Адыгэхэм я хьэдэщIэлъхьэр

Адрей лъэпкъхэми хуэдэу, адыгэхэм я фIэщхъуныгъэр мажусий диным хэлъу къежьащ. ИужькIэ адыгэхэм къащIихуащ чыристан диным ижь, итIанэ къызэдащтащ муслъымэныгъэр. Ауэ, сыт хуэдэ дин имыIыгъами, ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъым къыдокIуэкI езым и хабзэмрэ и щэнымрэ. Ар нобэм къызэрихьэсар и щыхьэтщ лъэпкъ къэс езым и щыIэкIэ-псэукIэ къызэрыдигъэщIамрэ ар и лъым, хухэмыхыну, зэрыхэтымрэ.

Адыгэхэр къэзыухъуреихь щIыуэпсым къыщыхъу Iуэхугъуэхэм, дунейр къызэрыунэхуам теухуауэ я еплъыкIэ яIэжу щытащ. КъимыкIыу пIэрэ абы адыгэхэм зыми имыцIыху, щIэныгъэм зыхимыщIыкI фIэщхъуныгъэ щхьэхуэ ямыIауэ?! Уеблэмэ мажусийкIи уеджэ мыхъуну. Арауэ пIэрэ хьэдрыхэ къыщыпищэ гъащIэм гулъытэ хуамыщIу, псэм япэ я щIыхьымрэ напэмрэ ирагъэщу дунейм зэрытетар къызыхахар?!

Пасэрей зэманым адыгэ уэркъыр дунейм ехыжа нэужь и Iэщэ-фащэр дыщIалъхьэрт, и кхъащхьэм Iуащхьэ тращIыхьырт, Iуащхьэм лъэпкъ дамыгъэр зыхэдыкIа бэракъ лъагэ трагъэувэрт. Апхуэдэ хабзэм хуабжьу зиужьауэ щытащ Урыс-Кавказ зауэжь лъэхъэнэм. ЛIыхъужьым и Iуащхьэм ирихьэлIа дэтхэнэри къэувыIэурэ, абы щIэлъым тхьэ хуелъэIурт.

Адыгэ зауэлIхэм я хабзэмкIэ, гъэру зыптыныр, яукIахэм я хьэдэмрэ уIэгъэ хъуахэмрэ зауэ губгъуэм къибнэныр напэтехт. Езыхэм я хьэдэм хуэдэу, бийм я хьэдэми хабзэ кIэлъызэрахьэрт. Хьэдэр зейм ептыжыну Iэмал щымыIэмэ, хабзэм къызэригъэувымкIэ, абы пщIэ хуэпщIу, ууейм хуэдэу щIэплъхьэжын хуейт.

Пасэрейм щхьэкIуэ шууэ ягъакIуэрт. Шууейр зыхуэкIуэ унагъуэм зэрекIуалIэ щIыкIэмкIэ къащIэрт ар зытекIухьари, сыт хуэдэ хъыбар къихьами. Хъыбар шынагъуэр къэзыхьым Iэщэ кIэрылътэкъым, щIопщыр Iэ сэмэгумкIэ, шхуэмылакIэр ижьымкIэ иIыгът, зыми фIэхъус ирихыртэкъым, шым ижьырабгъумкIэ къыщепсыхырт.

Хьэдрыхэ гъуэгу трагъэувэжым кIэлъызэрахьэ хабзэхэр щIэблэм зэрыхалъхьэным егугъуу къекIуэкIами, нобэрей адыгэхэм дунейм ехыжар муслъымэн диным къигъэув хабзэхэм тетущ зэрыщIалъхьэжыр, ауэ хьэдагъэм къыкIэлъыкIуэ дауэдапщэхэр адыгэ хабзэщ. ЦIыхур дунейм щехыжа махуэм и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ зэхуосри, хьэдэщIэлъхьэм епха Iуэхугъуэ псоми топсэлъыхь, унафэ гуэрхэр къащтэ. Псом япэрауэ, хьэдэр щыщIалъхьэну махуэр ягъэбелджылы, итIанэ хъыбар зэгъэщIапхъэхэр кърабжэкI, щхьэкIуэ яутIыпщ.

Хабзэм къызэригъэувым тету, дунейм ехыжам и унагъуэр хьэдэщIэлъхьэ Iуэхум зыкIи хэIэбэркъым. Ар зи лэжьыгъэр благъэхэмрэ гъунэгъухэмрэщ. Хьэдагъэ кIуа цIыхубзхэр лъэпкъым щыщ бзылъхугъэхэр зыщIэс пэшымкIэ макIуэри, яхуогузавэ, цIыхухъухэр пщIантIэм щызэхэтщ.

Щыгъуэ зиIэ цIыхухъухэм пыIэ щатIагъэ, цIыхубзхэм Iэлъэщ зытралъхьэ, лIэныгъэ зиIэ унагъуэм я куэбжэр махуищкIэ зэIухауэ щагъэт. ЦIыхухъухэмрэ ефэндыхэмрэ унэбгъумкIэ зэхэтщи, пщIантIэм къыдыхьэ цIыхухъухэр абыхэм яхыхьэурэ, дыуэ ящI, цIыху зыфIэкIуэда унагъуэм зэрыдэщыгъуэм и щыхьэту.

Хьэдэр шэджагъуэм дах. А зэманым ирихьэлIэу, хьэдэгъэпскIри,  къурIэн еджэнри зэфIауэ щытыпхъэщ. Iыхьлыхэр хьэдэм зэ щхьэщагъэхьэжри, цIыхухъухэм хьэдэр кхъэм яхь, цIыхубзхэр унагъуэм къонэ. Ефэндыр мащэм щхьэщоувэри, тхьэ йолъэIу. Хабзэм ипкъ иткIэ, хьэдэр щыщIалъхьэкIэ благъэхэм щIыр трагъэтхъуэжыркъым.

А псори зэфIэкIа нэужь, кхъэм щыIахэм лIэныгъэ зиIэ унагъуэм къагъэзэж. Лъэпкъым я нэхъыжьым къекIуэлIахэм фIыщIэ псалъэкIэ захуегъазэри, махуибл дэкIмэ щыгъынтыж зэрыщыIэнур яжреIэ, итIанэ зэбгрокIыж.

Махуэ плIыщIкIэ пщыхьэщхьэ къэс, итIанэ илъэскIэ махуэку къэс  лIам жьэрымэ хуагъэу, лъэкъум, IэфIыкIэ къыхурахьэкI. Ар зи къалэныр лъэпкъым щыщ нысэщ, унагъуэм я пхъурщ, пхъуи ныси ямыIэмэ - гъунэгъу цIыхубзырщ.

Махуиблыр блэкIа нэужь, благъэхэр, Iыхьлыхэр, гъунэгъухэр къызэхуосри, къурIэнаджэ ящI, пщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу дунейм ехыжам и щыгъынхэр ятыж.

Адыгэ хабзэм къызэригъэувымкIэ, дунейм ехыжам тхьэ хуелъэIупхъэщ. Благъэхэр лIам илъэскIэ  хуощыгъуэ, гуфIэгъуэ зэхуэсхэм зэрыхэмыхьэным, фадэ къызэрамыIэтыным яужь итщ. Илъэс пIалъэр и кIэм щынэскIэ, благъэхэр аргуэру зэхуосри илъэс къурIэнаджэ ящI. «ХуэтщIэжыфынур аращ!», - жаIэри, адыгэхэм я лIам пщIэшхуэ кIэлъызэрахьэ, я къарурэ мылъкурэ къызэрихькIэ кIуэдыжам кIэлъоIэбэ.

Къаныкъуэ Анфисэ.

 

Поделиться: