Шордакъдэсхэм я «Адыгэ унэр»

 

Шордакъ къуажэм къыщызэIуахащ «Адыгэ унэ» IуэхущIапIэр. Абы щрагъэкIуэкIынущ адыгэбзэр, щэнхабзэр, хабзэр егъэфIэкIуэным хухэха зэIущIэхэр, пшыхьхэр, дерсхэр – щIэблэр лъэпкъ гупсысэм хуэунэтIыным хуэгъэпсауэ лэжьэнущ. IуэхущIапIэр къызэригъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмкIэ и къудамэр къэзыуха Жанкъазий Аринэ.

- Адыгэбзэ зыщадж IуэхущIапIэ къызэIухыным университетым сыщыщIэс лъандэрэ сегупсысырт. Лъэпкъыр фIыуэ зэрыслъагъум хуэдэу, ди щIэблэ къыдэкIуэтейми ялъагъуну сыхуейт – сехъуапсэрт щIэблэм Хэку, лъэпкъ лъагъуныгъэ я гум илъыну. Апхуэдэ гупсысэхэр диIэу си шыпхъумрэ сэрэ къызэдгъэпэщащ мы Iуэхур – «Адыгэ унэр» зыхуей хуэдгъэзащ. Щхьэпэ хъуну къэтлъытащ адыгэбзэкIэ псэлъэну, щэнхабзэм и дахагъэр щызрагъэлъагъуну, лъэпкъ гупсысэм щыхэтыну зы щIыпIэ щыIэныр – жеIэ Аринэ, «Адыгэ унэр» къызэIуихыным щIыхуэкIуам тепсэлъыхьу. Аринэ къызэрыхигъэщамкIэ, мыбдежым адыгэбзэкIэ зэрыщыпсэлъэнум, щIэблэр хабзэ-нэмысым зэрыщыхуагъэсэнум, IэпэIэсагъэм зэрыщыдрагъэхьэхынум къыдэкIуэу, адыгэбзэкIэ театр цIыкIуи щылэжьэнущ. Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ хуагъэхьэзырынущ утыкум гушхауэ ихьэфыным, я бзэр анэдэлъхубзэм хуэкъутауэ абы итыным, театреплъхэм я гум дыхьэным.

Жанкъазий Аринэ «Адыгэ унэр» къыщызэIуихым ар даIыгъащ и унагъуэм, къуажэдэсхэм, къуажэ администрацэм, ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэхэм.  Пщащэм абыхэм фIыщIэ яхуищIащ, зыпэрыува Iуэхум теухуауэ и гуащIи и зэмани зэремыблыжынур жиIащ.

        

 ГУГЪУЭТ Заремэ.

        

Поделиться: