Бжьыхьэм бгъэтIылъар щIымахуэм къыбощтэж

 ПсалъэщIэхэм ди гъащIэм Iэмэпсымэ къызэрыхыхьар къыдагъащIэ, ауэ жьыуэ къэтлъытэхэм я фIыгъэкIэ, ди япэ итахэр зэрыIэбэу щытахэр къыдощIэж. 
 Псалъэм папщIэ, зи бжэр дымыгъэзагъэ «холодильник»-м щхьэкIэ «щIыIалъэ» фIэщыгъэр къызэрагупсысрэ илъэс бжыгъэ дэкIа пэтми, ар жызыIэр мащIэ дыдэщ. Иджы унагъуэ куэдым щызэрахьэ «морозильник»-м щхьэкIэ, 2021 гъэм къыдэкIа «Урыс-адыгэ псалъалъэ иным» «гъэщтылъэ» псалъэр къыдет. Бзэм унафэ зыхууигъэщIын и хьэлкъым, текIуэнур нэхъыбэрэ ягъэкIэрахъуэрщ. Ауэ мыбдежым «мылэщ» зэрыдиIари къэдвгъэщIэж. 
 «МылэщкIэ» зэджэу щытар, зэраIуэтэжымкIэ, щIыунэм ещхьу къратIыкIа, мыл щызэхуэхьэса кумбырт. Дэгъуэ дыдэу абы и Iуэху зыIутам тепсэлъыхьауэ щытащ «Джэрэз» зыфIэзыщыжа клубыр:
 «Мылэщ – мыл щагъэтIылърэ щахъумэжу щIыпIэ хэхащ, адыгэ псэуалъэхэми ящыщ зы Iыхьэщ. ЩIы унэлъэгум и кум хуэзэу лъэбакъуэфI зэбгъузэнатIэу мащэ иратIыхырт, лIым и бгъэгум нэс и кууагъыу. Мащэр упщIэкIэ кърауфэкIырт, и лъэгум хьэуазэ щIэгъэпща ираудэрти, мыл кIанэшхуэхэр иралъхьэурэ, къыдращIейрт. УпщIэмрэ мылымрэ зэIусэу мылым цы химыуэн папщIэ, я зэхуакум хьэуазэ даудэжырт, и щхьэри апхуэдабзэу зэщIауфэжырти, пхъэбгъу траIубэжырт. ЩIымахуэм псы ежэх къабзэ щтам къыхаха мыл кIанэхэр гъэмахуэр къэсыхукIэ мыткIужу мылэщым хъума щыхъурт. ЛыщIэ, нэгъуэщI шхыныгъуэхэр мыкIуэдын щхьэкIэ, мылэщым ирахьэхырти щахъумэрт, псы зэфэнур зыгъэщIыIэхэри щыIэт. Псом хуэмыдэу, техьэгъуэ (лихорадка) къызэуз сымаджэхэм дежкIэ куэду щхьэпагъэ къыхэкIырт. АтIэ, ди бзэм апхуэдэ фIэщыгъэ («мылэщ») щыхэтакIэ, имыгъуэу пIэрэт «холодильник»-м и пIэкIэ ди псалъэ зетхьэжмэ?» 
 ЩIыIалъэ-гъэщтылъыхэми мылэщми дытепсэлъыхьын хуей щIэхъуар иджырей унэгуащэхэм пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ ягъэфIэIу нэхърэ, ягъэщтмэ, нэхъ къызэращтэрщ. Уеблэмэ «хьэзыр ныкъуэ» жыхуаIэ жыпхъэм иту, ерыскъыхэкIхэр далъхьэри, и шхыгъуэм деж и кIэм нэс япщэфI. Хэт лыбжьэмрэ тхьэвхэкIхэмрэ егъэщт, хэти шыбжий дэгу екудэ, хэти и джэдкъазыр хьэщIэм къызэрыхуащтэнум хуэхьэзыру егъэкъабзэри, мылэщым дегъэзагъэ. Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIхэмрэ зэпыупщIауэ зыдалъхьэ мылэщхэм абыхэм яхэлъ витаминхэри нэхъ хъума щыхъуу жаIэ, псом нэхъыщхьэращи, зэман жэрыжэм улъэщIыхьэну Iэмал къыует. 
 ИтIани, фIэIугъэхэми щхьэпагъ куэд къыхуздахь цIыху Iэпкълъэпкъым. Абыхэм я фIыгъэкIэ, кIэтIийхэм цIыхум и сэбэп зыхэлъ бактериехэр щобагъуэ. Ижь-ижьыж лъандэрэ ягъэфIэIу-ягъэщт хадэхэкIхэм я гугъу тщIынкъым, ауэ сэбэпынагъ куэд зыхэлъ удзхэр щыIэщ, адыгэхэм нэхъ пасэм зэрахьэу щытами, иджырейхэр дыщхьэдэплъыхыу. Апхуэдэхэм язщ нэхъыбэм удзыжьу къэтлъытэ, ди хадэхэм идгъэкъэбзыкI, Хьэкъун Барэсбий и тхылъ цIэрыIуэм («Адыгэ къэкIыгъэцIэхэр) «пкъыуэгын», «шыщIыбгын», «шыщIыбудз», «уIэгъэгын», «щIыпкъынэ» фIэщыгъэхэм щIэту къыщыхьар. АдыгэбзэкIэ цIитху зиIэ а удзыр ди лъэпкъым зэримыхьауэ, и щхьэпагъ имыцIыхуауэ уи фIэщ хъуркъым. УрысыбзэкIэ абы зэреджэр «портулак»-щ. Мы удз къабзэ цIыкIум щIым джафэу зытреубгъуэ, и лъэдийхэр хуэплъыжьыфэу апхуэдэщ. Дыкъевгъаджэт Хьэкъуным абы теухуауэ итхым: «Зы гъэкIэ фIэкIа къэмыкI удз лIэужьыгъуэщ, и лъагагъыр сантиметри 10-30-м нэсу. И пкъыр щIым щылъу къыщыкI къохъу, къудамэ куэд иIэщ. И тхьэмпэхэр Iувщ, цIынэщ, цIыкIущ, хуэхъурей щIыкIэщ, сантиметри 5 я бгъуагъщ. Гъэгъа гъуэжьыфэхэр къудамэ щхьэкIэм, 2-3-уэ зэгъусэу гъэмахуэкум къыпедзэ. И лъабжьэр быдэкъым. ПсэупIэхэм я гъунэгъуу, гъуэгубгъухэм, хадэхэм къыщыкIыу урохьэлIэ. Адыгэхэм хущхъуэу къагъэсэбэп». 
 Пкъыуэгыным и тхыдэр апхуэдизкIэ жыжьэ мэIэбэри, и цIэр пасэрей Мысырми Китайми щахъума тхылъыжьхэм къыхохуэ, къыхагъэщхьэхукIыу къагъэкIын зэрыщIадзэрэ илъэс мини 4-м щIигъуащ. Ипщэ, Азие лъэныкъуэхэм пкъыуэгын пасэм и къудамэхэр шхыным щыхалъхьэ, ар гуакIуэу фIэIу ящIын папщIэ. Мы удзым аскорбин фIэупс, каротин, белок, минерал шыгъухэр, щIыуэпсым къыхэкIа фIэIупсхэр куэду хэлъщ, ахэр псори Iэпкълъэпкъым хуощхьэпэ. Кавказым пкъыуэгыныр цIынэу шхыным щыхаупщIати, щагъажьи, щагъави къохъу, хъудырхэм халъхьэ, уеблэмэ щIымахуэ шхыну ягъэфIэIури, бдзэжьеймрэ лыхэкIхэмрэ я гъусэу яшх. 
 Пкъыуэгыныр фошыгъу узым и лIэужьыгъуэ етIуанэм и хущхъуэщ, абы къыщIахуа псым хьэмцIыракIэхэмрэ накIэгуухэмрэ егъэхъуж, уIэгъэ цIынэхэм е емыкIуэн папщIэ, лъхъумб (йод) папщIэу къагъэщхьэпэ, дзэл къихуами ироIэзэ. Омега-3 жыхуаIэ витаминыр пкъыуэгыным щыкуэдщ. 
 Адыгэбзэм удзым щигъуэта фIэщыгъэхэм уи фIэщ ящI ар пкъыуэми (паралич), шым и щIыбым иреIэзэуи къагъэщхьэпэу зэрыщытар. 
 Ди тхыгъэр щIымахуэ шхынхэм щатедухуакIэ, пкъыуэгыныр зэрагъэщт-зэрагъэфIэIухэми я гугъу дымыщIу къэдгъэнэнкъым. Зыгъэщтыну Iэмал зиIэхэм абы псы къэкъуэлъа щIагъэжрэ ягъэгъущыжмэ, нэхъыфI хъуну жаIэ пщафIэхэм, гуащIагъ лейр щIэкIын хуэдэу. БанкIым изылъхьэнухэм удзым бжьыныхущхьэ зыбжанэрэ лимонрэ дыщIагъумэ, фIэIугъэр нэхъ къызэтенэнущ. Удзым щыщ тIэкIу иралъхьэмэ, къыкIэлъыкIуэ сатыру бжьыныхумрэ лимонымрэ я зэхуакум далъхьэурэ, банкIым из хъуа нэужь, фIэIугъэ псоми зэтехуэу щIакIэ хабзэ фIэIупсыр тракIэж: шыгъу, фошыгъу, псым и куэдагъым елъытауэ, серчэ тIэкIу. Фи унагъуэкIэ, хьэблэкIэ, къуажэкIэ мы удзым е нэгъуэщI гъэщIэгъуэн гуэрым теухуауэ къыджефIэн фиIэмэ, фыкъатхэ, фыкъэпсалъэ, фыкъытхуеблагъэ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: