Спорт хъыбархэр

Урысейпсо зэхьэзэхуэхэм хэтынухэр

Ставрополь крайм и Кисловодск къалэм (Нартсанэ) щекIуэкIащ панкратионымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди кэралым и щIыналъэ куэдым я спортсмену 600-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 14-м къыщыщIэдзауэ нэхъыжьхэмрэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм щыIащ спортсмену 80 икIи гупхэм я зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщахьащ.

Я хъэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Мэкъуауэ Елдар, Ульбашев Iиляс, Джэрыджэ Темырлан, Дзагуэ Ислъам, Къарэ Ибрэхьим, Къуэший Къантемыр, ХьэхъупащIэ Ислъам, Джафаров Ринат, Бырсэ Аскэр сымэ.

Токумаев Идар, Абазэ Ислъам, Аппаев Амир, Къумыкъу Назир сымэ дыжьын медалхэр къахьащ.

Ещанэ хъуахэщ ЖьэкIэмыхъу Илимдар, Къашыргъэ Сэлихь, Мэхуэ Азрэт, КъуэщIысокъуэ Iэдэм, Къунаш Дамияр, Къарэ Андемыркъан, Абрэдж Альмир, Ажий Темырлан сымэ.

 НыбжьыщIэхэм я зэпеуам япэ увыпIэхэр къыщахьащ Колечкинэ Кирэ, Щад Илонэ, Инджаев Айдар, Щомахуэ Алий, ЛъэкIэпщы Алан сымэ. Чэрим Iэдэмрэ Наджафов Муслимрэ етIуанэщ, Шэрий Темырлан – ещанэщ.

Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Джырандокъуэ Амир, Мэш Алий, Щоджэн Артур, Дзагуэ Руслан, Джатэ Iэсхьэд, Лабазанов Садиртин сымэ.

 Зэхьэзэхуэр къызэрыхахыу щытащ икIи абы къыщыхэжаныкIахэм Iэмал ягъуэтащ урысейпсо зэIущIэхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну, жиIащ Джатэ Iэсхьэд.

 

БжьыхьэлIыр зэкIэ етIуанэщ

УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Трифонов Владимир и саугъэтыр къэхьыным хуэунэтIауэ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 25-м я спортсмену 289-рэ, я ныбжькIэ 18-м щIимыгъуауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэу 4 зэхьэзэхуэм щыIащ икIи абыхэм ящыщу БжьыхьэлI Саид килограмми 110-рэ зи хьэлъагъхэм я деж дыжьын медаль къыщихьащ.

ЩIалэм дэлажьэр Щокъарэ Муратщ.

 

  Спортсмену 300-м нэблагъэ

Карате-киокусинкаймкIэ зэхьэзэхуэ зэIуха иджыблагъэ щекIуэкIащ Астрахань къалэм. Абы щызэпеуащ УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 6-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 300-м нэблагъэ.

 Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу зэхьэзэхуэм цIыхуипщI щыIати, 9-м медаль зэхуэмыдэхэр къахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Жьыджатэ Алан, Саутич Данил, Хьэнэ Идар, Макаев Артур, Къамбий Талостэн сымэ.

  Магомедов Даниал етIуанэ хъуащ, Къардэн Селим, Хачиев Арам, Хачиев Марат сымэ ещанэщ.

  Командэм дэлажьэр Къармокъуэ Амурбэчрэ Мэршэнкъул Къантемыррэщ.

  ЗэкъуэшитIым я фэеплъу

 ХьэIупщыхэ Атмиррэ Ратмиррэ зэкъуэшхэм я фэеплъ зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ иджыблагъэ. Илъэс къэс ирагъэкIуэкI зэпеуэм хэтащ республикэм и дзюдоист ныбжьыщIэу 240-рэ, 2026-2017 гъэхэм къалъхуахэу.

 Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Къурмэн Мухьэмэд (кг 22-рэ), Къундей Азэмэт (кг 26-рэ), Уэзрокъуэ Мухьэмэд (кг 30), Пщыгъусэ Беслъэн (кг 34-рэ), Семэн Имран (кг 38-рэ), Сыжажэ Алихъан (42-рэ), Щэбэтыкъуэ Даниял (кг 46-рэ), Куп Тимур (кг 50), Кумыщ Жантемыр (кг 55-рэ), КIампIарэ Астемыр (кг +55-рэ) сымэ.

 ЩIалэхэм я тренерхэр Джалабов Къайсын, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, Борыкъуей Юрэ, Мырзэхэ Тимуррэ Казбекрэ, Унэж Алик, Таухэ Сэфарбийрэ Азэмэтрэ, Джэданэ Залым сымэщ.

      МЭРШЭН Батыр.

 

Поделиться:

Читать также: