И лъэкIыныгъэр инт

ТхакIуэ, журналист, щIэныгъэлI Кърым-Джэрий хыщI гъэхэм щыпсэуащ Екатериноградрэ Новороссийскрэ, щылэжьащ «Кубаныдзэ хъыбархэр» газетым. Журналист IэщIагъэм ар тхэкIэм хуэIэзэ ищIащ. Урысейм щыщыIам IуэхуеплъыкIэщIэхэм яжь къыщIихуати, ар Iущ мэхъу, гъащIэм и екIуэкIыкIэр къыгурыIуэу, и дуней еплъыкIэми фIыкIэ зеузэщI икIи, Кавказым къигъэзэжа нэужь, зи акъыл зэтеува, зыхущIэкъури къыпэщытри зэзылъытыжыф лIы абы къищIыкIат. Пэжщ, Кърым-Джэрий «гъащIэм зэреплъу щытар мыращ: ар лIакъуэлIэшхэм я бийт, лъхукъуэлIхэм нэхъ я телъхьэт» жытIэу тхуэукъуэдиинукъым, ауэ, и напэм къызэрыригъэзэгъым хуэдэу, цIыху къызэрыгуэкIхэми яхущытащ.
Дзэ тIысыпIэхэр къыздызэхикIухьым, къызыхэкIа лъэпкъым и культурэмрэ и псэукIэмрэ куууэ здиджым Кърым-Джэрий къыгурыIуэу щIедзэ япэщIыкIэ политическэ хуитыныгъэр къэзэун зэрыхуейр. Кавказ псор пащтыхьым и бжьым къыщIэгъэкIынымкIэ ар япэ лъэбакъуэт. Псом япэ Iуэхуу абы къилъытэрт щIыр тэмэму гуэшыныр къызыдэкIуэну зэхъуэкIыныгъэхэмрэ цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтыныр къызэгъэпэщынымрэ зэгъэхъулIэныр. И лъахэр зыгъэунэхъууи жыхуиIэр пащтыхьым бгырысхэм ядригъэкIуэкI зауэ емынэрат. И щхьэ течауэ ар газетым тридзэу къызэрыхуамыдэнур ищIэти, Кърым-Джэрий хуотхэ Кавказым дзэуэ исым и Iэтащхьэ пщы А.И. Барятинскэм. А тхыгъэм Кърым-Джэрий щылъаIуэрт зауэр гъэувыIауэ, езыхэм яфIэфIу бгырысхэр Урысейм гуагъэхьэну, щIыпIэм щыщыIэ кIыфIыгъэр ягъэкIуэдыну. Тхыгъэр губзыгъэу тхащ фIэгъэнапIэ ящIын ямыгъуэтын, «адыгэхэм нэхъ укъыдощI» къыхужамыIэн хуэдэу. И лъэIум, Iуэхур зэрыщытым и щапхъэхэр куэду къихьурэ, къыщегъэлъагъуэ политикэ и лъэныкъуэкIэ Iущыгъэшхуэ зэрыхэлъыр, зытепсэлъыхьым фIыуэ зэрыщыгъуазэр. Арыншауи наIуэ пхуэщIынутэкъым а зэманым Кавказым щыщыIэ хъуа щытыкIэр. Хуитыныгъэмрэ мамыр гъащIэмрэ яIэу, зэгурыIуэ зэдэIуэжу бгырысхэр псэу хъуауэ илъагъуныр Кърым-Джэрий и хъуэпсапIэт.
Хьэуэ, псори зыщыгъуазэм ириужьгъэ жыIэзыфIэщтэкъым икIи уанэншэ шутэкъым адыгэ тхакIуэр – къиIэт Iуэхухэм игурэ и щхьэрэ хузэтелът. Зауэм теплъэ мыхъу щхьэкIэ, абы «хеящIэ зауэхэр» щыIэн хуейуэ къилъытэрт, сыту жыпIэмэ апхуэдэхэр къытехъеикIырт залымыгъэм, къыщIагъэхъейри хуитыныгъэр я хэкум ирагъэгъуэтын, цIыхухэр зэхуагъэдэн мурадкIэт.
1861 гъэм и пэщIэдзэм Кърым-Джэрий щыIащ Москва. Абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ, литературэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэр щызэригъэцIыхуащ. Кавказым къэкIуэжри, куэд мыщIэу абы газетым трыригъэдзащ «Сэфар-пэщэ шапсыгъыпщыр» зыфIища очеркыр. Ар публицистикэу тха и япэ лэжьыгъэщ, зытеухуари шапсыгъ лъэпкъ цIэрыIуэ Зэнхэ къахэкIа Зэнокъуэ Сэфарбий и гъащIэмрэ игъэхъа Iуэхухэмрэщ. 1830 гъэм Анапэ урысыдзэхэр къыщытеуам, щIалэ цIыкIуу Сэфарбий гъэру яубыд. Одессэ щеджащ, иужькIэ Хы ФIыцIэм Iут къэзакъыдзэм хохьэ. Мазэ зыбжанэкIэ фIэкIа къулыкъу имыщIауэ, щIопхъуэж. 1830 гъэм Сэфарбий адыгэ лIыкIуэхэм я нэхъыщхьэу Истамбыл ягъакIуэ Тыркур зыдагъэIэпыкъун мурадкIэ. Абы здэщыIэм Iэщэрэ гынрэ Шэрджэсым кърегъашэ. Пащтыхьыдзэм пэщIэтыфын къару зригъэуIун папщIэ адыгэ лъэпкъхэр зэгуигъэхьэныр и гуращэу къегъэзэж и хэкум. Абы щIыгъуу Кавказым къэкIуат Венгрием, Польшэм, Грецием, нэгъуэщI къэралхэми щыщ зауэлIхэр. Абыхэм я щхьэр щхьэузыхь хуащIырт лIыхъужьыгъэшхуэ яхэлъу зи щхьэхуитыныгъэр зыхъумэжхэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэм. Ауэ Зэнокъуэм адыгэ лъэпкъхэм я зэхущIэуэныр яригъэухын лъэкIакъым. Щамил и имам Мухьэмэд-Iэмини зэран къыхуэхъуащ. Ар ДагъыстэнымкIэ екъурт, Щамил гухьэн хуейуэ къигъэуву. Сэфарбий дунейм ехыжащ 1859 гъэм. Абы и къуэ Къарэбэтыр и адэр зыхущIэкъуахэр и кIэм нигъэсыну хэтащ, ауэ къехъулIакъым.

 

Iэрыс Iэсият.
Поделиться: