Зэхьэзэхуэ инхэр къапоплъэ

Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и командэ къыхэхам фокIадэм икIэхэм зыгъэсэныгъэ зэхуэс щригъэкIуэкIащ Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием. Къэралым и дзюдоист нэхъ лъэщу 120-м щIигъу ди республикэм къэкIуат Азербайджаным и къалащхьэ Баку щызэхэтыну дунейпсо чемпионатымрэ УФ-м и чемпионату Минводы къалэм щызэхашэну зэпеуэмрэ зыхуагъэхьэзырыну. А зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIынур мы гъэм жэпуэгъуэм и 4-18 махуэхэрщ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урысейм и командэ къыхэхар мы гъэм етIуанэу КъБР-м щыIащ. Европей чемпионатым зыхуагъэхьэзыру ахэр гъатхэм къэкIуауэ щытащ ди республикэм. Ди щIыналъэр къыщIыхахым и щхьэусыгъуэр, спортсменхэмрэ тренерхэмрэ зэрыжаIамкIэ, зэхьэзэхуэ инхэм захуэбгъэхьэзырын щхьэкIэ «Пять колец» спорт академием и спорт базэр сыт и лъэныкъуэкIи зэрызэпэщырщ.

«Дэ иджыпсту къытпэщылъщ дунейпсо чемпионатым дыхэтыну. Зыгъэсэныгъэ зэхуэсыр хъарзынэу идогъэкIуэкI, хуэмурэ зыдогъэхьэзыр, спортсменхэм я зэфIэкIхэм хыдогъахъуэ», - жиIащ УФ-м и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжь Тау Хьэсэнбий.

Иджырей зэхуэсым дзюдоистхэр нэхъыбэу зэлэжьар я къарумрэ бэшэчагъымрэ хэгъэхъуа, я хьэлъагъхэр ирикъуу чемпионатым зрагъэхьэлIа, къапэщIэхуэнкIэ хъуну, фIыуэ яцIыху я хьэрхуэрэгъухэм зыхуэгъэхьэзыра зэрыхъунырщ.

УФ-м и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Морозов Дмитрий жиIащ, зэхуэсым щыIа спортсменхэр гупиплIу гуэшауэ зэрыщытар, зыгъэпсэхугъуэ махуэ ямыIэу, ерыщу абыхэм зэрызагъэсар.

«Спортсмен къэс щхьэхуэу дыдэлэжьащ, абыхэм къапэщIэхуэнкIэ хъуну бэнакIуэхэм хуэдгъэхьэзыру, гу зылъытапхъэхэм нэхъ тедгъащIэу», - къыхигъэщащ Морозовым.

Апхуэдэуи абы жиIащ, бэнакIуэр дапхуэдэу мылъэщами, текIуэныгъэм ар щIэбэнын щхьэкIэ, гупым хэту зигъэсэным куэд зэриIыгъыр.     

Республикэм щыIа бэнакIуэхэм яхэтащ Европэмрэ УФ-мрэ я чемпионатхэр щэнейрэ къэзыхьа Ендовицкий Валерэ.

«Зэхьэзэхуэхэм лъэщу захуэбгъэхьэзырын щхьэкIэ, узыхуеину хъуар мыбы щыIащ. Ауэ псом япэу къыхэзгъэщынур фи цIыхухэм я гуапагъэмрэ хьэщIэ егъэблагъэкIэмрэщ.

ФIыщIэ ин яхузощI мы зэхуэсыр къызэзыгъэпэщахэм, фи деж зыщыдгъэсэну, зэхьэзэхуэм зыщыхуэдгъэхьэзырыну IэмалыфIхэр къыдэзытахэм. Спортсменхэм ящыщу гулъытэншэ зыри хъуакъым, гуапэщ ар плъагъуну. Нэхъ ерыщыжу узэрылэжьэным абы утрегъэгушхуэ», - жиIащ Ендовицкэм. Мы щIалэм дунейпсо чемпионатым зыкъыщигъэлъэгъуэнущ килограмми 100-м щIигъухэм я деж.

Къэралым и дзюдоист нэхъ лъэщхэм яхэтащ Китайм и Циндао къалэм щекIуэкIа Гран-прим щытекIуа Абазэ Астемыр.

«Уи унэ ущыIэу зэхьэзэхуэхэм захуэбгъэхьэзырыну нэхъ тыншщ, дауи. Хъарзынэу долажьэ, псомкIи дыарэзыщ. Щхьэж къыпэщылъ зэхьэзэхуэм ерыщу зыхуегъэхьэзыр», - жиIащ абы.

Абазэр зыхэтынур УФ-м и чемпионатырщ. Иджыпсту нэхъыбэу зытригъэщIар и къарум хигъэхъуэнымрэ и бэнэкIэ Iэмалхэр иригъэфIэкIуэнымрэщ. Дуней псом щыцIэрыIуэ спортсменхэм я гъусэу зэрызигъасэми и лъэр нэхъ жан ещI.

«Олимп джэгухэм, дунейпсо чемпионатхэм щытекIуахэмрэ призер щыхъуахэмрэ щыслъагъукIэ, сэри абыхэм ещхь сыхъуну сызэрыхуейр къызгуроIуэри, нэхъыбэжым сытрегъэгушхуэ», - къыхигъэщащ Абазэм.

Зыгъэсэныгъэ зэхуэсыр зэрекIуэкIыр зригъэлъэгъуащ икIи спортсменхэмрэ тренерхэмрэ яIущIащ УФ-м дзюдомкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Соловейчик Сергей.

Мыдрейуэ, Баку щызэхэтыну дунейпсо чемпионатым и зэфIэкIхэр щигъэлъэгъуэнущ килограмм 60 зи хьэлъагъэхэм я деж бжьыпэр щызыIыгъ, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Гъэунэ Анзор и гъэсэн Блий Iэюб.

КЪУЭЖЕЙ Iэмин.
Поделиться: