Тхылъым пщIэ хуэпщIмэМэзкуу иджыблагъэ щекIуэкIащ тхылъыр зи Iэпэгъухэм, ар фIыуэ зылъагъухэм я зэIущIэшхуэ, «Утыку плъыжь» зи фIэщыгъэ XI тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр. Абы хэтащ тхылъ тедзапIэ 400-м щIигъу. Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я IуэрыIуатэр, литературэр, щэнхабзэр, гъуазджэр, щIэныгъэр къызыхэщыж тхылъ зэхуэсым ухэплъэныр гуапэт. Сыт хуэдизу мыгуапэми, тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм къыхагъэщыр нэгъуэщIт – сыту хъугъуэфIыгъуэ куэд илъ мы ди хэгъэгум, сыту фIы хъунт ар зэрытхъумэн икIи зэрыдгъэбэгъуэн зэхэщIыкI ди цIыхухэм яIамэ… Тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр къекIуэлIахэм я дежкIэ зихуэдэ щымыIэ махуэщIу къахущIэкIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэмыщхь защIэу Iуэхугъуэ 600-кIэ ягъэнщIат гъэлъэгъуэныгъэр: ди къэралым и театр пашэхэм я джэгу теплъэгъуэхэм къыщыщIэдзауэ тхылъхэм ятеухуа Iэнэ хъурейхэмрэ, щIэнIуатэхэмрэ щыщIэкIыжу абы къызэщимыубыда жэрдэм къэнэжакъым. Гъэлъэгъуэныгъэм хэта тедзапIэхэм псори зэхэту тхылъ мини 100-м щIигъу кърашэлIащ. Сабийхэми балигъхэми щхьэкIэ дунейм къытехьа къыдэкIыгъэ щхьэхуэхэм къищынэмыщIауэ, щIэныгъэ-узэщIакIуэ мыхьэнэ зиIэу утыку кърахьа зэужьхэри мащIэтэкъым. КъызэгъэпэщакIуэхэм щхьэхуэу къыхагъэщащ тхылъыр лIэужьхэмрэ лъэхъэнэхэмрэ зэпызыщIэ лъэмыжу зэрыщытыр. «Дунейм зы къэрали щыIэу къыщIэкIынкъым ди цIыхубэм хуэдэу тхылъыр фIыуэ зылъагъу. Ар ди гъащIэм куууэ хэпщIа къудейкъым, атIэ гухэщIыгъуэ дыщыхэт, жэуап зэуэ къызыхуэдмыгъэт упщIэхэр къыщытлъыхъуэм деж губампIэдэх тхуохъу, щIыбагъ лъэщ къытхуохъу, ди гугъапIэхэр къытхузэщIегъэрыуэж. «Утыку плъыжьыр» къэрал псор зэзыгъэуIу гъэлъэгъуэныгъэщ, мыбдеж кърахьэлIэ тхылъхэм зы закъуи яхэткъым гум хэмыпщIэну, абы увыпIэ хэха щызымыгъуэтыну – хэт сыт къилъыхъуэми, къахигъуэтэнущ», – жаIэ къызэгъэпэщакIуэхэм. А тхылъ дуней хьэлэмэтыр нэхъ лъэщыж хъуным зи гуащIэрэ зи Iыхьэрэ хэзылъхьахэм ящыщщ ди щIыналъэм фIыуэ къыщащIэ, ди лъэпкъ щэнхабзэм зиужьыным хэлъхьэныгъэ дахэ хуэзыщIа Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэр. Зи цIэ къитIуаитIри жылагъуэ лэжьакIуэщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэмрэ щэнхабзэмкIэ Iуэху къыщыхалъхьэу ахэр зыхэмыт щIагъуэ къанэркъым. Мы гъэлъэгъуэныгъэри аращ – ар япэ дыдэу зэрызэхашэрэ Котляровхэ зэщхьэгъусэхэр Iуэхугъуэм хэтщ, илъэс къэс къызэгъэпэщакIуэхэм ящымыгъупщэу тхылъ дахэщысэхэр утыку кърахьэ. Урысейм тхылъ тедзэн Iуэхум хэтхэм я зэгухьэныгъэм гъэлъэгъуэныгъэм къриубыдэу «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI дыдэ» зэхьэзэхуэр ирагъэкIуэкI. Илъэс къэс зэпеуэм и кIуэцIкIэ унэтIыныгъэ 12 къыщыхалъхьэ. Илъэс 15-м щIигъуауэ Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм унэтIыныгъэ щхьэхуэхэмкIэ фIыщIэ тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр кърату, а щIыкIэм тету Урысейм зи лэжьыгъэр щынэхъыфI дыдэхэм ящыщу къалъытэу екIуэкIащ. Мы илъэсри махуэу къахущIэкIащ Котляровхэ. Апхуэдэу зэпеуэм къыщыхэжаныкIащ тхылъ тедзапIэм илъэс зыбжанэ хъуауэ къыщыдэкI «КъыхэщыпыкIа тхыгъэхэм я зэужь» къыдэкIыгъуэр. Тхылъ 50-м нэблагъэ хъу зэужьым адыгэм и тхыдэм, щэнхабзэм, литературэм ехьэлIа, нобэкIэ гъуэтыгъуей хъуа тхылъ куэд къызэщIеубыдэ. Апхуэдэу нэхъыфIхэм халъытащ балъкъэр усакIуэ Кулиев Къайсын и усэхэр щызэхуэхьэса, тхылъ 12-у зэхэт зэужьыр. А лэжьыгъэ инхэм щхьэкIэ Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм къыхуагъэфэщащ япэ дыдэу тхылъ тезыдза Фёдоров Иван и гъуаплъэ скъарымрэ Урысейм тхылъ тедзэн Iуэхум хэтхэм я зэгухьэныгъэм и ФIыщIэгуапэ тхылъымрэ. Ауэ абдеж къыщыувыIакъым а махуэм Котяровхэ къыхуащI гулъытэр. «Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Хэку. Къэбэрдей-Балъкъэр. Дзэлыкъуэ щIыналъэ» сурэт зэужьыр «Урысейм и щIыналъэхэм ятеухуа тхылъ нэхъыфI дыдэ» унэтIыныгъэм къыщыхэжаныкIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм пщIэшхуэ хуащIащ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я лэжьыгъэм. «Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIахэр зытепсэлъыхь лъахэм и уэрэд кърашым ещхьщ, абы къыхэIукI фIылъагъуныгъэмрэ гурыщIэ къабзэмрэ я пшыналъэм гур апхуэдизкIэ щыз ещIри. Тхылъым цIыхум къыхузэIуих дунейм фIэщхъуныгъэ хэмылъмэ, уигури уи псэри щыбгъэтIылъу къыпхуиIуатэм зыдебгъэхьэхыну укъыхуримыджэмэ, абы телъ хьэкъыр игъэзэщIауэ къэплъытэ хъунукъым. Котляровхэ я тхылъхэм Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ щыпсэу лъэпкъхэм хуащI пщIэр блэIэбыкIыпIэ имыIэу зыхыуагъащIэ, абыхэм я тхыдэм, щэнхабзэм, дуней лъагъукIэм хэлъ гуащIэшхуэм удрагъэхьэх, Кавказым и дуней дахэм и зы къуапэу щыт Къэбэрдей-Балъкъэрым урагъэхъуапсэ. Тхылъым и гъэщIэрэщIэкIэр а дахагъэм къыдэфэ хуэдэу къыпфIощI, узэджэр апхуэдизкIэ гум нахьэсу, псэм дыхьэу щытщи. Котляровхэ я тхылъхэр ди зэхьэзэхуэм зэрыхэтар дэркIэ пщIэшхуэщ», – жаIащ къызэгъэпэщакIуэхэм. Котляров зэщхьэгъусэхэм къыхуащIа гулъытэм пэджэжу дамэ къыптезыгъакIэ зы псалъэ къыхэщащи, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр щыгъуазэ хуэтщIынут. «Ди насып кърихьэкIри, Къэбэрдей-Балъкъэрым дыкъыщыхъуащ, абы ди гъащIэр щыкIуащ. Зы пщэдджыжь нэху дыкъекIакъым, къыкъуэкI дыгъэм и хуабэр щызыхэдмыщIа, ар къулъшыкъум щихьэм, и уэрэд щызэхэдмыха. Абы къытхилъхьа гузыхэщIэрагъэнущ зи ужь дит Iуэхум ди лъэр хущIэкIыу дызыгъэлажьэр. Ар зыуэ. ЕтIуанэрауэ, мыбдеж щыпсэу лъэпкъхэм къагъэщIа щэнхабзэм щыгъуазэ уахуэхъуа нэужь, ар хэIущIыIу пщIыну ухуейуэ зы щытыкIэ уоувэ, апхуэдизкIэ ахэр хьэлэмэтщ икIи телъыджэщи. Ауэ сытми Кавказым къихьэхэм я гукъэкIыжхэр ятхыу щытакъым – гукъинэж къащыхъуар гум щызти, яIуэтэжын хуей хъурт. Дэри аращ. Ди гъащIэр тхылъым епха хъуащи, дыщыпсэу щIыналъэм, дызыхэс лъэпкъхэм я пшыналъэр абыкIэ догъэIу. Дызэхахмэ, ди насыпщ», – жиIащ Котляров Виктор. Гуапэщ икIи гухэхъуэщ ущалъхуа щIыналъэм апхуэдиз дахэр хуагъэшу зэхэпхыныр. Ди хэкум и цIэр фIыкIэ зыгъэIу Котляровхэ Мариерэ Викторрэ ехъулIэну ди гуапэщ. ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:
Читать также:
13.10.2026 - 16:30 →
Балъкъ бжьэпэ къыщыхъуа
13.10.2026 - 14:53 →
Пасэрей алыджхэм я гъуазджэм щыщщ
13.10.2026 - 11:05 →
Тхылъымрэ фильмымрэ щызэгурыIуэм деж
12.10.2026 - 12:24 →
«Дакъикъэ ныкъуэ»
12.10.2026 - 12:21 →
Кавказыр я зэхуэзапIэ мэхъу
| ||




