Пасэрей адыгэ бзылъхугъэм и натIэрКъэбэрдейр XVI лIэщIыгъуэм икухэм - XVII лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм тепщэныгъэ щызекIуэ Хэку лъэрызехьэт. Грозный Иван къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэней (Марие хъуар) нэчыхькIэ Урысейм быдэу пыщIэныгъэ зэригъуэтар, Кърым хъаным зэгъусэу зэрыпэщIэувар, Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьар щыхьэт тохъуэ адыгэпщхэм пщIэшхуэ зэраIам. Апхуэдэ дыдэу адыгэ бзылъхугъэхэм нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэри уеблэмэ къылъыхъурт, я дахагъэмрэ хьэл-щэн екIумрэ ятхьэкъуу. Дызытепсэлъыхь Iуэхум щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэхэм ущрохьэлIэ Сыкъун Хьэсэнрэ Сыкъун Иринэрэ зэдатхауэ щыта «Черкешенка» тхылъым. Абы къыщыхьащ адыгэхэм нэчыхькIэ осетинхэм, дагъыстэнхэм благъэ яхуэхъуауэ зэрыщытар. XVI лIэщIыгъуэм хыболъагъуэ а зэманым щегъэжьауэ адыгэпщхэмрэ уэркъхэмрэ Куржым, Дагъыстэным, Кърымым, Нэгъуейм, нэгъуэщIхэми пщIэрэ щхьэрэ зиIэ я лIакъуэхэм нэчыхькIэ пыщIэныгъэ зэрыхуаIари. ЩIэныгъэлIхэм зэратхымкIэ, XV-XVIII лIэщIыгъуэхэм хэчыхьауэ къащта лъэпкъ 12-м я нэчыхь 58-м щыщу 32-р осетинхэм я алдархэмрэ баделятэхэмрэ (лIакъуэ нэхъыщхьэу щытахэр) епхат, абыхэм щхьэгъусэ яхуэхъуат адыгэ пщыхэмрэ уэркъхэмрэ япхъухэр. XVII лIэщIыгъуэм баделятэхэм я нэчыхьхэм я процент 75-р къэбэрдеипщхэм япыщIат. XVIII лIэщIыгъуэм ар процент 46,6-рэ хъуащ, XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм - проценти 7,7-рэ. Бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ алдархэмрэ баделятэхэмрэ адыгэпщхэм хуаIа пыщIэныгъэр зыхуэдизыр. «Баделятэхэр цIыху IэкIуэлъакIуэт, адыгэхэм гъунэгъу зэрызэхуащIынум зэпымыууэ иужь итт: пщыхэм я бынхэр япIыну къащтэрт, атэлыкъ яхуэхъуу. Апхуэдэуи япхъухэр къашэрт, езыхэми япхъухэр адыгэхэм иратырт». АдэкIэ къумыкъухэмрэ къэбэрдейхэмрэ я гугъу пщIымэ, зы гъунапкъэ яIэу, мамыру зэдекIуэкIырт, я бынхэр нэчыхькIэ зэпащIэрт. Къэбэрдей ЦIыкIум и Щолэхъупщым ипхъухэр, и Iыхьлыхэмрэ и лъэпкъэгъухэмрэ щыщ ирагъэшауэ щытащ Тарковскэ пащтыхьыгъуэмрэ нэгъуэщI Дагъыстэн щIыналъэхэмрэ. Анзорхэ я лъэпкъым щыщ адыгэ бзылъхугъэ щхьэгъусэ хуэхъуат Тарковскэ шамхъал Чополау. А нэчыхьым СулътIан-Мэхьмуд къытехъукIащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, адыгэхэм я цIыхубэ лIыхъужь Къанщобии ипхъу нэхъыщIэр Къумыкъупщым иритат. А зэманым ар сэбэп хуэхъуат лъэпкъ зэхущытыкIэхэр гъэбыдэным. Мудар лъэпкъышхуэм и пщылI куэди къумыкъу мэкъумэшыщIэхэм дэкIуащ. Тхылъым дыщегъэгъуазэ XVI лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм Имеретием ипщ Георгийрэ мегрелхэмрэ гурийхэмрэ я тепщэхэмрэ (куржы лъэпкъхэщ) адыгэ пщы унагъуэ къыхэкIа зэшыпхъуищ къызэрашам, XVII лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм мегрелыпщ Дадиани Леван ЕтIуанэм и къуэм къэбэрдей тет Щоджэныкъуэ Алэджыкъуэ ипхъу зэрыратам. Картлием и пащтыхь Вахтанг VI (XVIII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ) щхьэгъусэ хуэхъуат Къэбэрдей ЦIыкIум я Талъостэныпщым и пхъур. Куржым абы къыщеджэрт «Дыгъэм ещхьу лыд Русудан пащтыхь гуащэкIэ». Апхуэдэурэ къэунэхуа адыгэ-куржы унагъуэхэм адыгэхэм къызэреджэхэр я лъабжьэу пщы унэцIэхэр къэхъуащ - Черкезишвили, Черкезие, Кашакишвили, Ингороква (Инджырокъуэ), нэгъуэщIхэри. «Тхыдэм къызэрыхэщыжщи, кърым хъанхэми адыгэпхъухэр яшэу щытащ. Нэхъыбэу беслъэней адыгэ лъэпкъым щыщхэрт гулъытэ нэхъ зыхуащIыр. Уеблэмэ хъаныгъуэм и политикэ Iуэхухэм къалэнышхуэ щызыгъэзэщIэфа куэд къахэкIащ беслъэней бзылъхугъэхэм. Апхуэдэт Джэрий Жанбэч и анэр», - щытхащ адэкIэ тхылъым. «Адыгэ-франкхэм» ятеухуауэ Дортелли и щIэныгъэ лэжьыгъэми гулъытэшхуэ хуащIащ. Каффэ деж къыщыунэхуа апхуэдэ унагъуэхэр яухуат франкхэмрэ (нэгъуэщIу жыпIэмэ, генуэзхэмрэ нэгъуэщI итальянхэмрэ) адыгэхэмрэ. Франкхэм адыгэ бзылъхугъэхэр зэрашам къыхэкIыу, «франкхэр ди къуэшщ» жыIэгъуэр къытекIащ. Совет, хамэ къэрал щIэджыкIакIуэхэм яфIэгъэщIэгъуэн хъуат Урысей псом зи дахагъэкIэ щыцIэрыIуэ хъыджэбз тхьэIухуду, сурэт зытрахыу иужькIэ революцэр къэсыху дэнэкIи щаща пощт открыткэхэм тращIыхьауэ щытар адыгэ лъэпкъым къыхэкIа Тажджэхэ япхъурауэ зэрыщытар. Ди лъэпкъэгъу Хьэгъундокъуэ Иринэ теухуауэ зы хъыбар: 1985 гъэм щIышылэм и 29-м Париж щыщIалъхьэжащ графиня Ирен дю Люар, Франджым и цIыхушхуэхэм, абы и сэлэт нэхъ хахуэхэм я кхъэм щIалъхьэну щIыхь зыхуагъэфэща цIыхубзыр. Мысырымрэ Тыркумрэ щыпсэуа адыгэ бзылъхугъэхэр мызэ-мытIэу хэтащ ДахагъэмкIэ дунейпсо зэпеуэхэм. Апхуэдэу, тырку адыгэхэм ящыщ Озкая Гюнсалы тIэунейрэ хэтащ ДахагъэмкIэ дунейпсо зэпеуэм. 1932 гъэм япэу, и ныбжьыр илъэс 18-м иту, ар Тыркум и япэ тхьэIухуд хъуащ. ИтIанэ ар щытекIуащ Лондон щекIуэкIа апхуэдэ зэпеуэм. «Удэзыхьэх пщащэ - 1989» дунейпсо зэпеуэу Москва къалэм япэу щрагъэкIуэкIам япэ увыпIэр, текIуам и лентIыр, дыжьын тажыр къыщылъысащ илъэс пщыкIубгъу зи ныбжь студенткэ, Тыркум щыщ Мелтем Хакарар (Хьэкъарэ). Абы и анэшхуэр адыгэ бзылъхугъэт, икIи и Iыхьлыхэм къалъытэрт абы и дахагъэр хъыджэбзым дежкIэ кIуэжауэ. Адыгэ бзылъхугъэм и тхыдэм ущыхэплъэкIэ, ахэр ящэ-къащэхуу зэрыщытами къытоувыIэ зи гугъу тщIы тхылъыр. Апхуэдэ Iуэхухэр ижь-ижьыж лъандэрэ хы ФIыцIэ Iуфэм и ищхъэрэ лъэныкъуэм къызэрыщекIуэкIам, Италие колониехэм пщылIхэр щэнымкIэ ерыщу зэрыщытам дыщегъэгъуазэ. Тэтэр-монголхэм я тепщэныгъэр Кърымымрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ XIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм къыщыщIэдзауэ зэрыщагъэувам IэмалыщIэхэр къахузэIуихат абы и лъэныкъуэкIэ фейдэ зыпылъ сату зэтраублэнымкIэ - тэтэрхэр я гъунэгъухэм зэпымыууэ ятеуэу, яхъунщIэу, цIыху мин бжыгъэхэр гъэру къащтэу. ПщылIхэр щэн-къэщэхунымкIэ абыхэм акъылэгъу къахуэхъуат итальянхэр. Апхуэдэу къащэхухэм куэдрэ къахэкIырт КъуэкIыпIэ Гъунэгъу псом уасэшхуэ зыщIату щыта адыгэ щауэхэмрэ хъыджэбзхэмри. Адыгэ бзылъхугъэр щыплъагъунут Константинопольрэ Самсунрэ, Каир, Александрие бэзэрхэм, Африкэм и къэралхэм: Мароккэм, Тунисым, Суданым, Алжирым, Ливием, Мавританием, Эфиопием, уеблэмэ Мадагаскар. Адыгэ цIыхубзхэм щIэупщIэ щаIэт Европэми: инджылызхэм, франджыхэм я деж. Лэжьыгъэм къыщыхэгъэщащ Октябрь Социалист революцэм апхуэдэ сату напэтехыр къызэтригъэувыIауэ зэрыщытар.
Поделиться:
Читать также:
12.10.2026 - 12:22 →
Урысейм езым и ислъам тхыдэ иIэжщ
06.10.2026 - 13:54 →
Кушыкурэ Мэтрэ тхьэлъанэ зэхуащI
06.10.2026 - 12:26 →
Тхыдэр и тегъэщIапIэт
30.09.2026 - 15:45 →
И лъэкIыныгъэр инт
28.09.2026 - 15:53 →
Зи лIыгъэр тхыдэм къыхэнахэр
| ||




