Щыхьэрымрэ щIыпIэ пхыдзахэмрэ зэщхькъым

ЦIыхухэр тхылъ еджэжыркъым жаIэ щхьэкIэ, хуейм зыхуейр къызэригъуэтынур гурыIуэгъуэщ. Ауэ лъэпкъ цIыкIухэм я бзэмкIэ къыдэкIхэм я бжыгъэр куэдкIэ зэрынэхъ мащIэм уи щхьэфэцым зригъэIэт къудей мыхъуу, уи гъын къегъакIуэ. 
  Урысейм и Тхылъ палатэм 2026 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм епха бжыгъэхэр къигъэнэIуащ. Абы къикIращи, къэралым къыщыдэкIа газетхэмрэ тхылъхэмрэ я Iуэху зыIутым, нэгъуэщI мыхъуми, хуэгъэфэщауэ щыгъуазэ зытщIыфынущ. 
 Бжыгъэхэм шэч къызытепхьэ хъуну гуэрхэри къыхэхуэну къыщIэкIынщ, итIани, ахэр къыздитхар «официальнэу» къытрадза отчётхэрщ. 2025 гъэм къэралым печать къыдэкIыгъуэу 6222-рэ иIауэ къигъэлъэгъуауэ щытащ Тхылъ палатэм. Мы гъэм ейр псори зэхэту зэрыхъур 5532-рэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, къагъэлъагъуэ пIалъэм къриубыдэу, къэралым къыщыдэкI газетхэм я бжыгъэм 700 хэщIащ. Федеральнэ округхэм ятещIыхьауэ, къэнахэм зэрызагуэшар мыпхуэдэущ: 
КъуэкIыпIэ Жыжьэ округым - газет 342-рэ;
Приволжскэм – 1383-рэ;
Ищхъэрэ-КъуэкIыпIэ округым – 716-рэ; 
Кавказ-Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм – 227-рэ;
Сыбыр округым – 593-рэ;
Урал округым – 471-рэ;
Центральнэ округым – 1306-рэ;
Ипщэ федеральнэ щIыналъэм – 410-рэ;
Донецк лъэпкъ республикэм – 36-рэ;
Луганск лъэпкъ республикэм – 36-рэ;
Запорожскэ областым – 4; 
Херсон областым – 8;
Палатэм къигъэлъэгъуащ Урысейм тхылъу, брошюрэу, альманахыу, журналу щIыналъэ щхьэхуэхэм къыщыдэкIахэм я бжыгъэри. КИФЩI-м и закъуэ къапщтэмэ, псори зэхэту тхылъ 835-рэ щытрадзауэ аращ. Абыхэм ящыщу: 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм – 90;
Къэрэшей-Шэрджэсым – 44-рэ;
Дагъыстэным – 301-рэ;
Ингушым - 9;
Шэшэным – 28-рэ;
Ставрополь крайм – 275-рэ;
Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм – 88-рэ;
 Адрей Iыхьэхэм нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэнщ дунейм бзэуэ тетымкIэ Урысейм къыщыдэкIа тхылъхэм я бжыгъэр. Абыхэм хэчыхьауэ зыбжанэ къахэтхащ, щытыкIэр IупщI хъун хуэдэу: 
КъэбэрдеибзэкIэ – 1;
Къэбэрдей-шэрджэсыбзэкIэ – 2;
АдыгеибзэкIэ – 8;
БалъкъэрыбзэкIэ – 1;
АбазэбзэкIэ - 9;
ИнджылызыбзэкIэ – 611-рэ;
КъэрэшеибзэкIэ – 6;
ОсетиныбзэкIэ – 8;
УрысыбзэкIэ - 51922-рэ;
ТэтэрыбзэкIэ – 155-рэ;
Бзэ псомкIи зэхэту – 53508-рэ;
Урысейм и лъэпкъхэм я бзэкIэ – 52760-рэ; 
 «Къэбэрдеибзэ», «къэбэрдей-шэрджэсыбзэ» фIэщыгъэхэр зэрит дыдэм хуэдэу къэтхьащ. 
 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: