Текlуэныгъэр ягъэлъэпIащ

Абхъаз Республикэм и Текlуэныгъэмрэ Щхьэхуитыныгъэмрэ я махуэр фокIадэм и 30-м Iэтауэ ягъэлъэпIащ. 1993 гъэм а махуэм Абхъаз армэм и дзэлIхэм Ингур псым и Iуфэм нэсри, я къэрал ныпыр яIэтат. Абхъазхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ гуфIэгъуэщ ар.  А махуэр Апсным и тхыдэщIэм щыщ Iыхьэ нэхъыщхьэ хъуащ. Къэралыгъуэ щхьэхуэ хъуа Республикэм нобэ иIэ хъугъуэфIыгъуэхэр куэдщ. МащIэкъым а лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэм щIита уасэр икIи цIыкIукъым. Абы я щхьэр халъхьащ лъэпкъым и къуэ пажэ щэ бжыгъэхэм. Къапщтэмэ, нобэрей мамыр гъащIэр я фIыщIэщ Абхъазым и цIыхуу зауэм хэкIуэда цIыху мини 3,5-м нэблагъэми.

Нобэ хуэдэ махуэхэми щIэх-щIэхыуи ди къуэш абхъазхэм ягу къагъэкIыж лъэпкъ цIыкIум лей къыщытехьэм езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ зауэ губгъуэм ихьа щIалэщIэхэр, хамэ къалэхэм, къэралхэм къикIахэр.  

 1992 гъэм куржы хьэщхьэрыIуэхэм Абхъазым иращIылIа зауэм и хъыбарыр занщIэу дуней псом щыIуащ икIи Урысейм, Осетие Ипщэм, Кавказ Ищхъэрэм, Приднестровьем, хамэ къэралхэм щыщ лIы хахуэхэр кIуэуэ щIадзащ. Кавказым ис лъэпкъхэм я Конфедерацэм къызэщIиIэта цIыхухэм гъуэгу гугъухэр зэпачри, я къуэшхэм якъуэуващ. Абхъазым зэи щыгъупщэркъым я къарумрэ къызэщIагъэуIуэу Апсным и лъэщагъыр зыгъэбыда дзэлI хахуэхэм я цIэхэр – Къалмыкъ Юрий, Сосналы СулътIан, Щэныбэ Мусэ, Сосламбеков Юсуп, Хъуадэ Iэдэм, нэгъуэщIхэри. А хэкулIхэм къызэщIаIэта къарумрэ зи хэку зыхъумэжхэмрэ пэлъэщыфакъым лъэпкъгъэкIуэдыр зи гуращэу утыку ихьа куржыхэр.

Жылэ Iэщэншэм танккIэ, кхъухьлъатэкIэ, топкIэ, шэкъэуэжхэмкIэ ятезэрыгуа бийм и гущIэгъуншагъэр егъэлеят. АР-м и цIыху мин бжыгъэхэм къатехьа лейр псалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэжыным хуэдизщ, а псори зэрыщыт дыдэм хуэдэу жаIэтэкъым зауэм щылэжьа дунейпсо зэгухьэныгъэхэм.

Ауэ абхъаз лъэпкъ хахуэм, абы и пашэу а зэманым щыта Ардзинбэ Владислав сымэ яхузэфIэкIащ куржыхэр къащIытеуам и щхьэусыгъуэ пэжыр наIуэ къащIыну, къэралыгъуэр трахыну иужь ихьахэм япэщIэувэну. А зэхэуэ гуащIэм зэрыхэтым хуэдэу, Абхъазым дзэ зэригъэпэщащ, АР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэ иухуащ, батальонхэмрэ бригадэхэмрэ япIэ иригъэзэгъащ. Ардзинбэ Владислав и унафэм щIэту лъэпкъымрэ абы къыкъуэтхэмрэ я къалэн нэхъыщхьэм пэлъэщащ: бийр я щIыгу ирахужри, я щхьэхуитыныгъэр зэфIагъэувэжащ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, 1992-1993 гъэхэм Абхъазым щекIуэкIа Хэку зауэм Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ республикэхэм, Краснодар крайм, Осетие Ипщэм, Адыгейм, Приднестровьем, Тыркум икIа цIыху минитIым щIигъу кIуащ, абыхэм ящыщу цIыху 51-м «Абхъазым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр зэрахьэ, щIалэ 247-м Леон орденыр иратащ, зауэлI 623-м «Хахуагъэм папщIэ» медалыр хуагъэфэщащ. Зауэр зэрекIуэкIа махуэ 413-м щIалэщIэ 260-рэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, хэкIуэдащ.

Илъэс 33-рэ хъуащ абы лъандэрэ. А зэманым къриубыдэу Апсным и уIэгъэр игъэхъужащ, и щхьэхуитыныгъэр къэрал зыбжанэм къыщалъытащ. Урысей Федерацэмрэ я дэIэпыкъуэгъухэмрэ я фIыщIэкIэ, Абхъазым нобэ иIэ экономикэ щытыкIэр ирегъэфакIуэ, и зыхъумэжыныгъэр егъэбыдэ, шынагъуэншагъэр къызэрегъэпэщ.

Абхъазым и ТекIуэныгъэм и юбилейхэм деж парад дахэ щокIуэкI а лъахэм. Абы щагъэлъапIэ езым и цIыхухэри, нэгъуэщI щIыпIэ къикIыу къакъуэувахэри. Нобэми яхуэухкъым, къакъуэувэу ядэзэуахэм фIыщIэу хуащIыр. ДгъэщIагъуэ щхьэкIэ, ар и хьэлщ, и дуней тетыкIэщ бгырысым.   Кавказым ис лъэпкъхэм пэжыр я гъуазэу игъащIэми къокIуэкI. Абыхэм яфIэфIкъым нэхъ лъэщыр къарууншэм тегушхуэныр. Хахуагъэр Кавказым щалъытэ щхьэкIэ, абы Iэмал имыIэу щIыгъун хуейщ пщIэмрэ пэжагъымрэ. Арагъэнщ ди щIалэхэр езышэжьар. ЕтIуанэрауэ, къуэшым къыщхьэщыжыныр я лъым зэрыхэтым тригъэгушхуауэ жыпIэ хъунущ. Къыхэгъэщын хуейщ, бгырысхэр щхьэхуитыныгъэм хуэпабгъэу сыт щыгъуи зэрыщытар. Абхъазым бийр къызэрытегуплIам, абы и щхьэхуитыныгъэр ихъумэжыну утыку зэрихьам и телъхьэу щымытынкIэ Iэмал иIакъым ди щIалэхэр.  

Нобэ Апсным иIэ хъуа псэукIэр щыхьэт тохъуэ лъэпкъ нэхъ мащIэ дыдэми и щхьэ и унафэ ищIыжыну зэрыхузэфIэкIынум. Абы папщIэ къуэшхэр къыпкъуэтмэ, Iуэхур ефIэкIуэну аращ. ФIыщIэншэ хъуакъым абы щызэуа ди щIалэхэм я гуащIэри. Абыхэм орден, медаль куэд къратащ. Нэхъ иужьрейуэ ягъэлъэпIа адыгэ щIалэхэм ящыщщ «ТекIуэныгъэм папщIэ» медалыр зратахэу Тумэ Мухьэмэдин, Къанло Владимир, Бидэнокъуэ Нихьэт, Абрэдж Хьэмид, Гъуэтыж БетIал, Бэч Альберт, ХъуэкIуэн Заур, Усейн Олег, Абазэ Эдуард, КIэдыкIуей ХьэзрэIил, Вындыщхьэ Заурбий, Халидов  Деньге, Бгъэжьнокъуэ Барэсбий, ГубэщIыкI Жантемыр, Къалмыкъ Жылэбий, Пщынокъуэ Артур, Битокъухэ Аслъэнбэчрэ Беслъэнрэ, Щэныбэ Юрий, МэшхуэфI Нэждэт, Тхьэгъэлэдж Мухьэмэд,  Думэн Мурадин, Щоджэн Леонид, Ажыджэрий Аскэр, нэгъуэщIхэри.

Мы Iуэхум и гугъу щытщIкIэ ди лъэпкъэгъу куэдым я хахуагъэр дигу къокIыж. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и балетмейстер нэхъыщхьэ Битокъу Аслъэнбэч Къэбэрдейм икIыу куржы-абхъаз зауэм кIуа япэ гупым хэтащ, абы и псалъэхэри абхъазхэм ягу ираубыдащ.

Ар зауэ губгъуэм щихьэм, «Уэрыншэу «Кабардинка»-р дауэ хъуну?», - жаIэу къыщеупщIым (ар абы щыгъуэм ансамблым и солист пажэт), «Къэфэн къагъуэтынщ, зауэлI диIарэт», - зэрыжиIар нобэми ди щIэблэм я гъуазэщ! Битокъур ТекIуэныгъэм и махуэр къэсыху зауэлI хахуэу щыIащ абы, и хэкужь къигъэзэжри, и ансамблми яхыхьэжауэ иджыри мэлажьэ!

Абхъазым и ЛIыхъужь, Къэбэрдейм щыщ щIалэ, щIэныгъэлI  Мэрзей Аслъэнбэч къыддогуашэ:

- Кавказым ис лъэпкъхэм пэжыр я гъуазэу игъащIэми къокIуэкI. Дэ тфIэфIкъым нэхъ лъэщыр къарууншэм щытегушхуэм деж. Хахуагъэр Кавказым щалъытэ щхьэкIэ, абы Iэмал имыIэу щIыгъун хуейщ пщIэмрэ пэжагъымрэ. Арагъэнщ япэу абы щIалэхэр езышэжьари. ЕтIуанэрауэ, къуэшым дыкъыщхьэщыжыныр ди лъым зэрыхэтым дытригъэгушхуауэ жыпIэ хъунущ. Къыхэгъэщын хуейщ, бгырысхэр щхьэхуитыныгъэм сыт щыгъуи дызэрыхуэпабгъэр. Абхъазым бийр къызэрытегуплIам, абы и щхьэхуитыныгъэр ихъумэжыну утыку зэрихьам дэ дримытелъхьэнкIэ Iэмал иIэтэкъым.

ИкIи нобэ абы иIэ хъуа псэукIэр щыхьэт тохъуэ лъэпкъ нэхъ мащIэ дыдэми езым и хуитыныгъэ зэриIэжым, и щхьэ и унафэ ищIыжыну зэрыхузэфIэкIынум. Нэхъ пэжу жыпIэмэ, ар абхъаз лъэпкъым и закъуэтэкъым зи зауэр, атIэ Кавказ Ищхъэрэм лъэпкъыу исым жьэхэуэт, арагъэнщ апхуэдэу зыкъызэдащтэу Апсным къыщIихьари, я мурад къащIехъулIари.

НэщIэпыджэ Замирэ.

 

 

 

Поделиться:

Читать также: