хэлъщ иджыри. Аращ сэ нэхъыбэм си гур тхыпхъэхэм щIетар – «удыгъэ» е «телъыджэ» жысIэн… ущэхуа гуэр къытощ. Псом хуэмыдэу бзылъхугъэм епха тхыпхъэхэр сызыхьэхущ, щIагъыбзэ дахэ зэрыщIэлъыр сигу ирохь.

Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм куэдрэ къысхуатх си IэрыкIхэмрэ щыгъынхэмрэ ящыщ зыIэрагъэхьэну хуейуэ. Америкэм, Инджылызым, Иорданием, Тыркум изогъашэ си IэрыкIхэр. Хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм адыгэ гупсысэкIэ сазэрыдэгуашэм си гум кърелъхьэ гурыфIыгъуэ. «УэщI» зыфIэсща коллекцэ зэуIу сиIэщ. Ар щызэзгъэпэщым сегупсысащ  щIыуэпсым и телъыджагъым къызэреспх хъуну Iэмалым. Дуней дызытетыр зэрыдахэр, цIыхупсэр абы псыхьа зэрыщыхъур къэзгъэлъэгъуэныр си мурадт мыбыкIэ. Сэ сфIэфIщ сыкъэзыухъуреихьым дахагъ хэслъэгъуэну, ар удзу, уафэу, псыуэ щрети. Апхуэдиз дахагъэр уи гум из щыхъум деж, абы уетхьэкъу, уегъэпIейтей, дамэ къыптригъакIэ хуэдэщ. Апхуэдэм деж гупсысэр зыхуэкIуэр уасэ зимыIэщ – псэм къыIэпокIри, IэпэкIэ бощI. Мыпхуэдэу согупсыс: щIыуэпсым псэкIэ пэгъунэгъу хъуа цIыхур IуэхущIафэкIэ дахагъэм етауэ псэунущ, пэжымрэ захуагъэмрэ тетынущ.

Щоджэн Дианэ, IэпэIэсэ, дэрбзэр:

- Сыдэну сфIэфIщ. Дэтхэнэ фэилъхьэгъуэри си псэм къыIэпыкI гуэрщ. Си гур къогуфIыкI сэ зда бостейхэр зейхэм пэзгъаплъэу щызгъэтIылъыжкIэ. Абы есщIылIа лэжьыгъэм сригъэзэшами, си жей згъэныкъуэу сыдами, асыхьэту сщогъупщэж, хьэзыр хъуам сыщеплъкIэ. Нэхъыбэу сылэжьэну сытезыгъэгушхуэ къаруущIи къысхохьэ абы щыгъуэм. Фэилъхьэгъуэр зыIэрыхьэр зэрыщыгуфIыкIыр- щэ! Абы егъэлеяуэ сегъэгушхуэ!

 Адыгэ тхыпхъэхэм сыдехьэх икIи ар анэдэлъхубзэм хузиIэ лъагъуныгъэм къыщежьащ. СызэрыцIыкIурэ си анэдэлъхубзэр фIыуэ солъагъу. Курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ къыдат лэжьыгъэхэри сфIэфIу сщIыжырт. Рассказ кIэщIхэм сыкъеджэрт, усэ цIыкIухэр зэзгъащIэрт. Курыт еджапIэр къэзухыу, къалэм сыкъэкIуа нэужь, гу лъыстащ адыгэбзэм и пщIэр нэхъ мащIэ зэрыхъум. Абы сигъэнэщхъеящ икIи сигъэгупсысащ. Лъэпкъ гурыгъузыр къысхыхьэху, сызэрыадыгэм нэхъри сригушхуэрт. СфIэгъэщIэгъуэнт псори – бзэри, хабзэри, щэнхабзэри, литературэри, макъамэри. НэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэ дунейр си гум из хъуащ. «Щхьэ европей щыгъынкIэ дыерыщ, щхьэ адыгэ фащэкIэ е адыгэ тхыпхъэхэр зыхэт фэилъхьэгъуэхэмкIэ зыдмыхуапэрэ?» - жысIэу сегупсысащ сэр-сэру. Тхыпхъэхэм я щэхухэр си щIэщыгъуэти, ахэри зджын щIэздзащ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: