УхуакIуэу къыщIэзыдза уэрэджыIакIуэУрысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Дагъыстэным я цIыхубэ артист Тут Заур и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу мы мазэм. Абы и уэрэджыIэкIэр зэ зэхихауэ зигу дэмыхьарэ, езым хуэзауэ и Iэдэбагъым имытхьэкъуарэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Бгъэдэлъ зэчиймрэ езым и хьэл-щэнымрэ я фIыгъэкIэ ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэригъэхьэу Урысей псом цIэрыIуэ щыхъуа ди лъэпкъэгъу артистыр нобэ щапхъэ зытраххэм ящыщщ, зи творчествэм пщIэ хуащI уэрэджыIакIуэ нэсщ. Заур Бахъсэн къыщежьа и гъуэгум бгъуфIэшхуэу зызэIуихри, дунейпсо утыку иришащ, Iулыдж ин зригъэпэщащ, ауэ щалъхуа жылэжьым къэкIуэж лъагъуэр зэи щыгъупщэркъым. Бгъэдэлъ зэфIэкIым емылъытауэ, хуабжьу хэкупсэщ Тутыр, адыгэбзэр егъэшэрыуэ, адыгэ хэкур фIыуэ елъагъу. «Адыгэбзэм увыпIэшхуэ щиубыдащ абы. ЕплIанэ классыр къэдухыху дызэреджар адыгэбзэщ, етхуанэм дыщыкIуам зы урысыбзи тщIэтэкъым. Ауэ сабийм псынщIэу псори къипхъуатэкъэ, зы гугъуехьи къыхэмыкIыу урысыбзэри зэзгъэщIэжат. А лъэхъэнэм щыIа егъэджэныгъэ ухуэкIэм сыхуэарэзыщ, абы и фIыгъэкIэ си бзэм шэрыуэу сропсалъэ. Бзэр псэунрэ мыпсэунрэ зэманым къигъэлъэгъуэнщ, ар Iуэхугъуэ куэдым елъыта къиинщ. Ауэ гур игъэкIуэдыркъым адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыбзэу зэрыщагъэувам», - жеIэ Заур. Тутым и сабиигъуэм макъамэм нэмыщI спортми дихьэхырт. Къуажэ щIалэ цIыкIухэм я дежкIэ футболратэкъэ спорт хъужыр?! Еджэнымрэ унагъуэ къалэнхэмрэ къащыдэхуэм губгъуэм лъапцIэу топ къыщрихуэкIырт. КъэжьыхьынкIэ ирикъумэ, бахъсэныпсым зыхадзэрт, тутей мэракIуэкIэ затIыжырт. Пэжым ерыщу и телъхьэу щытащ уэрэджыIакIуэр. Классибл нэужьым, илъэс къэс гъэмахуэ мазищым ухуакIуэу лажьэрт. Бахъсэн ухуакIуэ бэлыхь дэсащ Марченкэ Ваня. Абы унэ куэд дищIыхьащ а лъэхъэнэм къуажэм. Хуабжьу IэкIуэлъакIуэт. Заури абы и гъусэу лажьэрт, раствор зыхищIэрт, чырбыш, блок хуэдэхэр кърихьэкIырт. Уеблэмэ, иджыри Бахъсэн дыхьэжа нэужь, Ваня и гъусэу тщIа унэхэр къецIыхуж… «Дауэ тIэ, музыкэ лъагъуэм узэрытехьар?» жысIэу сыщеупщIым мыр къызжиIащ: - IэщIагъэ схуэхъунур къыхэсхын хуей щыхъум, япэу сызэгупсысар дохутыр IэщIагъэращ. Сехъуапсэрт абы, си анэ закъуэри сымаджэрилэти, абы сытым дежи дэIэпыкъуэгъу сыхуэхъуфу сыщытыну сыхуейт. АрщхьэкIэ, школым зы егъэджакIуэфI диIащ дэ аккордеонист бэлыхьу. Абы Налшык къалэ дэт Музыкэ училищэм сыщIэтIысхьэну чэнджэщ къызитащ, гу лъитауэ къыщIэкIынт зэчий гуэр зэрызбгъэдэлъым. Абы куэдрэ классым я пащхьэ уэрэд щыжызигъэIэу щытащ. СукIытэт, ауэ сфIэфIт. СедэIуащ си егъэджакIуэм и чэнджэщым. Зы цIыхум ямыщIэу Налшык сыкIуэри, Музыкэ училищэр къэзгъуэтащ, сызэрыщIыхьэуи Хьэсанэ Мусэ сыхуэзэри (арат унафэщIыр) къызэдэIуащ, Магомаевым и уэрэдхэм щыщ жесIащ, адыгэ уэрэди згъэзэщIащ. «Уи тхылъхэр къэхь», - жэуапу къызитащ абы. Мис абдеж къыщыщIидзащ, зи гугъу пщIы лъагъуэм, Замирэ. ЗэрысщIэжрэ, макъамэм си гур хузэIухащ, уеблэмэ, сыкъэзыухъуреихь дунейр абы еслъытурэщ зэрызыхэсщIэр. Псыпэр зэрыжэм псыкIэр ирожэ жыхуаIэращи, лъагъуэр къэбгъуэта хъуамэ, гъуэгу хэпшынри гугъужкъым. Налшык къыщыщIэздза щIэныгъэр, Москва щыпысщащ, ауэрэ Урысей утыку сихьащ. Псоми ящIэ Заур гу къуэпс быдэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм зэрыпыщIар. Тутхэ я нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, ар зэрыцIыкIурэ и лъэпкъым и блэкIам, и тхыдэм дихьэхырт. БалигъыпIэ иува нэужь, абы теухуа тхылъхэр, ди щIэныгъэлIхэм я IэдакъэщIэкIхэр щIиджыкIыу хуежьащ. «Зы лъэпкъи щыIэкъым, къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм фэбжь темылъу, абы елъытамэ, адыгэ тхыдэм и фэбжьыр нэхъ куущ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы щыгъуазэр мащIэщ. Ди тхыдэр зыщIэр щIэныгъэлI-тхыдэджхэмрэ езы адыгэхэмрэщ. Абы къыхэкIыу, ди щхьэ егугъужын хуейр дэращ. ДызэныкъуэкъукIэ, зыгуэрым дыпэщIэувэкIэ зыри къэтхьынукъым», - къыддогуашэ и гупсысэхэмкIэ Заур. Урысей Федерацэм и цIыхубэ артисту щыту, щхьэзакъуэ утыкум есауэ цIэрыIуэу, Театр гъуазджэмкIэ Урысей академием щригъаджэу, кIуэаракъэ, творческэ щыгум иту, 2005-20I3 гъэхэм КъБР-м и Iэтащхьэу лэжьа Къанокъуэ Арсен хуегъэлъагъуэри, Заур ди республикэм щэнхабзэмкIэ министру къокIуэж. Щэнхабзэм и щытыкIэр щымыщIагъуэ, къуажэ клубхэр щымылажьэ, библиотекэхэр щызэхуащIыжа лъэхъэнэм, гугъуехьыр щыкуэд IэнатIэм ущыунафэщIыну тегушхуэгъуейт. Ауэ Тутыр гугъуехьым къыпикIуэту есатэкъым. «Къанокъуэ Арсен езым къыдэлэжьэн гуп зэхуишэсырти, Щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ министерствэм и унафэщIу сыкъакIуэмэ зэрыфIэигъуэр къыщызжиIэм, тIэкIу Iэнкун сыхъуащ. Сэ зыхэсщIэрт си пщэм къыдэхуэ жэуаплыныгъэр икIи Арсен дэсIыгъыну сыхуейт. Ар куэд щIауэ си ныбжьэгъут, си концерт нэхъ инхэр Москва и пэш нэхъыфIхэм щыстынымкIэ сэбэп къысхуэхъурт ар сыт щыгъуи. ИужькIэ гу лъыстащ ар хьэрычэтыщIэ лъэрыхьу зэрыщытым и мызакъуэу зэрыхэкупсэми. Сэ абы и гъусэу илъэсищрэ ныкъуэкIэ министру сылэжьащ. Ар гъащIэ дерс схуэхъуа лъэхъэнэщ жысIэмэ, сыщыуэнукъым. Щэнхабзэм и щытыкIэр ст щыгъуи зэлъытар къэрал политикэм и ухуэкIэрщ. Дауи, Урысей Федерацэм и зы хэгъэгур къапщтэу, «щэнхабзэ жэнэт» щыбухуэфынутэкъым. Ди жагъуэ зэрыхъущи, къэралым зэхъуэкIыныгъэхэр щыщекIуэкIа лъэхъэнэм, щэнхабзэми жьэхэуащ ныкъусаныгъэхэр, щэнхабзэ IуэхущIапIэ куэд къэрал унафэм щIэкIащ. Абы къыхэкIыу гугъущ иджыпсту илъэс мин бжыгъэхэм къыпхаха щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ пхъумэну. ИтIани ди министерствэм зы илъэсым къриубыдэу щэнхабзэр зыхуей хуэзэу зэфIэгъэувэжынымкIэ цIыхухэр къигъэгугъакъым, атIэ ди адэжьхэм къащIэна псэкупсэ къулеигъэр хъумэныр, адэкIэ зегъэужьыныр и къалэн нэхъыщхьэу лэжьэн щIидзащ. Псом япэ идгъэщырт тхакIуэхэм, композиторхэм, сурэтыщIхэм, архитекторхэм я зэгухьэныгъэхэр, ахэр къэбгъэсэбэпкIэрэ щэнхабзэм и унэтIыныгъэ псоми улъэIэсыфынут. Иджыпсту кIыхь хъунущ абы махуэ къэс лэжьыгъэу щедгъэкIуэкIар къеббжэкIын щIэбдэзэмэ. ФIыщIэ яхузощI зи акъыл къыстехуэу къыздэлэжьахэм, си зэфIэкIым къыщыгугъыу сезыгъэблэгъа Къанокъуэ Арсен. Абы республикэм куэд хуищIащ, ди министерствэм и лэжьыгъэми куэд къыхилъхьащ», - жеIэ абы. Нобэ жылагъуэм, цIыхубэм и гупсысэкIэр нэгъуэщI хъуащ, абы щэнхабзэми и пщIэри игъэлъахъшэу къыпщохъу. Заур зэрыжиIэмкIэ, блэкIам къыщIэна а гурыщIэ, гупсысэ псори и кIэм нэс кIуэдауэ жыпIэ хъунукъым. «Ди насыпщи, дуней псом къыщацIыху литературэ, хамэ къэралхэм щедаIуэ музыкэ диIэщ. Мис ахэр дгъэкIуэд мыхъун беягъэщ. Иджырей технологиехэм я фIыгъэкIэ щIы хъурейр зэпыщIа хъуащ иджыпсту. Ар икъукIэ щхьэпэщ, ауэ зэрани къыхокI. Къапщтэмэ, зауэмрэ мамырыгъэмрэ, зыужьыныгъэмрэ кIуэдыжыгъуэмрэ, цIыхугъэмрэ цIыхугъэншагъэмрэ зэгъунэгъущэщи, дэтхэнэр япэ ищынуми къыпхуэщIэкъым. Абы къыхэкIыу, лъэпкъкIэ, динкIэ зэтемыхуэ цIыхубэр щэнхабзэкIэ зэпыщIэн хуейщ, аращ абыхэм я зэгурыIуэныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ къызыпэкIуэнур. Щэнхабзэр ар Iэмал гъуэзэджэщ дунейм нэхъыфIу тетыр ирипхъумэну», - къыхегъэщ уэрэджыIакIуэм. Заур, къыщалъхуа республикэм къэзышэжхэм ящыщщ и ныбжьэгъухэр, Москва щIыщыпсэуфыр зи фIыгъэхэм ящыщщ абы щиIэхэр. Абы я гугъу къытхуищIащ и гъащIэ гъуэгуанэр къыдэзыгъэпсынщIэу, щIэщыгъуэ къыщащIу къыбгъэдэт и ныбжьэгъухэм. «Дэтхэнэ цIыхуми ныбжьэгъуншэу къигъащIэ гъащIэр насыпыншэщ. Ныбжьэгъу пэжыр куэд хъуркъым, жаIэ. Ар пэжщ. Псом хуэмыдэу илъэсхэр кIуа нэужьщ ар къыщыпщIэр. Си насыпщи сэ ныбжьэгъуфIхэр сиIэщ, къищынэмыщIауэ, сызыхэзыщIыкI, сыкъызыгурыIуэ, фIыуэ къысхущыт, сызыхущыт цIыхугъи си куэдщ. Дауи, япэ къыхэзгъэщынур, фэ фIыуэ фцIыхуу щыта уэрэдытх Жырыкъ Заурщ. Абырэ сэрэ Налшык училищэр къызэдэдухат, илъэс I8 ныбжьым диту уэрэд зэдэттхат, студентыгъуэм и IэфIыр зэдэдгуэшат. Апхуэдэу си ныбжьэгъуфIщ композитор цIэрыIуэ, Iуэхугъуэ куэдым хуэIущ ХьэIупэ ДжэбрэIил. ХьэIупэм езым итха усэ къеджэу уедэIуэным уасэ иIэкъым, адрей ищIэ къомым къищынэмыщIа. Абы и адыгэбзэ шэрыуэм хуэдэ зыIурылъ куэд диIэкъым. Си хэкужь щыщу ныбжьэгъуфIхэщ Ацкъан Руслан, Къуныжь Хьэчим, Црым Руслан, нэгъуэщIхэри. Адыгейм щыщу си ныбжьэгъушхуэщ Хъуэт Заур, Хъунэгу Рашид сымэ. МосквакIэ уIэбэмэ, хуабжьу си ныбжьэгъуфIу сиIащ икIи сыщыкIуагъащIэм къыздэIэпыкъуащ музыкант Михайлов Александр, ар машинэ зэжьэхэуэм хэкIуэдауэ щытащ. Пахмутовэ Александрэ, Добронравов Николай сымэрэ сэрэ ди зэдэлэжьэныгъэм ныбжьэгъугъэ кърикIуауэ жыпIэ хъунущ. Си гур хэзыгъахъуэхэм ящыщщ ахэр. Къапщтэмэ, си творческэ гъуэгуанэм лэжьыгъэ IуэхукIэ сыщрихьэлIэу, ныбжьэгъу схуэхъуахэр куэд мэхъу. Ахэр зэи сIэщIэужэгъуэнукъым, си щхьэкIэ дэтхэнэ зыри си дежкIэ лъапIэщ, узыншагъэ быдэ Тхьэм къарит, Iуэхугъуэ дахэкIэ Тхьэм дызригъэхьэлIэ», - жеIэ Заур.
Поделиться:
Читать также:
13.10.2026 - 16:30 →
Балъкъ бжьэпэ къыщыхъуа
13.10.2026 - 14:53 →
Пасэрей алыджхэм я гъуазджэм щыщщ
13.10.2026 - 11:05 →
Тхылъымрэ фильмымрэ щызэгурыIуэм деж
12.10.2026 - 12:24 →
«Дакъикъэ ныкъуэ»
12.10.2026 - 12:21 →
Кавказыр я зэхуэзапIэ мэхъу
| ||




