Адыгэ щIэблэм папщIэ

Лъэпкъыр узыншэн щхьэкIэ, щIэблэм уегугъун хуейщ. ЩыцIыкIум щегъэжьауэ ар гъэсапхъэщ фIымрэ Iеймрэ зэхигъэкIыфу, ныбжьэгъур илъытэу, псэущхьэхэр фIыуэ илъагъуу, нэхъыжьым пщIэ хуищIу. Гъэсэныгъэм теухуауэ Iэмал нэхъыщхьэ дыдэу щыIэхэм ящыщщ тхылъыр. Сабийхэм тхылъ яхуэзытхым езым и псэр къабзэу щытыпхъэщ, цIыкIухэм я гурыгъухэр зыхищIэн щхьэкIэ. Сабийхэр зэрагъасэ, акъыл жан зэращI, анэдэлъхубзэр зэрырагъащIэ лэжьыгъэхэр и IэдакъэщIэкIщ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и лэжьакIуэ МЭЛЕЙ ФатIимэ.  ФатIимэ и IуэхущIафэ дахэхэр лIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщокI. Абы къыдигъэкIащ адыгэ сабийхэм уазэрыдэлажьэ тхылъ цIыкIу зыбжанэ. Абыхэм зэрелэжьам теухуа къыджиIахэм фыщыдогъэгъуазэ.

- Ди адыгэ сабийхэм сахуехъуапсэрт зызэрагъэсэн, зыдихьэхын, щIэныгъэ къыздрахын тхылъ, тетрадь цIыкIу хуэдэхэр гъэщIэрэщIауэ яIэну. Сабийхэм уазэрыдэлэжьэну нэгъуэщIыбзэхэмкIэ щыIэм хуэдэ дыдейхэм зэрамыIэр сигу къеуэрт. Си къару къихьыххэмэ, сэри а Iуэхум гупсысэ хэслъхьэн хуейуэ къэслъытащ. Япэ дыдэу къыдэзгъэкIащ «Азбукэ. Япэ лъэбакъуэхэр» зи фIэщыгъэр. Хьэрфхэр усэбзэкIэ зэгъэщIэным нэхъ хуэгъэпсащ ар. Анэдэлъхубзэр джын щIэзыдзэ къудейхэми, нэхъыфIыIуэу зыщIэхэми яхуэгъэзауэ зэхэслъхьащ. Усэхэр кIэщI дыдэрэ тыншуи, тIэкIу нэхъ гугъууи хэзгъэуващ. Хьэрфхэм яхуэкIуэу хэзгъэхьа усэ цIыкIухэр сэ зэхэслъхьащ. Абы къыхэкIыуи тхылъым зэман тезгъэкIуэда хъуащ.  Хьэрфхэр тхылъым изгъэуващ сабийхэр тетхыхьыжын, яцIэлэжын хуэдэу - ари Iэмалщ щIэх ягу ираубыдэнымкIэ. Пэжым ухуеймэ, а япэ тхылъыр къыдэкIа нэужь сеплъыжри, ныкъусэныгъэ гуэрхэри къыхэзгъуэтэжащ. Азбукэр куэдым ягу ирихьащ, языныкъуэхэми чэнджэщхэр къызатащ ар нэхъ егъэфIэкIуа зэрыхъунум теухуауэ. Адэ-анэхэм тхылъым теухуауэ я гупсысэ къызэрызжаIэр, я сабийхэм абыкIэ зэрадэлажьэр си гуапэщ. Абы иужькIэ къыдэзгъэкIащ илъэситху хъухэм я деж щегъэжьауэ къахуэсэбэпыну зэрылажьэ Iэрытх. Аргуэру сегупсысащ: сабийм къемыхьэлъэкIын лэжьыгъэ мащIэ дыдэ иту; гъэщIэрэщIарэ тригъэууэ икIи игъэгупсысэу зэхэзгъэувэмэ, дауэ хъуну пIэрэ, жысIэри. Абы тесщIыхьри, «Псэущхьэхэм сыт яшхыр?», «Инхэмрэ цIыкIухэмрэ» зэрылажьэ тхылъ цIыкIуитIыр къыдэзгъэкIащ. А тIум сабийм еджэкIэ-тхэкIэ иребгъащIэркъым, атIэ псалъэу, гупсысэу иребгъасэу аращ. Псалъэм папщIэ, «ЧыцIым къэбыстэ, хьэмэрэ балий ишхыр? ТхьэкIумэкIыхьым дэ, хьэмэрэ пхъы ишхыр?» жиIэу итщ тхылъым.  Сабийр йогупсысри ходэ, жэуапыр и гум иреубыдэ. ИтIанэ, псэущхьэ сурэтхэри абыхэм я шхыныгъуэхэри яцIэлэж. ЯцIэлэжыхукIи, а псэущхьэхэм теухуауэ куэд зэрагъэзахуэ ягу цIыкIухэмкIэ. «Инхэмрэ цIыкIухэмрэ» тхылъым, гурыIуэгъуэ зэрищIщи, сабийхэм абыкIэ ибогъэлъагъу псэущхьэхэм ящыщу нэхъ инхэмрэ нэхъ цIыкIухэмрэ, ахэр зэрагъапщэ. Мыбдеж сабийм дэлажьэ балигъми, езым и гупсысэхэр дыщIигъужу, Iэмалхэм хуекIуэурэ, зыдэлажьэ цIыкIум упщIэхэр иритурэ игъэпсэлъэфынущ. Псалъэм и хьэтыркIэ, унэ псэущхьэхэмрэ мэзым щыпсэухэмрэ зэхагъэкIыфу есэнущ.  Абы нэмыщIкIэ, псэущхьэхэм я хьэл-щэнхэр къащIэнымкIи сэбэп хъунущ: бажэр зэрыхьилэшыр, дыгъужьыр зэрышынагъуэр жепIэурэ сурэтхэм ебгъэплъ хъунущ. Тхылъ цIыкIум ит сурэтхэри яцIэлэжын хуейщ. Адыгэ сабийхэм бжыгъэхэр къызэребгъэцIыху хъунум и Iэмалым сегупсысри, «Дапщэ?» жыхуиIэ зэрылажьэ тхылъ цIыкIури иужьрейуэ къыдэзгъэкIащ. Зэман къагъуэтрэ адэ-анэхэр сабийм ябгъэдэс, ядэлажьэ къудеймэ, мы тхылъ цIыкIухэр зыкъомкIэ къахуэсэбэпыну къызолъытэ.

2015 гъэм къыдэзгъэкIащ «Сабиигъуэ» тхылъыр. Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм зыкъытхуигъэзат сабийхэм папщIэ жыпхъэ щхьэхуэм ит тхылъ зэхэгъэувауэ яIэмэ къыдагъэкIыну жаIэри. Илъэс зыбжанэкIэ селэжьащ, изгъэувэнухэр къыхэсщыпыкIыу, нэхъыфIхэр къыхэсхыу. Псалъэм щхьэкIэ, школым щадж тхылъхэм ярыт таурыхъ, усэ, хъыбархэр мыбы згъэкIуакъым. Ахэр школым щрагъэджкIэ, мыр нэгъуэщI зыгуэру зэхэтын хуейт, ямыщIэ нэхъыбэм зыщагъэгъуэзэн щхьэкIэ. Тхылъыр Iыхьэ-Iыхьэурэ зэхэгъэщхьэхукIащ, сабийхэм я ныбжьым тесщIыхьу. Тхылъыр «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ.

Псалъэхэри, сурэтхэри, таблицэ хуэдэхэри компьютеркIэ зэрызэхагъэувэм зезгъэсауэ, тхылъ напэм деж къыщыщIэдзауэ сэ езыр солэжь. Мылъку къэслъыхъуэу мы тхылъ цIыкIухэр къыдэзгъэкIыркъым, сэ езым Iэмал сызэриIэм хуэдэурэщ къызэрызэзгъэпэщыр. Армыхъумэ, тхылъхэри нэхъ зэмылIэужьыгъуэу, тиражри нэхъыбэу къыдэгъэкIами хъунут.

Сэр нэмыщIкIэ, иджыри зыгуэр елэжьарэт сабийхэм адыгэбзэр  зэрызрагъэщIэну тхылъхэм. Сабийхэр зыхэдэн яIэну сыхуейщ. Сэ зы лъэныкъуэкIэ согупсысэ, нэгъуэщIым нэгъуэщI зы щIэщыгъуэ игу къэкIыфынущ. Псалъэм щхьэкIэ, анэ унэгуащэхэм губзыгъэ дыдэхэр яхэтщ, абыхэм сабийм и хьэл-щэнхэр фIыуэ зыхащIэри, зезыпщытын къахэкIамэ, дауэ хъуну пIэрэт, жысIэуи согупсыс. Дзасэжь Ларисэ, Тхьэкъуахъуэ Ауес цIыкIухэм папщIэ ялэжьыр егъэлеяуэ сигу ирохь. Псэущхьэхэр, къэкIыгъэхэр, мывэ лIэужьыгъуэхэр, бжыгъэхэр адыгэбзэкIэ щIэблэм егъэцIыхунымкIэ, бзэр къагъэIурыгъэIэфIэнымкIэ ахэр дызыхуэныкъуэ дыдэщ.

ФIыщIэшхуэ яхузощI цIыкIухэр дихьэхыу, зэгъэщIэгъуафIэу, шэрыуэу анэдэлъухбзэкIэ усэхэр зытхахэм, зытххэм. Нало Заур, АфIэунэ Лиуан, Джэрыджэ Арсен сымэ я усэхэр дапхуэдэу щхьэпэ сабийхэм папщIэ! ХьэцIыкIу Хьэсэн, Хьэщыкъуей Олег, Къаныкъуэ Заринэ сымэ я усэхэри зэгъэщIэгъуафIэщ.

 Лъэпкъым зиужьын щхьэкIэ, япэ дыдэу щIэблэм егупсысын хуейщ. ЩIэблэ гъэса зиIэрщ япэкIэ кIуэтэфыр. Шэч хэлъкъым тхылъым сабийм гъэсэныгъи щIэныгъи къызэрыхихым. Сабийм гъэсэныгъэ тэмэм иIэмэ, езы цIыкIум и щхьэм къэкIынущ лъэпкъым зэрыщыщыр, и бзэр Iурылъын зэрыхуейр. «Адыгэбзэр умыщIэу хъунукъым», жыпIэу утекIиен е хэбгъэзыхьын хуейуэ аракъым. АтIэ, ар уэ езым зыдэбгъэплъеин хуейщ, щапхъэ ебгъэлъагъуурэ. Адэ-анэм далъагъур ящIэж сабийхэм. АтIэ, дапхуэдэу сабий зэрыбгъэсэнур? ЗыгуэркIэ зыдэбгъэIэпыкъу хуэдэурэ, а ищIэри хуэбгъэщIагъуэу, фIыщIэ пщIыуэ, сэбэп къызэрыпхуэхъур уэркIэ зэрылъапIэр зыхебгъащIэурэ. Псалъэм папщIэ, хъыджэбз цIыкIум и адэр лэжьапIэ щыIауэ къэкIуэжамэ, «КъакIуэт, уи адэр къэсыжащи, дыгъэгъашхэт уэрэ сэрэ, мэт мы щIакхъуэр хутегъэувэт, мэт бжэмышхыр етыт» жыпIэ хуэдэурэ, Iуэхуми хуэIэрыхуэу, адэми пщIэ хуищIу есэнущ хуэмурэ.

         Сэ сыщыанэкIэ, адыгэ щIэблэм и гъэсэныгъэм сыт си Iуэхуу хэлъыр жысIэу лъэныкъуэ зезгъэзыфыркъым, си гум идэркъым схузэфIэкI гуэр абы хэзмылъхьэу. Хэт ищIэрэ, сэ стхы рассказ цIыкIухэм зыгуэр еджэнщ е гъэсэныгъэ е зы гупсысэ гуапэ гуэр къыхахынщ. Тхылъыр щIэныгъэм и IункIыбзэщ. Аращи, си гуапэщ си IуэхущIафэр зыгуэрхэм къахуэщхьэпэмэ.

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

 

 

Поделиться: