Къуэпс быдэ зыдза къэхъугъэхэрДи лъэпкъ тхакIуэхэм ящыщ куэд поэмэ жанрми я зэфIэкI щеплъыжащ. А унэтIыныгъэм зи къалэмыр щызыгъэлъэщахэм яхэтщ Бещтокъуэ Хьэбаси. Бещтокъуэм и IэдакъэщIэкIхэм тетхыхьащ критикхэр, литературэджхэр. Филологие щIэныгъхэмкIэ кандидат Къэжэр Инни «Лъэпкъ балладэмрэ поэмэмрэ я щхьэхуэныгъэхэр» и тхыгъэм Бещтокъуэм и поэмэм гулъытэ щыхуищIащ. «Совет лъэхъэнэр тегъэщIапIэ ищIурэ иджырей псэукIэ-зэхэтыкIэр зыхуэдэр къытхузэIуех Бещтокъуэ Хьэбас и поэмэ «КхъуафэжьейкIэ хым зэпрысыкIхэр» (2004) зыфIищам. Ныбжьэгъугъэм, фIылъагъуныгъэм, ныбжьым елъытауэ цIыхум и дуней еплъыкIэм зэрызихъуэжым, гъуазджэм къылъыс гулъытэм, нэгъуэщIхэми зэхуаIэ зэпыщIэныгъэхэм къагъэщIащ мы тхыгъэр. Бещтокъуэ Хьэбас и поэмэм къыщыгъэлъэгъуэжа зэманыр гугъу удемыхьыщэу зэхыбогъэкIыф – ар ХХ лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэрщ. Апхуэдэу тхыгъэм пхрыкI гъащIэ гъуэгу зэхэкъутахэмкIэ, къэралым щэхуу иригъэкIуэкI IуэхухэмкIэ къыхощ къэралыгъуэ псэукIэр къызэрежьэрэ къуэпс быдэ зыдза къэхъугъэхэр. Мыбдежым ахэр зэман хэгъэщхьэхукIам «и фащэкIэ зыкъахуэпауэ» аркъудейщ. Къызэрыхэдгъэщащи, къэхъукъащIэхэр къыщыхъур зэман блэкIаращ. Нэхъ къыхэнэIукIхэм ящыщщ Нэрзиз и лъагъуныгъэм, Мажид и бынунагъуэм, Уэзырмэс гузэвэгъуэм къызэрыхэкIам теухуа хъыбархэр. Ахэр нэм занщIэу къыIуидзэ Iуэхущ, ауэ абыхэм я щIыб къыдэтщ лIыхъужьхэм я гупсысэкIэм, я зэхэщIэкIэм къыщыхъу зыхъуэкIыныгъэхэри. Апхуэдэхэр нэхъ зыхэплъагъуэри псалъэмакъ екIуэкIхэм я кум къыдэхъуэ зэман пычыгъуэ кIэщIхэрщ. Ауэ псалъэмакъхэм къытхуаIуатэ гупсысэхэри щIэуэ пхужыIэнукъым: зи гур сыт щыгъуи зыгуэрым лъыхъуэ цIыхум и псэм къытехуэ удынхэр, тыншыгъуэр гъэнэхъыщхьэнымрэ гъуазджэм щхьэузыхь зыхуэщIынымрэ я зэпэщIэтыныгъэ мыухыжыр, щIалэгъуэ гукъыдэжыр хуэмурэ ныбжьым зэрыдэкIуэщIыр, апхуэдэм и дуней еплъыкIэр нэхъ «хьэлъэ» хъууэрэ зэрыкIуэр… Мыбыи гу лъытапхъэщ: лIыхъужьхэм я шыфэлIыфэм ехьэлIа нэщэнэ гуэрхэр поэмэм къыхэщу щыткъым. Хэзыгъэгъуазэ Iыхьэм ахэр зи къару илъыгъуэ, гъуазджэм хуэмыхамэ гупу къыщытщIэу аращ. Теплъэр гъэнэIуэныр къапщтэмэ, Бещтокъуэр абы зэрыбгъэдыхьэр зэгъэзэхуэпауэщ. Апхуэдэу, поэмэм щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къыщыхохьэ Наташэ и пейзаж сурэт дахэхэр (и щIалэгъуэм Нэрзиз илъэгъуауэ щытахэр), езы Нэрзиз итха «гуфIэгъуэ лъэпкъ зи нэгу щIэмылъыж» сурэтхэр (лIыхъужьым и ныбжьыр щыхэкIуатэ зэманыр). Абыхэм къадэкIуэу уаIуощIэ сурэтыщI щIалэм и лэжьыгъэхэмрэ график цIэрыIуэм ейхэмрэ усакIуэм щызэпилъыт теплъэгъуэхэр, дуней еплъыкIэ зэтемыхуэхэм я дамыгъэу. Ауэ, къызэрыхэдгъэщащи, апхуэдэ образхэм увыпIэшхуэ щаубыду щыткъым поэмэм. Нэхъыбэ зылъысыр зэпсэлъэныгъэхэм е зэдауэхэм къахэIукI гупсысэхэрщ. ЛIыхъужьхэм ящIыгъуу поэмэм и гъэпсыкIэми зехъуэж. Япэ Iыхьэхэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ лIыхъужьхэм я щIалэгъуэр, нэхъыбэу къызэрыгъэлъэгъуар «усэ хужькIэ» дызэджэ тхэкIэм тетущ (зэзэмызэ рифмэр къыхохьэ Улэ, Уэзырмэс я репликэхэм деж, пщащэм ехьэлIауэ Нэрзиз и псалъэ «гумащIэхэр» егъэдахэ). ЛIыхъужьхэм я балигъ гъащIэм теухуа Iыхьэхэм бжьыпэр щызыубыду тлъагъур прозэу ухуа диалогхэрщ. Ремаркэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, теплъэгъуэхэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэм пIалъэ гуэрхэр я зэхуаку дэтщ. Аращи, пычыгъуэ зэкIэлъыкIуэхэм зэманым и кIуэкIэм зыдащI. Абыхэм я зыхъуэжыкIэр нэрылъагъуми, зэманыр езыр лъэхъэнэ пыухыкIа гуэрым и гъунапкъэм итыжщ. А лъэхъэнэм зришэлIауэ поэмэм къыщыгъэлъэгъуар зэлъэпкъэгъухэращ. Абы къыпкърокIыж адыгэм ди зэхэщIыкIри, хьэл-щэнри, езы адыгагъэри, нобэрей гъащIэм езэгъыу, гъуазджэм хуэлэжьэн зэрыхуейри. Абы ехьэлIауэ гъэщIэгъуэнщ Роман и гупсысэхэр: «ЦIыхум и нэгум диплъэурэ и лэжьыгъэр къызэрытщыхъури жетIэфу зедгъэсэнумэ, и чэзу хъуакъэ, адыгэ хабзэ фэрыщIым и Iупхъуэ хъыбийм ди щхьэр зэзэмызэ къыкъуэдгъэжурэ?!» ИтIанэ, куэд къытхуэзыIуатэ а Iуэхугъуэхэм яхыубжэ хъунущ поэмэм и иужьрей пычыгъуэм къыщыхьа письмор урысыбзэкIэ зэрытхари. Урысыбзэм хэту мыбдеж «Нарцисс» цIэм и хьэлэмэтагъми наIуэ зыкъыщещI, письмом абы бгъэдишэ Страдивари и скрипкэри щIыгъужу. Гъуазджэм дихьэх цIыхум и образым ехьэлIауэ апхуэдэ зэгъунэгъугъэр, дауи, зэрымыщIэкIэ къэхъуауи, мыхьэнэншэуи пхужыIэнукъым. ЦIэм и къызэкъуэхыкIэри ар зезыхьэ лIыхъужьым и хьэлым пэджэж мэхъу. Нарциссыр, алыдж мифологием къызэригъэлъагъуэмкIэ, зи щхьэр хэзыгъэщIэрэщIыкI дахагъэм и дамыгъэщ. Ауэ мыри гурыIуэгъуэщ: апхуэдэ еплъыкIэм тету фIэщыгъэцIэри, абы и щIыб къыдэт къэхъугъэри – дахагъэ егъэлеяр – адыгэ щIалэм и теплъэ, и щытыкIэ дызэсам хэмызагъэ Iуэхуу къыщIедзыж. Адыгэ щэнхабзэмрэ иджырей гъащIэмрэ теухуа нэщэнэ гуэрхэр къыхыболъэгъукI поэмэм хэт цIыхубз образхэми. Апхуэдэу поэмэм хэтри куэд хъуркъым, абыхэм ящыщу тIум – Наташэрэ Надярэ – зы дуней еплъыкIэщ яIэр, адрей тIум – Улэрэ ФатIимэтрэ – я гупсысэкIэхэр IэджэкIэ зэтемыхуэу долъагъу. ФатIимэт зи гур бынунагъуэ насыпым хуэпабгъэ адыгэ цIыхубз къызэрыгуэкIщ. Улэ, гъащIэ гугъум Iущ ищIащи, адыгэ хабзэм бзылъхугъэм ехьэлIауэ игъэдурысхэм емыкIуалIэ Iуэху еплъыкIэхэм хуэпэж цIыхущ. А образырщ поэмэм и фIэщыгъэцIэм усакIуэм щIилъхьа гупсысэхэр къэзыIуатэр: «Захуэбгъэгусащи хъунукъым, ФатIимэт, мы ди щIалэхэм. Хым кхъуафэжьейкIэ зэпрысыкIым щезгъапщэ щыIэщ ахэр сэ». Улэ и дуней тетыкIэр ягъэзахуэ хуэдэу къыпщохъу Нэрзиз и ныбжьэгъу щIалэм жриIэхэм: «Уа, Роман, уи жагъуэ пщIыни мы Iуэхум хэлъкъым. ЩыIэжкъым а зэман дахэр – зауэм къимыкIыжа лIым адыгэ фызыр хуэпэжу псэуху пэплъэу щыщытар». Ауэ хэт и Iуэху еплъыкIэр мыбдеж щытекIуэнуми къэщIэгъуейщ, щхьэж и «пэжыр» езым къыхуонэж. ЛIыхъужьхэм я зэхущытыкIэри Iуэху щIэгъэбыда гуэрхэм теткъым. Тхыгъэм и курыкупсэм къыхэхутэ зэныбжьэгъу гупым я дэтхэнэри (Нэрзиз, Уэзырмэс е Мэжид къэтщтэнщи) иджырей гъащIэм пэщIоувэ, абы хуэмыарэзыуэ долъагъу. Мыхьэнэшхуэ иIэкъым абы зэрыхуэкIуа щIыкIэм – щхьэхуиту е щхьэхуимыту – тIум щыгъуэми лъэхъэнэм къигъэщIа цIыхубэ зэхэтыкIэм игъэдахэ Iуэхугъуэхэм ахэр къыпыщхьэхукIауэ икIэм-икIэжым къыщIедзыжхэр».
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
07.11.2026 - 11:18 →
ЩIалэгъуалэр хэкупсэу къэхъуным толажьэ
| ||




