Тхыдэр и тегъэщIапIэтТхакIуэ Кърым-Джэрий и тхыгъэхэр щIэщыгъуэ зыщIыр бгырысхэм ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэм щыщ къэхъугъэ гъэщIэгъуэнхэр удихьэхыу къызэриIуэтэжырщ. Апхуэдэу и документальнэ очеркыр зытеухуам здытепсэлъыхьым ди нэгу къыщIегъэувэф адыгэхэм я дуней тетыкIэр, я шыфэлIыфэр, лIэнкъэнэну бийм пэщIэува и лъэпкъым хуэмурэ и «куцIыр» зэрыткIур, итIани «лIэн, е лIын» жиIэу, къызэрымыланджэр… Кърым-Джэрий и очеркхэм, статьяхэм, и адрей тхыгъэхэми къыщиIэт Iуэхухэр ауэ сытми къритхэкI къудейкъым, къэхъуа-къэщIахэр куууэ щызэпкърех, а зытепсэлъыхьым и мыхьэнэр гурыIуэгъуэу щыдегъэлъагъу. Сыт щитхкIи гу къабзэ щхьэ къабзэщ, икIи къэхъугъэхэр зищIысыр, ахэм къежьапIэ яхуэхъуамрэ кърикIуэнкIэ хъунумрэ я щхьэусыгъуэхэр къихутэфу и къалэмыр егъэшэрыуэ. 1865 гъэм накъыгъэм и 29-м «Кубаныдзэ хъыбархэм» абы тредзэ «Ди пасэрей гъащIэм теухуауэ псалъэ зытIущ» зыфIища тхыгъэр. Адыгэ IуэрыIуатэр къигъэсэбэпурэ Кърым-Джэрий абы щызэфIигъэувэжыну хэтщ адыгэхэм я дыгъуасэм къэхъуа Iуэхугъуэ гуэрхэр. Дэнэ кърихат а къиIуэтэжхэр? Япэрауэ, нартхэм ятеухуауэ абы куэд къыщищIат джэгуакIуэхэм я деж. ЕтIуанэрауэ, зэгуэрым дунейм къытехьа тхыгъэхэр – Нэгумэ Шорэ, Хъан-Джэрий, ХьэтIохъущокъуэ Къазий сымэ я къалэмым къыщIэкIахэр – зэхуихьэсыжурэ щIиджыкIыжащ икIи зэпкърихащ. АтIэ нартхэм ятеухуа хъыбархэр урысыбзэкIэ дунейм къытехьат блэкIа епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и еплIыщIанэ, етхущIанэ гъэхэм. Ахэри зэхуэхьэсыжауэ зы щхьэ акъылкIэ узэщIын хуейт, а къалэныр Кърым-Джэрий игъэзэщIащ. Зи гугъу тщIы тхыгъэмкIэ Кърым-Джэрий журналист, этнограф Iэзэу зыкъигъэлъэгъуа къудейкъым, атIэ тхыдэм елэжь еджагъэшхуэуи тхылъеджэхэм я пащхьэ къиуващ. Тхыгъэр дунейм къытехьэн и пэкIэ екIуэкIа зыбжанэм ар куэдрэ щIэныгъэ IуэхукIэ гъуэгу техьащ – хъымыщхэм, натхъуейхэм, абазэхэхэм, кIэмыргуейхэм, шапсыгъхэм я деж щыIащ. А щежьахэм зэригъэхъулIахэр къиIуэтэжын мурадкIэ итха хуэдэщ «Ди пасэрей гъащIэм теухуауэ псалъэ зытIущыр». Ар тIэу тедзэгъуэу тетащ газетым, мазэ зыбжанэ я зэхуакуу. Ди зэманми кIуэдакъым а тхыгъэм и мыхьэнэр, абы хэт хъыбархэмрэ шыпсэхэмрэ икъукIэ къахуэсэбэпынущ «Нарт» эпосым елэжь еджагъэшхуэхэм. ТхакIуэм а хъыбархэр, зэрызэхихам хуэдэу, къиIуэтэжу и Iэр итхьэщIыжыркъым, езыр Iуэхум зэреплъыр дэни къыщыхегъэщ. Псалъэм папщIэ, Iуащхьэмахуэ кIэраIулIауэ зыхужаIэж адыгэ Прометей – Джэдал и хъыбарыр къызэрежьар еубзыху. Адыгэ нарт эпосым зи гугъу тщIы лIыхъужьым зэрыщеджэр Нэсрэн ЖьакIэщ. Кърым-Джэрий Джэдалрэ Прометейрэ бгым щIраIулIам я щхьэусыгъуэр зэрызэтехуэр къелъытэ. Эсхилрэ Гезидрэ мафIэхьхэр щраIулIауэ къагъэлъагъуэр зэры-Кавказыр къыжеIэ икIи абыкIэ наIуэ ещI алыдж мифологиеми тхыдэми къагъэщIа лIыхъужьу ахэр зэрыщымытыр, атIэ адыгэ хъыбарыр алыджхэм я мифым лъабжьэ зэрыхуэхъуагъэнур. А тхыгъэ дыдэм Кърым-Джэрий къыщеIуэтэж Абрагъуэ жылэшхуэм къыщыщIам теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн. А къуажэр дэсащ Тенджыз ФIыцIэм еуалIэ ЦIухьэб аузым. Абы щыпсэухэр адыгэт. Псори ягъуэту зэрыпсэум щхьэкIэ закъыфIэщIыжри хасэ джэгухэр къыщызэIуахкIэ мывэджейр къамыгъэсэбэпыж хъуащ. Абы тхьэр къигъэгубжьащ, нэхущым зыкIэщIигъэкIуэтщ аузри, ер къызэрыкIа къуажэр абы дэсхэри щIыгъуу, кIуэцIригъэхуащ, а щIыпIэми гуэлышхуэ иригъэлъэдэжащ. Диныншэ хъуа и къуажэгъухэм ебийуэ щыта зы бгырыс цIыхуфIщ, и унагъуэр щIыгъуу, къэнар псэууэ. Абрагъуэ теухуа хъыбарыжьыр зыгуэркIэ поджэж Содомрэ Гоморрэрэ зэрыкIуэдам теухуауэ Библием ит хъыбарым, ауэ адыгэхэм я деж щызекIуэр куэдкIэ нэхъ гъэщIэгъуэнщ. Тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щыпсэу шапсыгъхэрат а хъыбарыжьыр къэзыIуэтэжар… Тхыгъэм адэкIэ щыжеIэ хъыбарыжьхэр адыгэ пшыналъэхэм япэ къежьауэ. Къэхутэныгъэ куу езыгъэкIуэкIыф щIэныгъэлI Iэзэу Кърым-Джэрий зыкъегъэлъагъуэ Сосрыкъуэ и цIыху щIыкIэр щызэпкърихкIэ. Усэбзэу зэхэлъхьа, уэрэдым хуэдэу укъуэдия «Сосрыкъуэ и пшыналъэр» зытеухуам щытепсэлъыхькIэ тхакIуэм дегъэгупсысэ: «Тхылъеджэм тыншу гу лъитэнщ Георгий (Джаурджий) теухуа чристэн IуэрыIуатэмрэ дыдеймрэ зэрызэщхьым. ДауикI, тIум щыгъуэми, Iуэхур зэлъытэжар къыщыхъу щIыпIэмрэ зи гъащIэр Iэджэ щIауэ къэзыгъэщIа ЛIыхъужьхэмрэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, иджыпсту къэтхьа уэрэдымрэ Георгий теухуа IуэрыIуатэмрэ хэт лIыхъужьитIри псэущхьэ шынагъуэжьхэм – абыхэм блэ, иныжь е цIыху яфIэщ – ятокIуэ». Мы щапхъэм нэрылъагъу щохъу Кърым-Джэрий хуигъэфащэр итхыж е пшыналъэм тепсэлъыхьыж къудейкIэ и Iуэхур зэрызэфIимыгъэкIыр, атIэ нарт Сосрыкъуэ теухуа пшыналъэм и мыхьэнэр къитIэщIыну зэрыхэтыр. Тхыдэм къыхих щапхъэр урысхэм я IуэрыIуатэм иригъапщэкIэрэ, ди эпосым и лIыхъужьым и цIыху щIыкIэр дегъэлъагъу. Ауэ дэ арэзы дытохъуэ адыгей щIэныгъэлI ХьэдэгъэлI Аскэр Кърым-Джэрий и IуэхуеплъыкIэ языныкъуэхэр зэримыдэм. Псалъэм папщIэ, арэзы утехъуэныр щыуагъэщ Георгий Победоносецыр «Нарт лъэпкъхэм… къахэкIа лIыхъужьу» Кърым-Джэрий зэрыжиIэм, генуэзцхэм япэгъунэгъуу ар (Георгий) къызыхэкIа лъэпкъыр Геленджик пэмыжыжьэу псэуа хуэдэу къызэриIуатэм. Пэжым ухуеймэ, «мафIэр къэхьыжыным» теухуа хъыбарыр къежьэри, зэман Iэджэ дэкIауэщ генуэзцхэр Кавказым къакIуэу адыгэхэм пашэгъу къащыхуэхъуар. Апхуэдэу тэмэмкъым мафIэр къэзыхьыжа Джэдал теухуа хъыбарри генуэзцхэм алыджхэм я деж нахьэсауэ зэрыжиIэр. Генуэзцхэм куэдкIэ япэ иту алыджхэр Кавказым щыIащ, адыгэхэми илъэсищэ зыбжанэкIэ къыхуаIащ пыщIэныгъэ икIи езы алыджхэм адыгэ IуэрыIуатэр ящIэу щытагъэнущ. Мыбдежым дигу къыщыдгъэкIыжынщ къэбэрдей усакIуэ КIуащ БетIал къызэригъэлъэгъуар «Генуе», «генуэзец» псалъэхэр адыгэбзэм зэрихъумар, абыхэм къатепщIыкIащ Жануэс, Жанусэ цIыхубзыцIэхэр, Жынус цIыхухъуцIэр. «Ди пасэрей гъащIэм теухуауэ псалъэ зытIущ» тхыгъэр щIэныгъэм елэжьхэми газетым еджэхэми икъукIэ гунэс ящыхъуат. Ди лъэпкъыр къызытехъукIыжа пасэрей нартхэр зыхуэдэу щытар къэIуэта хъуат. Ди зэманми мыхьэнэшхуэ иIэщ а тхыгъэм. Абы фIагъ хэлъыр литературэм ехьэлIа къудейкъым. Адыгэ лъэпкъым и эпосыр къызыхуэтыншэу зэфIэгъэувэжын щыхуей мы лъэхъэнэм ар къагъэсэбэп хъунущ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм. ТхакIуэу, журналисту, къэхутакIуэу щытащ Кърым-Джэрий, ауэ адыгэ IуэрыIуатэр къыщищтэкIэ, тхыдэ Iуэхут нэхъыбэу зэрихуэр. Апхуэдэу щыт пэтми, абы и IэдакъэщIэкIхэр художественнэ тхыгъэ щапхъэм тету, гупсысэри куууэ къащыщIигъалъэу узэщIащ. Кърым-Джэрий сыт щыгъуи гукъыдэж иIэт зыщалъхуа Шэрджэсым хуэлэжьэну, къызыхэкIа лъэпкъым и блэкIар зэригъащIэу абы и пщэдейми зы фIыгъуэ гуэрхэр нрихьэжьэну, нэгъуэщIу жыпIэмэ, псэуху ар щIэбэнащ и лъэпкъэгъухэр щIэныгъэм къыхуэгъэушыным, мамыру псэуныр къахузэгъэпэщыным. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, дэтхэнэ тхакIуэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ гъащIэм и дурэшплIэрэшхэми дэплъэным, дунейм и екIуэкIыкIэмрэ цIыхухэм я зэхэтыкIэмрэ и нэкIэ зэригъэлъагъуным. Арат I862 гъэм Кърым-Джэрий зекIуэ щIежьар. Урыс офицер фащэ зыщыгъым дежкIэ, езыр адыгэми, шынагъуэншэтэкъым бгырыс лъэпкъхэм я лъахэм уихьэныр. Ар Iуэху дзыхьщIыгъуэджэт, шапсыгъхэм ухагъэбэгэнкIэ тIэу еплъынутэкъым, итIани дзыхакъым адыгэ щIэныгъэлIыр. I866 гъэм «Кубаныдзэ хъыбархэм» Кърым-Джэрий тредзэ удэзыхьэх тхыгъэ зыбжанэ. КъыщикIухьам и нэгу щIэкIахэм, зыIууа Iуэхугъуэхэм ятритхыхьат ахэр. ТхакIуэр набдзэгубдзаплъэщ, бгырысхэм я дуней тетыкIэр, я псэукIэр тлъагъу хуэдэу нэгум къыщIегъэувэ. ПсыфI, Къудакъуэ, Атэкъуей, КъуакIэпсынэ, Мэзкхъахэ, нэгъуэщI къуажэхэми цIыхухэр зэрыщыпсэур дегъэлъагъу. Зэрыщыту къапщтэмэ, тхыгъэхэм куэду яхэлъхьащ Кърым-Джэрий гъащIэм гъэщIэгъуэну къыхилъагъукIа Iуэхугъуэхэр, IуэхущIафэхэр. Гъуанэ дихьа къимыгъанэу цIыхур зыкъуэпсэукI псори къиулъэпхъэщурэ, къиIуатэр пэж хуэIухуэщIэу зэщIегъэбыдэ, абы и сэбэпкIи сыт хуэдэ гъащIэми и узэщIыкIэ хъур абы щызекIуэ хабзэхэм къапкърыкIыжу зэрыщытым ирепх. Дарий Дахэнур.
Поделиться:
Читать также:
06.11.2026 - 16:56 →
Зэрызехьэм и щIэдзапIэт
06.11.2026 - 12:38 →
И кIуэдыкIар къахуэщIакъым
02.11.2026 - 13:08 →
ЦIыхубэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэр
30.10.2026 - 12:18 →
Тхьэшхуэгухьэж
27.10.2026 - 13:44 →
Адыгэхэм я щIэныгъэр
| ||




