Гюлибик

Зауэжь нэужьым Тыркум Iэпхъуа адыгэхэм я щIэблэщ актёр, тхакIуэ, сценарист цIэрыIуэ Онер (ГъуэгулI) Четин. Къайсэр вилайетым хыхьэ Бинбогалар бгылъэ къуажэм къыщалъхуащ ар. Фи пащхьэ идолъхьэ ГъуэгулIым сабийхэм яхуитха «Гюлибик» (адакъэм и цIэщ) повестым и зы пычыгъуэ.

Гъэ еджэгъуэр зэрыщIидзэу щIэныгъэм сызэщIищтати, Гюлибик пIалъэкIэ лъэныкъуэ езмыгъэзу хъуакъым. Япэм хуэдэу, сыхуеиху сыдэджэгужыфыртэкъым. СыхущIыхьэртэкъым. Хуабэ хъужу, зыгъэпсэхугъуэ мазэхэр къыщысыным сыщIэхъуэпсу есхьэкIырт.

А илъэсым щIымахуэр зэуэзэпсу къыттеуат, нэм илъагъур уэс Iувым щIигъэнауэ нэху къекIри. ЕджакIуэ къэс тезэч къыздихьыну и къалэнт. Арат гъэсыныпхъэу диIэри, дунейр нэхъ щIыIэ къэхъуху, ди гъэсыныпхъэми псынщIэу хэщIырт. Махуэ къэси нэхъ мащIэ хъурт ди гъэтIылъыгъэхэр: фошыгъур, пхъэр, хьэжыгъэр, вакъэр.

И нэхъыбэр пхъэ вакъэкIэ еджапIэм къакIуэрт, лъэпэд зимыIэххэри куэдт. Лъакъуэ пцIанэкIэ вакъэм итхэр еджапIэм зэрынэсу, жьэгъум бгъэдэтIысхьэрти, я лъакъуэ дияхэр ягъэхуэбэжырт. Къэхуэбэжа лъакъуэр бэгырт ущхъуэнтIыжауэ. Хуэм-хуэмурэ хэщIырт Iэщ Iусми: мэкъум, хьэм, лъэхъц гъэгъуахэм. Ауэрэ мэлхэри, бжэнхэри, жэмхэри уэд къэхъурт.

Зэгуэр Iуэбжэр Iутхмэ – щIым зы мэл щылът, джэд зыбжанэ къыбгъурылъу! Мэлым и псэр хэкIыпатэкъым.

- Сэ къэхь щIэхыу! – къэкIиящ ди адэр.

Си лъэ къызэрихькIэ сыщIэпхъуэри, щIакхъуэ зэрыпыдгъэж сэр къэсхьащ. ЗыгуэркIэ сэбэп хуэхъуным щыгугъыу, ди адэм мэлым и тхьэкIумакIэр пиупщIащ. Ауэ, псэущхьэр нэхъ Iей къэхъурт – Iупс къыIурыжырт, и нэр зэтелъу щэIурт.

Ди адэм, гужьеяуэ, сэр им дилъащ. Къэжэна дзэпкъыр кIыфIыгъэм хэлыдыкIырт. Ар мэлым бгъэдыхьэщ, и щхьэр иIэтри, и пщэр хуиту къигъэплъащ. Сэр и пщэм дилъэри, зэ еIэгъуэкIэ фIигъэжащ.

КъиущIа уIэгъэм къриутхыкI лъы пщтырым щыщ къыстриутхати, сыкъэжьын хьэзыру Iуэм сыкъижащ.

Ди адэм, япэщIыкIэ, джэд дыкъахэр псы ежэх зэщIэщтыхьамкIэ ихьащ. КъыкIэлъыкIуэу мэлыр лъакъуэкIэ бгыкъум кIэрищIэщ, и фэр трихщ, ишыури, лъэныкъуэ иригъэзыжащ.

- Ди адэ… КхъыIэ, кIэн къызэт!

- Ерэхъу! –жиIэщ ди адэм, тIу къыпигъэжри, къызитащ.

ЩIымахуэр икIыху сриджэгуащ абыхэм, лэч зэмыфэгъухэмкIэ злащ, и кугъуанэм бдзампцIэ изгъэлъадэри.

Къуажэ пхыдзахэм щыпсэухэм я дежкIэ щIымахуэм нэхъ хьэлъэ хэткъым гъэм и зэманхэм. МэжэщIалIэр, уаер, тхьэмыщкIагъэр щыятэ лъэхъэнэщ. Абы узыфэ хьэлъэхэр къыхыхьэжакъэ, уи лъэр щIэзудыпэщ.

А илъэсым джэдылIэр шынагъуэ дыдэт. Абы къыхэкIыу, къекIуэкI щыщIэныгъэ псом нэхърэ нэхъ шынагъуэр – Гюлибик сымаджэ хъунырт.

Жылэм джэду дэсыр зэтриукIэри, узыр ди Iуэбжэм къебгъэрыкIуащ. ЛIауэ Iуэм къыщIэтх джэдым я бжыгъэм хэхъуэ зэпытт. Псэууэ къэна джэдхэмрэ Гюлибикрэ унэм тхьащ ди анэм сэрэ. Iэнэм къытетхыжа шхынкIэ дгъашхэрт, хъыдан къабзэкIэ быдэу зэпытлъэщIыхьри.

Ди егъэджакIуэм и чэнджэщкIэ сэху ятеткIутащ, псыхъуэм дадзэжа джэдхэмрэ псэущхьэ лIахэмрэ абы джэдылIэр къызэтригъэувыIэн ди гугъэу. Гюлибикрэ унэм щIэс джэдхэмрэ я Iусми сэху хэткIутэрт.

СыщыгъуэлъыжкIэ, Гюлибик къэзубыдырт, и жьэр зэтестхъырти, сэху кIанэ жьэдэздзэрт.

Зэгуэр Гюлибик сымаджэ хъуащ… Жэщ-махуэ симыIэу абы сыщхьэщыст, нэи-напIи зэхуэзмыхьу. Алишир и псалъэхэр си тхьэкIумэм зэримыкIт: «ЛIахэр лIауэ къонэж». Сытми, сыIурихри, пщIыхь шынагъуэ си нэгу щIэкIащ.

Адакъэхэр мыпсалъэ фи гугъэщ, дауи?! А жэщым ипэкIэ сэри си гугъат апхуэдэу. Ауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, пщIыхьым къыщопсалъэ ахэр.

Гюлибик сэрэ дыджэгуу пщIантIэм дыдэт хуэдэт. Арыххэу Алишир къиIуэтэжу щыта хъыбархэр сигу къэкIыжащ. Гюлибик и нэр къыстриубыдэри, зэрылъэлъу къэдыхьэшхащ:

- Уи гум илъыр сощIэ, - жи абы. – Сумыгъэгузэвэн щхьэкIэ зыри къызжепIакъым, ауэ, Алишир хищIыкIыщэкъым Iуэхум. Пэжщ, адакъэ лIар – адакъэ лIауэ аркъудейщ. Пэжщ, ар зэи джэдыкIэ хъужынукъым. Ауэ, адакъэхэращ джэдыр къызэрыкI джэдыкIэм псэ хэзылъхьэр. Хэтыт джэдхэм къащхьэщыжынур, адакъэхэр мыхъуамэ? Адакъэхэр мыхъуамэ, джэдхэм хуиту къакIухьыфынутэкъым, шхэфынутэкъым, джэдыкIэ кърашыфынутэкъым. Адакъэхэращ ахэр къэзыхъумэр!

Си жьэр Iурыхуауэ седаIуэрт сэ абы. Iущ дыдэу къыщIэкIа Гюлибик пищащ:

- Псом нэхърэ нэхъыщхьэжращи – адакъэхэр зэрылIыкIа щхьэусыгъуэми мыхьэнэ иIэщ. Псалъэм папщIэ, джэдым къыщхьэщыжу лIа адакъэр лIа нэужь – абдеж щиухыркъым и гъащIэр. Ар зэи джэдыкIэ мыхъужынуми, лIа нэужь псоми ягу къинэнущ. Джэдыр лIэми шынагъуэкъым – абы и гъащIэм къыпащэнущ къриша джэджьейхэм. Ауэ, и ажалыр зэрыхэлъыр ищIэ пэтми, джэдым къыщхьэщыжу лIа адакъэм фIыщIэрэ щIыхьрэ хуэфащэщ!

Ар жиIэщ, зыкъигъэпщри, Гюлибик ину Iуащ.

СыкъаскIэрэ сыкъызэщыумэ, пэж дыдэу Гюлибик Iуэуэ арат. АпхуэдизкIэ сыгуфIати, пIэм сыздыхэлъым тIэу-щэ зыщхьэпрыздзащ. Сымаджэ зэрыхъурэ иджыт япэу щыIуэр. Сыкъыщылъэтри, ди анэр къэзгъэушащ:

- Гюлибик маIуэ! Псэунущ, лIэнукъым ар иджы. ЛIэнукъым! Афэрым!

Си адэ-анэр, жейбащхъуэнэ хъужауэ къызэфIэтIысхьэри, къызэплъащ. Ахэр къэуIэбжьат. СыдопкIей, сыдолъей, согуфIэ. Гюлибик иджыри зэ зыкъигъэпщщ, и пщэр хишри, ину джащ. Абы нэхъ макъ дахэ зэи зэхэсхатэкъым!

ЗэзыдзэкIар КЪАНЫКЪУЭ Анфисэщ.
Поделиться: