Iейм зыщахъумэу

Адыгэхэм я цIэ фIэщыкIэу щытар зихуэдэ щымыIэу телъыджэт. НэгъуэщI лъэпкъхэм цIэр дахэу зэрыIум е дин мыхьэнэ игъэзащIэу фIащу зэрыщытам къыщхьэщыкIыу, адыгэхэм цIэмрэ лъэпкъыцIэмрэ купщIэшхуэ щIалъхьэрт.

ЦIэ-унэцIэхэм къагъэлъэгъуэфынут ар зыфIащам и теплъэр, и хьэл-щэныр, къызыхэкIар е уеблэмэ а цIэм игъэзэщIэн хуей мэгъу къару гуэрхэр. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэр «хьэ» зыхэт цIэхэрщ. Абыхэм къагъэлъагъуэ ди адэжьхэм я гупсысэкIэ телъыджэр. Абыхэм зэрымыщIэкIэ цIэ лей фIащыртэкъым, ар цIыхум и «Iэмэпсымэ» хуэдэт, Iейм зэрызыщахъумэу (оберег), и теплъэ, и хьэл кърагъэлъагъуэу. Ахэр джыным щIэныгъэлIхэм Iэмал къарет илъэсищэ бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ псэуахэм я дуней тетыкIэри, я шынагъэхэр зыхэлъари, я гугъапIэхэри къагъэнэIуэну.

Пасэм цIыхухэм я фIэщ хъурт цIэр дамыгъэ къудей мыхъуу, атIэ мыхьэнэшхуэ иIэу. Сабийм цIэ дахэкIэ еджэмэ, бзаджэнаджэхэр, узыфэхэр, лIэныгъэр кърашалIэу къащыхъурт. Абыхэм пэIэщIэ ящIын папщIэ, сабийм цIэ «Iей» фIащырт, абы и гъащIэр зыуи къащымыхъу хуэдэу къагъэлъагъуэу. КъэхутакIуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, хьэр хъумакIуэу къалъытэрт икIи «хьэ» мыхьэнэр иIэу «дыгъужьри» къагъэсэбэпырт. Апхуэдэу абы иужьыIуэкIэ егъэбыдылIа хъуащ «тыгъужь» цIэр («дыгъуэгъуакIуэжь» жыхуиIэу), мэзыхьэм - «дыгъужь» мыхьэнэр игъуэтащ. Яковлевым и лэжьыгъэхэми къыхощ узыфэхэмрэ насыпыншагъэхэмрэ щахъумэн папщIэ, «хьэ» зыпыт цIэхэр сабийхэм ирату зэрыщытар. Ауэрэ абыхэм ящыщ куэди унэцIэ хъужащ.

ГъэщIэгъуэнращи, къэхутакIуэхэу Пщыбий Иналрэ Благъуэжь Зулъкъаринрэ «хьэ» псалъэр зыхэт цIэуэ 100-м щIигъу къахутауэ щытащ.  ЦIыхум и ныбжь къэзыгъэлъагъуэхэм ящыщщ Хьэшыр, ХьэтIыжь цIэхэр; теплъэм къытекIащ ХьэцIыкIу, Хьэпакъ, Хьэпэхъу хуэдэхэр; плъыфэм - ХьэфIыцIэ, Хьэкъарэ, Хьэнэху, нэгъуэщIхэри.

Илъэс 30-м щIигъукIэ адыгэхэм я лъэпкъ макъамэр зыджа щIэныгъэлI Соколовэ Аннэ етх «Хьэгъэудж» унэцIэр пшынауэр цIэрыIуэ щыхъуа лъэхъэнэм къэунэхуауэ.

Адыгэхэм я цIэ лейхэмрэ абыхэм къатехъукIыжа унэцIэхэмрэ щыщ куэдым я лъабжьэр нэхъ япэгъунэгъуу, я къыщхьэщыжакIуэу, я хъумакIуэу къалъытэ псэущхьэхэм къатекIащ. Иджыри зы гуп дигу къэдгъэкIыжынщ апхуэдэ унэцIэу: Хьэпагуэ, Хьэмыщэ, Хьэмдэхъу, Хьэмацэ, ХьэтIалэ, Хьэгъэжей, ХьэкIагуэ, Хьэлъапэ, Хьэпажэ, ХьэпэнцIыв, ХьэтIэхъу, Хьэщэ, ХьэщIэлI, Хьэтыкъуэ, Хьэпщэ, ХьэпцIэ, Хьэкъул, Хьэкъуий, ХьэкIарэ, ХьэбытIэжь, Хьэгъур, Хьэгъундокъуэ, нэгъуэщIхэри.

ЦIыхумрэ абы и унагъуэ псэущхьэмрэ я зэхущытыкIэр къэзыгъэлъагъуэхэри къыхэбгъэщ хъунущ: Хьэзешэ (хьэхэр зыгъэхъу), Хьэгъэбанэ, Хьэгъундокъуэ, нэгъуэщI куэди. Хьэтэжьыкъуэ (Хьэтыгъужьыкъу (э) жыхуиIэм деж дыгъужь (тыгъужь) псалъэм ипэ итщ «хьэ»-р. Унагъуэ псэущхьэмрэ псэущхьэ Iэлымрэ я фIэщыгъэхэр щIызэрапхам фIэщхъуныгъэ хэлът: псэущхьэ шынагъуэхэм я цIэхэр занщIэу къэбгъэсэбэп хъунутэкъым, къамыгъэгубжьын щхьэкIэ. КъищынэмыщIауэ, а унэцIэхэм дагъэлъагъу адыгэхэм «къуэ» пкъыгъуэр цIэм пагъэувэкIэрэ, ар зи быныр къагъэлъэгъуэн щIадзауэ зэрыщытар.

Апхуэдэу адыгэ унэцӏэ куэдым къыщызэтенащ адыгэхэм хьэр я хъумакIуэу къалъытэу зэрыщытам я лъэужь.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться: