Утыкум къыхуигъэщIа артисткэ
Маринэ 1966 гъэм жэпуэгъуэм и 9-м Налшык къыщалъхуащ. Къалэм и етIуанэ курыт еджапIэр къыщиухым ирихьэлIэу, Щукиным и цIэр зэрихьэу Москва дэт театр еджапIэ нэхъыщхьэм щIэхуакIэт. Къэралым и къалащхьэм ягъэкIуэну етIуанэу адыгэ студие зэхуашэсырти, пщащэм и насып кърихьэкIат абыхэм языхэз хъуну. Москва и театр еджапIэ нэхъыфIхэм ящыщу Маринэ къилъытэ училищэм зэрыщеджа илъэсиплIыр IэфIу игу къинащ: егъэджакIуэхэр гуапэу зэрыщытари, абыхэм я унэ репетицэхэр зэрыщрагъэкIуэкIари, зэгъусэу дачэхэм, мэзхэм кIуэурэ зэрызагъэпсэхуари, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу къыжраIэ псори зэрызыщIишэным зэрегугъуари, спектакль зэмылIэужьыгъуэхэр утыкушхуэхэм щызрагъэлъэгъуну Iэмал зэраIари, нэгъуэщI куэди. I988 гъэм училищэм актёр IэщIагъэм щыхуагъасэ и факультетыр (и егъэджакIуэу щытар Стромов Юрийщ) къиухри и хэку къигъэзэжащ. Абы лъандэрэ Маринэ Къэбэрдей театрым и артисткэщ. Ар щыджэгуащ спектакль куэдым. Абыхэм ящыщщ Гоголь Николай и «Фызышэ», «Ревизор», IутIыж Борис и «Эдип», «Дамэлей», Шамхалов Мэжид и «Гуащэ ябгэ», Мерешко Виктор и «ЩакIуэ пэшым щаузэда цIыхубз Iэнэ», Толстой Алексей и «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ», Лохвицкий Михаил и «Уафэгъуагъуэ макъ», КъардэнгъущI Зырамыку и «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ», Нало Заур и «Къру закъуэ», «Хьэбалэ», Мольер и «Хуэмыхъуу ягъэIэза», Гальдони и «Трактирщицэ», Ольмезов Мурадин и «Унэ лъапIэ», Миллер Артур и «Ахэр псори си къуэ пэлъытэт» спектаклхэр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэуи Маринэ хэтащ «Дорога на край жизни» (1995), «Тембот» (2022) фильмхэм. Ауэ абы зэрыщылажьэм хуэдэурэ, 2001-2019 гъэхэм ар НОТР телеIуэхущIапIэм и журналисту щытащ. А уней IуэхущIапIэр къызэзыгъэпэща зэщхьэгъусэхэу Вэрокъуэ Владимиррэ Мартиросовэ Ринэрэ траха «Измаил-бей», «Аул Бастунжи», «Выстрел за вами, поручик», «Последний вали Кабарды» (иужьрейращ 2002 гъэм КъБР-м и Къэрал саугъэтыр къыщIыхуагъэфэщар) телевизионнэ лэжьыгъэхэр игъэхьэзыращ. Маринэ къыщигъэзэжагъащIэм Жылэтэж Сэлэдин Къэбэрдей телерадио компанием лэжьыгъэшхуэ щригъэкIуэкIырт, «Союзмультфильм» къэрал IуэхущIапIэ цIэрыIуэм къыдигъэкIа таурыхъхэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIыным ехьэлIауэ. Абыи Маринэ иришалIэри, лэжьыгъэ куэд и макъкIэ тригъэтхащ. А псом къадэкIуэу Маринэ куэд щIауэ пэрытщ егъэджэныгъэ Iуэхум, иджыпстуи ар щолажьэ ГъуазджэхэмкIэ сабий еджапIэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэм, щIэныгъэ гуэдзэн ныбжьыщIэхэм егъэгъуэтынымкIэ егъэджакIуэщ, сабийхэр театр лэжьыгъэм хегъэгъуазэ. Лэжьыгъэ гукъинэж куэд къызэзынэкIа артисткэр иджыщ нэхъыбэжым щыпэлъэщынури, игъэзэщIэн ролрэ фIыуэ къэзылъагъу, и гуащIэм дихьэх театреплъ куэдрэ иIэну Тхьэм жиIэ!
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
06.11.2026 - 12:39 →
БлэкIар ди нобэрей гъащIэм «хэбзэхыкIакъым»
04.11.2026 - 13:00 →
Хуабагъ къызыпкърыкI лэжьыгъэхэр
03.11.2026 - 12:26 →
Псалъэхэм я мыхьэнэр
30.10.2026 - 14:34 →
«Дыгъэм къегъэзэж» гъэлъэгъуэныгъэм
| ||





КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, республикэм щIыхь зиIэ и журналист, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ пажэ, зи утыку итыкIэ екIумрэ зи адыгэбзэ гъэхуамкIэ, зи теплъэ гуакIуэмрэ сценэм IупщIу къиIукI макъ лъэщымкIэ театреплъхэм гукъинэж ящыхъу актрисэ Мысостышхуэ Маринэ нобэ къыщалъхуа махуэщи, ди гуапэу дохъуэхъу, узыншагъэр и бэу, и бын и гуфIэгъуэ щымыщIэу, и анэ ЖьакIэмыхъу КIунэ къыщхьэщыту бэрэ псэуну.