ЩIэблэр щаущий зэIущIэхэр![]() Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ уэрамым тет Модельнэ библиотекэм щекIуэкIащ Донецк, Луганск республикэхэр, Запорожскэ, Херсон областхэр Урысей Федерацэм къызэрыгухьэжам теухуа зэIущIэ. ФокIадэм и 30-м ди къэралым щагъэлъапIэ ар. 14-нэ курыт еджапIэм и 10-нэ классым щеджэхэр, я класс унафэщI Ахэмын Iэсият я гъусэу, хэтащ Iуэхум. Къэралым махуэшхуэр щIыщагъэлъапIэм тепсэлъыхьыну ирагъэблэгъат «Знание» урысей зэгухьэныгъэм и лектор, урысейпсо цIыхубэ фронтым и координатор Галинский Ярослав. Ар ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ 2022 гъэр Урысейм и тхыдэ напэкIуэцIхэм зэрыхэувам, зэкъуэтыныгъэм и мыхьэнэм. Урысейм и иджырей тхыдэм теухуауэ ныбжьыщIэхэр куэдым щIэупщIащ. Галинскэм абыхэм жэуап яритащ икIи къыхигъэщащ дэтхэнэми къэралым жэуап зэрыщихьыр, Хэку лъагъуныгъэр я гум ирагъэлъын зэрыхуейр.
Поделиться:
Читать также:
14.10.2026 - 11:01 →
ХьэщIэныш
14.10.2026 - 11:00 →
Адыгэ хабзэм и фIыгъэкIэ
13.10.2026 - 17:58 →
ЩIыналъэм щыхъыбархэр
13.10.2026 - 16:00 →
Къарур имыухыурэ гъащIэр иухащ
13.10.2026 - 14:00 →
Ухуэныгъэхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ
| ||





