ЩIыналъэр ирагъэфIакIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей илъэсхэм щрагъэкIуэкI зэIузэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэм хыхьэу Тэрч къалэм Лермонтовым и цIэкIэ щыIэ и уэрамыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. НобэкIэ гъуэгум и лъэныкъуитIымкIи лъэс лъагъуэхэр щагъэтэмэмащ, мывэхэмкIи кърагъэбыдэкIыжащ, уэрамым зэ ирикIуэгъуэу асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьащ. Абыхэм къадэкIуэу, уэздыгъэхэр зыпадзэну пкъохэр ягъэув.

Лермонтовым и цIэкIэ щыIэ уэрамыр къалэкум хуозэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуахущIапIэхэми, промышленнэ щIыпIэхэми уахуешэ. ЗэхъуэкIыныгъэшхуэхэр зрагъэгъуэт уэрамым лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI «Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт IэнатIэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ икIи псори зэхэту сом мелуани 101,7-рэ абы трагъэкIуэдэнущ. Лэжьыгъэхэр мы гъэм бжьыхьэм зэфIагъэкIын мурад щыIэщ.

«Къалэдсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Нарткъалэ цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэр зэIузэпэщ ящIащ мы гъэм. А лэжьыгъэхэм хухахащ сом мелуан 13.

ЛэжьакIуэхэм къагъэщIэрэщIэжащ гъуэгущхьэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ. Абы къыдэкIуэу уэздыгъэхэр щыпадзащ, къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ зыгъэпсэхупIэ зэпэщ хуащIащ. Апхуэдэуи абы щагъэувынущ тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэмрэ. ИужькIэ, жыгыщIэхэр щыхасэнущ.

«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Май къалэм и курыт еджапIэ №5-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ мы гъэм.

1962 гъэм яухуа школым иужьрей илъэс 60-м къриубыдэу лэжьыгъэ ин япэу щрагъэкIуэкIауэ аращ. ЕджапIэм и унащхьэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIащ, унэ IуплъапIэр зэIузэпэщ ящIащ, пэшхэр, пырхъуэхэр къагъэщIэрэщIэжащ. Сабийхэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу видеокамерэхэр ягъэуващ, школыр интернетым падзащ, техникэщIэхэр, обрудованэхэр, унэлъащIэ щIагъэуващ, пщэфIапIэр зыхуей хуагъэзащ. Школым къедза щIыпIэри зэIузэпэщ ящIащ.

Республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьынымкIэ щыIэ программэм ипкъ иткIэ зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр иджыпсту щрагъэкIуэкI Налшык къалэм и курыт еджапIэ №31-ми. Школым и унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIащ, пэшхэр Iэхуитлъэхуит ящIащ. Иджыпсту лэжьакIуэхэм лъэгухэр зыхуей хуагъазэ, ламинатхэр иралъхьэ, сантехникэхэр щIагъэувэ.

Апхуэдэ лэжьыгъэхэми къызэщIрагъэубыдащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №5-ри. Ахэр зэхаублащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ.

Къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжыну школым пкъыгъуэжьхэр къыпкъырахащ, адэкIэ, инженер коммуникацэхэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр къанэ зэрахъуэкIынущ, пэшхэр Iэхуитлъэхуит ящIынущ, лъэгухэм плиткэрэ керамогранитрэ иралъхьэнущ, унэ IуплъапIэри зыхуей хуагъэзэнущ.

Налшык къалэм и курыт еджапIэ №27-м зэIузэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI мы махуэхэм. ЖыпIэнурамэ, бжэ-щхьэгъубжэхэр, псы къабзэ, хуабэ зэрыкIуэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр, ток кIапсэхэр зэрахъуэкIащ, иджырей уэздыгъэхэр щIашащ. Иджыпсту пэш кIуэцIхэмрэ IуплъапIэмрэ зыхуей хуагъазэ. ЕджакIуэхэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу мафIэсым щызыхъумэ Iэмэпсымэхэр ягъэув. Школым и пщэфIапIэри щыIэ санитар мардэм кърагъэтIэсащ, обрудованэщIэхэмрэ техникэщIэхэмрэ щIагъэуващ.

Бахъсэн щIыналъэм и ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и курыт еджапIэ №2-ри къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Школым метр зэбгъузэнатIэ мини 3-м щIигъу еубыд, зэраухуэрэ илъэс 45-м щIигъуащ икIи абы лъандэрэ мыпхуэдэ Iуэхугъуэ инхэр зэи щызэхаублакъым.

НобэкIэ еджапIэм и унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIащ, унэ IуплъапIэр зэпэщ ящIащ, пэшхэм унэлъащIэ, егъэджэныгъэ обрудованэхэмрэ техникэхэмрэ щIагъэувэ. Школым еджакIуэу 179-рэ къокIуалIэ, абы къепхауэ лажьэ сабий садым сабийуэ 74-рэ щаIыгъщ.

Лэжьыгъэхэр еджапIэм щекIуэкIыхукIэ еджакIуэхэр курыт еджапIэ №3-мрэ нэгъуэщI сабий садымрэ зэкIэ ягъэкIуащ.

«Бизнес-спринт» къэрал пэхуэщIэмрэ «Физкультурэмрэ спортымрэ зегъэужьын» щIыналъэ программэмрэ япкъ иткIэ Дзэлыкъуэ районым и Каменномост къуажэм Къамбий Мухьэб и цIэр зезыхьэ и курыт еджапIэ №1-м и пщIантIэм щаухуащ спорт лIэужьыгъуэ куэдым зыщыхуагъасэ иджырей спорт утыкушхуэ. Абы щагъэуващ турникхэр, тренажерхэр, брусьяхэр, тетIысхьэпIэхэр.

Спорт утыкум хьэлэмэту хэлъыр QR-кодкIэ зэпыпщIэу зэрызыбгъэсэным теухуауэ видеодерсхэм узэреплъыфырщ. Ар зэхуэдэу къахуэгъэсэбэпынущ еджакIуэ цIыкIухэми къуажэдэсхэми.

БЭЛЭТОКЪУЭ Замир.
Поделиться: