Зи хабзэ зыхъумэж лъэпкъыр зэманым токIуэ

Адыгэм и IэпщIэлъапщIагъэр, псом хуэмыдэу дыщэидэр, сыт щыгъуи лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я зы Iыхьэшхуэу щытащ. Иужьрей илъэсхэм а пасэрей IэщIагъэхэм хуаIэ гукъыдэжым зэрызиIэтыр долъагъу.

ЗэрытщIэщи, адыгэхэм я IэпщIэлъапщIагъэр жыжьэ къыщожьэ. А гъуазджэр зым адрейм иритурэ къекIуэкIащ. Пасэм щыгъуэ дыщэидэр уи пщIэр зыхуэдизыр къэзыгъэлъагъуэ, хъыджэбз гъэсэкIэм щыщ Iэмалт. ЦIыхубз IэпщIэлъапщIэм и Iэдакъэ къыщIэкIа дэтхэнэ хьэпшыпми лъэпкъым и тхыдэм, щэнхабзэм я зы Iыхьэ гуэр хэлът.

Нобэ а IэщIагъэхэм, зэрыжытIауэ, зыкъаужьыж. IэщIагъэлIхэм яфIэкIуэда Iэмалхэр къызэрызэрагъэпэщыжым и мызакъуэу, ахэр иджырей зэманым декIуу утыку кърахьэ. Налшык, Черкесск, Мейкъуапэ, нэгъуэщI къалэхэми къыщызэIуах пасэрей IэщIагъэхэм щыхуагъасэ гупжьейхэр, абыкIэ щIэблэм щIэныгъэ иратыф.

Нэхъыбэу гу зылъытапхъэр тхыпхъэщIыпхъэхэр хъумэныр арагъэнщ. Адыгэхэм тхыпхъэщIыпхъэ къэс, сатыр къэс мыхьэнэ пыухыкIа щIалъхьэу щытащ, лъэпкъым и дуней еплъыкIэр къагъэлъагъуэу. Иджырей IэпщIэлъапщIэхэм хабзэр яхъумэу, щIэщыгъуагъ гуэрхэри я лэжьыгъэхэм халъхьэурэ, зихуэдэ щымыIэ IэдакъэщIэкIхэр къагъэщI. Дыщэидэ IэмалкIэ щIа тхыпхъэщIыпхъэхэр зытет фэилъхьэгъуэхэр дунейпсо утыку ирахьэ, нобэрей «модэм» ехьэехуэу. Апхуэдэу махуэ къэс щIэ куэд къыщежьэ ди лъэхъэнэм лъэпкъ IэщIагъэхэр хъумэным нэхъри мыхьэнэшхуэ егъуэт. IэпщIэлъапщIэхэм къалэныщIэхэр къахуоув - зэманым декIун, къэIуэтэкIэщIэхэр къагъуэтын хуейуэ. Ауэ аращ абыхэм я гъуазджэр лъагэ зыщIри.

Илъэс 26-рэ хъуауэ сабийхэр зыгъасэ, Тэрч къалэм Сабий творчествэмкIэ и IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ Хьэмыкъуэ Мадинэ уагъэ-щагъэхэр зэIуещэ, дыщэидэм иролажьэ. Абы и лэжьыгъэм дыщегъэгъуазэ: «Зихуэдэ щымыIэ ди лъэпкъ IэщIагъэхэр дымыгъэкIуэдыжынырщ, ди ужь ит щIэблэм ди тхыдэр, щэнхабзэр едгъэщIэнырщ дызыхущIэкъур. Сэ езыр лъэпкъ IэщIагъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым сыщыщыхуеджэм, сэбэпышхуэ къысхуэхъуауэ щытащ КIыщ Хьэзрэталий и тхылъыр. А зэманым абы къуажэхэр къызэхикIухьурэ, нэхъыжь къыдэнахэм уагъэхэр зэращIхэм, къызэрагъэсэбэпхэм еплъурэ и лэжьыгъэм ахэр щызэхуихьэсыжауэ щытащ. Сэ еджапIэр къыщызухым абы и лэжьыгъэхэм си дипломыр теухуати, ар си гъащIэм и ущиякIуэ хуэдэуи хъуащ, ди лъэпкъ щэнхабзэм сыхишащ.

Дызэрыгушхуэнщи, сабий куэд ди дерсхэм къокIуэ, ягури я псэри етауэ щытлъагъукIэ, дызыщымысхьыжу  апхуэдэхэм дадэлэжьэну дыхьэзырщ.  Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэр къыдэкIуэтеймэ, езыхэми ягъэсэжыфынущ щIэблэр. Сэ езыр арджэн щIыным си анэшхуэм и адэ шыпхъухэм сыхуагъэсэжауэ щытащ. Апхуэдэурэ фIэкIа хъума хъунукъым ди IэщIагъэ дахэр. Сабиитху нэхъ мыхъуми илъэсым тхуэгъасэмэ, IэщIагъэр мыкIуэдыжыну къызолъытэ. Ар ди адэжьхэм я щIэину зэрыщытыр иджыпсту едмыгъащIэмэ, абы щыгъуэщ хэплъэгъуэм дыщыхэхуэнур. Ижь-ижьыж лъандэрэ укъызыхэкIа лъэпкъым и IэщIагъэм щыщ зэбгъэхъулIэрэ утыку ипхьэфмэ, ар куэд и уасэщ. Пэжщ, ди зэманым псори хьэзыру тыкуэнхэм щыбогъуэт, ауэ уэ езым уи IэкIэ пщIам, уи гу хуабагъ зыхэплъхьам хуэдэ ахэр хъуркъым, зэман дэкIмэ, хыфIыбодзэж. Ауэ уи Iэдакъэ къыщIэкIар зэи уигу пыкIынукъым.  Си гъэсэнхэм яхэтщ ДизайнымкIэ колледжыр къэзуха хъыджэбз цIыкIуибл. Щыр дыщэидэм ирилажьэу Налшык къалэм Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ IуэхущIапIэм щыIэщ. Абыхэм зыгуэр щызрагъэхъулIэкIэ дэри догушхуэ. Адыгэхэм я лъэпкъ дамыгъэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIам дыщыгъуазэщ. Ари щIэблэм къагурызгъэIуэну сыхэтщ. Дауэ, жыпIэмэ, я лъэпкъ дамыгъэхэр щхьэж щыхезгъэдыкIкIэ, я унагъуэм и тхыдэм, къекIуэкIыкIам зыщамыгъэгъуэзауэ иужь изгъэхьэркъым». 

Адыгэ IэпщIэлъапщIагъэр щэнхабзэ щIэинхэм я зы Iыхьэ къудейкъым, ар дызыгъэгушхуэщ, дызыIэтщ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться: