Жэпуэгъуэм и 2,
мэрем
Залымыгъэ мылэжьыным и дунейпсо махуэщ
Социальнэ егъэджакIуэм и махуэщ
УФ-м цIыхухэм IэщIагъэ егъэгъуэтынымкIэ и лэжьакIуэм и махуэщ
Лъэсу къэкIухьыным и дунейпсо махуэщ
1951 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм, КъБР-м, АР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист Тут Заур.
1954 гъэм къалъхуащ сурэтыщI Ерчэн Исуф.
1970 гъэм къалъхуащ пауэрлифтинг спорт лIэужьыгъуэмкIэ плIэнейрэ (1996 - 1999 гъэхэм) дунейм и чемпион хъуа Хъуажь Юрэ.
1982 гъэм къалъхуащ КъБР-м, КъШР-м, АР-м, щIыхь зиIэ я артисткэ Къэзан Сэтэней.
Дунейм и щытыкIэнур
pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 10 - 11, жэщым градуси 9 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Нэхъыжьым жьэ ет, нэхъыщIэм гъуэгу ет.
Зыгъэхьэзырар
БАГЪЭТЫР Луизэщ.