Зэрыщыгугъам емыщхьу зихъуэжащПолитикэм щыхабзэр гъащIэм щекIуэкIым щытемыхуэ куэдрэ къохъу. Хэхыныгъэхэм я зэманым цIыхухэр ирагъэхъулIэнкIэ къэзыгъэгугъэхэм иужькIэ я хьэлыр зэрахъуэжри нэрылъагъущ. Франджым мэлыжьыхьым и 10-м щекIуэкIыну хэхыныгъэм щызэпеуэнухэм яхэтщ илъэс куэд щIауэ политикэм хэт Ле Пен Марин. ХэхакIуэхэр къыдихьэхын папщIэ, абы муслъымэн цIыхубзхэм я теплъэр къигъэсэбэпыну мурад ищIащ. Езым къыдэщIхэр Ле Пен къегъэгугъэ цIыхубзхэм я щхьэцыр щIахъумэу яхуэзымыдэ хабзэщIэ къыдигъэкIынкIэ. Франджы цIыхубэр апхуэдэу къэгъэпцIэгъуафIэу къыщIэкIакъым. Ислъам диныр зезыхьэхэм ядэщIу, абы зыкIи емыпха цIыхубзхэм IэлъэщI зытралъхьэурэ, я интернет напэкIуэцIхэр «щхьэфIэпхыкI» темэм ирагъэуфэбгъуащ. Хуэмурэ абыхэм IэлъэщI зэзышэкIа цIыхухъухэри къахохъуэ. Уэрам сурэтыщIхэм яз Джереми «хиджаб» флэшмобым нэхъ гъэщIэгъуэныжу хэуващ. Абы езы Ле Пен Марин IэлъэщI телъу, и щхьэцыр щIэхъумауэ сурэт ищIри, плакатыр Париж щызэбгригъэкIащ. Дауи, хэхыныгъэ щыхъукIэ, кандидатхэр зэмыныкъуэкъуу хъуркъым. Ле Пен къыпэщIэтхэми жаIэн ягъуэт: «Бзылъхугъэхэм я щхьэцым иращIэнум фIэкIа, Франджым нэгъуэщI лъэпощхьэпо къимынэжауэ ара? Мыбы дызэригъэпудыр щхьэ къагурымыIуэрэ?» Франджым щрагъэкIуэкIа бжыгъэ къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, цIыху куэдым яфIэфIкъым цIыхубзхэм я щхьэцыр зэрыщIахъумэр. Абы трищIыхьри, къыдэщIхэм я бжыгъэм хигъэхъуэн папщIэщ Ле Пен хиджабым и Iуэхур къыщIиIэтар. Ауэ захуагъэм и телъхьэхэр нэхъыбэу къыщIэкIауэ, дин зезымыхьэхэри ислъамым къыщхьэщож.
Поделиться:
Читать также:
07.11.2026 - 09:03 →
Зэпыу щымыIэн хуэдэу
06.11.2026 - 13:47 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УКАЗ
03.11.2026 - 14:58 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
02.11.2026 - 15:13 →
ХабзэщIэ къыдэкIащ
02.11.2026 - 11:30 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
| ||




