Спорт хъыбархэр

Щадым и дыщэ медалыр

Зи ныбжьыр илъэс пщыкIуий иримыкъуахэм я урысейпсо зэ­пеуэу бэнэкIэ хуитымкIэ Орёл къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъэ­гъуащ. 

Килограмм 51-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм Щад Iэдэм къы­щыпэлъэща къыхэкIакъым. И хьэрхуэрэгъу псори хигъащIэри, абы дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ.
Апхуэдэ дыдэ ехъулIэныгъэ иIэным зымащIэ дыдэт къыхуэнэжар Алъкъащ Наурбэч. Ди жагъуэ зэрыхъущи, килограмм 48-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и финалым ар къыщытрадзащ икIи етIуанэ увыпIэмкIэ арэзы хъуащ.
Домбеякъ медалыр иIыгъыу Орёл къалэм къикIыжащ Тубай Ис­лъам. Килограмм 60-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэхьэзэхуэм абы ещанэ увыпIэр щиубыдащ.
Зи гугъу тщIа щIалэхэр ягъасэ Шэру Алийрэ КIуантIэ Астемыррэ.

Темырлан Къэзан щытокIуэ

Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Сахабудтинов Мягас  и фэеплъ зэхьэзэхуэ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щекIуэкIащ Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан. Ди къэралым и щIыпIэ куэдым икIауэ зи ныбжьыр илъэс 21-м ит спортсмен 400-м щIигъу абы хэтащ.

КIэмпIарэ Темырлан къыщыпэлъэщын къыхэкIакъым кило­грамм 97-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэ гуащIэм. Абы зэхьэзэхуэм и дыщэ медалыр къыхуагъэфэщащ.
Зэпеуэм и «финал цIыкIум» щытекIуащ Уэртэн Руслан. Килограмм 67-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж абы ещанэ увыпIэр щиубыдащ икIи домбеякъ медалыр зыIэригъэхьащ. 
ЩIалэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Елчэпар Мурат, Умархэ Залымрэ Валерэрэ.

Сталинград и кубокым

Волгоград щекIуэкIащ «Сталинград и кубок» зыфIаща кикбиксингымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

Урысей Федерацэм и щIыналъэ 21-м икIа спортсмен 300-м ­щIигъу зыхэта зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр щызыхъу­ма Къулым Элинэ (кг 39-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж), Алижан Руслан (кг 54-м нэс), Иуан Ролан (кг 60-м нэс) сымэ фулл-контакт лIэу­жьы­гъуэм­кIэ текIуэныгъэхэр зыIэрагъэхьащ. Дыжьын медалхэр къахьащ Махуэ Имранрэ (кг 67-м нэс) Молэ Муратрэ (кг 75-м нэс). Ахэр псори и гъэсэнщ Апажэ Рашид. 
Хьэтау Ислъам.

Поделиться:

Читать также: