Iэдэбым сыт щыгъуи и чэзущ«Уи гуащэр тIэкIу къэгъапцIэ», - жраIэ къыщIэкIынт нысащIэми, езым: «Сэ сыпцIыупскъым», - яфIыжиIэрт. «ЯхуэбзэIэфI, нэгъуэщI мыхъуми, уабгъэдэтыху тIэкIу яхуэгуфIэ» чэнджэщхэр зраIуэкIым и жэуапыр нэхъ кIэщIт: «Сэ напитI зесхьэнукъым!» Гуапагъэмрэ фэрыщIыгъэмрэ зыфIызэхэзэрыхь мы хъыджэбзхэм къыгурамыгъэIуэфыр зыт: узэрызахуэм лъагъугъуафIэ уищIыркъым. ФIыуэ укъызэрамылъагъур зыхэпщIэху, уэри уи гум зызэредзэ. ФIыуэ тлъагъухэмрэ фIыуэ дыкъэзылъагъухэмрэщ гъащIэр IэфI тщызыщIыр. Ауэ фIыуэ къалъагъуну хуейрэ пэт, фIыуэ зыкърагъэлъагъуным елIэлIэн зымыдэхэрщ дахэ псори зэIызыщIэу, къахуэнэжа гъащIэр зэIыхьар зэIахыжыным тезыгъэкIуадэр. Iущыгъэ щхьэпэ куэд мы Iуэхум теухуауэ къыхэпхыфынущ психолог цIэрыIуэ Фромм Эрих «ФIыуэ лъагъун Iэзагъ» зыфIища и тхылъым. ЦIыхур фIыуэ плъагъуу зебгъасэ мыхъун хуэдэу, уеблэмэ ар зызэгъэсэн хуей гуэру зэрыщытыр ямыщIэу апхуэдэщ нэхъыбэр, Фромм зэрыжиIэмкIэ. Нэхъыбэм фIыуэ къыщIалъагъункIи хъунур езыхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIым ирапх: дахагъэ, губзыгъагъэ, мылъку, къулыкъу хуэдэхэм. Аращ абыхэм нэхъ щIелIалIэр, ауэ а лъэкIыныгъэмрэ зэфIэкIымрэ ягъэбэгъуэху, абы щIыхуеяр ящогъупщэжри, я насып жьэгур мэупщIыIу. НэгъуэщI зы гъэщIэгъуэни ущрохьэлIэ Фромм и тхылъым. ЦIыхур цIыху зыщIыж мы гурыщIэ лъагэр анэм къыбгъэдумыхмэ, зыхэлъхьэгъуейщ, ар зэрегупсысымкIэ. Анэ къэс къалэнитI и пщэ дэлъщ. Япэр - мафIэм уримыгъэсын, псым уримыгъэхьын, хьэ къуимыгъэдзэкъын хуэдэ къалэныр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, сабийм и Iэпкълъэпкъыр къызэтегъэнэн. ЕтIуанэр – езы гъащIэм и IэфIыр зыхыуигъэщIэн, упсэуну зэрыгухэхъуэр пщымыгъупщэу укъигъэхъун. Мы иужьрейр зыхузэфIэкIыр мащIэ дыдэщ. Упсэуну зэрылъэщыр уи фIэщ зыщIыфынур анэ насыпыфIэрщ, ауэ щыхъукIэ, апхуэдэхэр мащIэ дыдэщ. Фромм и тхылъым зыхуейр еджэнщ, ауэ лъагъуныгъэ псори гуапагъэм деж къызэрыщыщIидзэмкIэ зыри къыдэдэуэну къыщIэкIынкъым. А гуапагъэ зэIэпыхэкIэращ хабзэ хъужыр, армыхъумэ, щхьэ лъэныкъуэр къыщыщIахьэнумрэ абы къыгуагъэжар зратынумрэкъым. Ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэ хабзэр Iэнэм и хъуреягъкIэ екIуэкI дауэдапщэхэм зэрыхуэкIуэрэ, хьэтиякIуэхэм къахуэнэжа унагъуэ насыпым икIу гъуэгуанэр кIуэ пэтми нэхъ кIэщI мэхъу. ЕкIумрэ емыкIумрэ теухуауэ адыгэр гъэсэжын хуэмей хуэдэу щытщ. Сабиигъуэм щегъэжьауэ, зыгуэрым емыкIу дыкъищIынкIэ апхуэдизкIэ дагъэгузавэри, нэхъыжь-нэхъыщIэ хъуми, благъэ-Iыхьлы хабзэхэми зыгуэрурэ задыдогъэкIу. Ауэ а псом и купщIэр, уэ пхуэдэ цIыхум и щхьэмрэ и псэмрэ уемыбгъэрыкIуэу удекIуэкIын зэрыхуейр нобэ «хабзэ» зыфIэтщ зыгъэпIиикIэм хэлъыжкъым. Сабийхэр цIыху хэтыкIэм езымыгъасэ лъэпкъыжь щыIэкъым ипэжыпIэкIэ. «Уэ къуащIэу пфIэмыфIынур адрейхэми иумыщIэ» - аращ а хабзэм и лъабжьэр. УзыфIэкI мыхъунури зыщ: уэ пхуэдэ цIыхум и дуней Iыхьэм уемыбгъэрыкIуэ. А псори къызэщIэзыубыдэ «этикет» псалъэр, зэрыжаIэмкIэ, сэреишхуэхэм къыщежьащ. Пащтыхьхэм я деж щIыхьэхэм тхылъымпIэ цIыкIухэр хуагуэшырт, пщIэ хъунумрэ мыхъунумрэ къыщетхыхауэ. Дауэ-тIэ уи Iэпкълъэпкъыр адрейхэм зэран яхуэмыхъуу зэрызепхьэнур? ТегъэщIапIэхэр щы мэхъу: уэ пхуэдэм пщIэ хуэпщIын, узыбгъэдэт цIыхур зэрыт щытыкIэм гу лъыптэн, зигъуэмрэ зимыгъуэмрэ пхузэхэгъэкIын хуэдэу Iущу ущытын. Сэлам хыкIэр: япэу фIэхъус зыхыр унэм къыщIыхьэрщ, нэхъыщIэрщ. Ауэ унэм щIэсыр мэтэдж, пожьэ, къыщIыхьам зэрыщыгуфIыкIыр къегъэлъагъуэ. Хъыджэбзым япэу сэлам ирех езым и ныбжь пщащэхэм, бзылъхугъэхэм, ныбжьышхуэ зиIэ цIыхухъухэм. Уи гуапэ хъункIэ Iэмал иIэкъым «адыгэ хабзэ» хъуауэ, гукъанэ зыхэлъ псалъэкIэ фIэхъусыр зэрырашажьэр. ПсэлъэкIэр: ухъуэнэныр, хуабжьу удыхьэшхыныр, абдежым щымытхэм я пщIэр езыгъэхуэх псалъэхэр жыпIэныр къезэгъыркъым. Псэлъэным и мардэр иужькIэ узытеукIытыхьыжын къыбжьэдэмыкIынырщ. Хамэхэм уащригъусэм деж, диным, политикэм, мылъкум, уи щхьэ Iуэхум утемыпсэлъыхьмэ, нэхъыфIщ. Телефоныр еIубыхауэ ягъэтIылъ, абы гулъытэ зэрыхуэпщIым зи пащхьэ уисыр къызэрафIэмыIуэхур, къыбжиIэм мыхьэнэ зэрумытыр къегъэлъагъуэ. ЦIыхур зытепсэлъыхьыну хуэмей темэ кърахьэжьэркъым. Ухуэзэнумэ, щыхущIыхьэнум ущIэупщIапхъэщ. Дэтхэнэ зыми и Iуэхум, и зэманым, и тыншыпIэм зэрыхъукIэ нэхъ мащIэу ухэIэбэнырщ нэхъыщхьэр. Транспортым уисмэ, зэщIэкъуауэ, щэхуу ущысын. ТелефонкIэ умыпсэлъэнкIэ, абы уемыдэIуэнкIэ Iэмал имыIэмэ, тхьэкIумэIулъхьэ къэбгъэщхьэпэн хуейщ. Нэхъыжьхэм, уэндэгъухэм, мыузыншэхэм тIысыпIэр занщIэу ират. Театрым е кином ущыIэмэ, артистыр зэрымыуэрар зыщумыгъэгъупщэ. Абы къикIращи, гулъытэ зыхуебгъэщIыным ухущIэмыкъу: укъыкIэрымыху, телефоныр умыгъэлажьэ, и нэхур цIыхухэм яIурумыгъадзэ, узыблэкIхэм уи щIыб яхуумыгъазэ. ШхапIэм ущIэсмэ, Iэгъуэблагъэм ит псоми урахьэщIэ хуэдэу аращ: уи дыхьэшх макъым цIыхухэр зэдаIуэ уэрэдыр япиубыд хъунукъым, уи уэршэрым едэIуэну хуэмейхэм апхуэдэ хуитыныгъэ ет. ХьэщIапIэ укIуэмэ, укъыкIэрымыху. Хамэ унэр къызэхакIухьыркъым, гъуэлъыпIэм итIысхьэркъым. Iэнэм уагъэтIысамэ, жаIэр ядэIыгъ, уагъэшхыр уигу зэрырихьар жыIэ. «ХьэщIэр мэлым нэхърэ нэхъ Iэсэщ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Бысымым зэрыщысхьыр абы къахуишия гуэр Iумпэм зэращIымкIэ къагъэлъагъуэркъым. ЛэжьапIэм щызекIуэ хабзэхэр зэIущIэхэм и чэзум уекIуэлIэнымкIэ къыщIедзэ. Дыху гуащIэ зытепкIэнри хуабжьу ууэршэрынри адрейхэр зымыгъэтынш Iуэхугъуэщ. НэгъуэщIхэр гугъу иумыгъэхьын хабзэр мыбдежым нэхъ ткIииж щохъу. «Дапщэ къэблэжьыр?» упщIэр дэни щыемыкIущ. Езы цIыхур зытемыпсэлъыхьым щIэупщIэркъым. А хабзэ псори щызокIуэ бжыгъэр зи лъабжьэ Iэмэпсымэхэми. Интернетым уитхыхьмэ е уипсэлъыхьмэ, цIыху ухуэза хуэдэу аращи, дэтхэнэ зыми пщIэ хуэпщIыпхъэщ. ХабзэфIщ къыпщыгугъыр къыумыгъэпцIэжыныр, пхуэмыщIэнум теухуауэ хъыбар ебгъэщIэныр. Хабзэншагъэ дыдэщ уи «сэ»-р япэ ибгъэщыныр, щIэмычэу узыщытхъужыныр, цIыхум езым къигъэщхьэпэ Iэмыпсымэхэр щыхуейм деж къеIыпхыныр, къеIыпхар иумытыжыныр, уемыупщIу и хьэпшып уеIусэныр, и къалэныр лэжьапIэм щигъэзэщIэну Iэмал иумытыныр. ФIырэ Iейрэ зыхэмылъ щыIэкъым. Ауэ уи фIыр зэрытебгъэкIуапхъэр пщIэжу, уи Iейр къыжьэдэпкъуэныр хьэл зыхуэпщIынырщ гуапагъэ псоми я лъабжьэр. ЕмыкIу псоми я щхьэщ цIыху балигъыр бгъасэу утыку укъиувэныр. «Апхуэдэу хабзэкъым», «ар емыкIущ» жыпIэу цIыхум и напэ тепхыныр щэныншагъэ егъэлеящ. ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
12.10.2026 - 12:20 →
ФIым фIы къешэ
08.10.2026 - 12:26 →
Щыхьэрымрэ щIыпIэ пхыдзахэмрэ зэщхькъым
07.09.2026 - 12:59 →
НОБЭ
02.09.2026 - 15:16 →
Щхьэхуимыту жумартхэр
27.08.2026 - 10:00 →
Абхъазыбзэ ямыщIэу хуадэнукъым
| ||




