ЦIыхубэм я гъуазэ

УсакIуэ-уэрэдус, УФ-м и Журналистхэмрэ и ТхакIуэхэмрэ я союзхэм хэт Кхъуэхъу Хъаннэ Мухьэдин и пхъур и гъэсэныгъэ, цIыху хэтыкIэ лъагэмкIэ цIыхубэ псом гъуазэ яхуэхъуф  бзылъхугъэхэм ящыщщ. Абы и творческэ макъыр ину Iуркъым, ауэ уи гущIэ лъащIэм хохьэ, ар зэхэзыххэм я тхыр нэхъ захуэ хъууэ къыпщегъэхъу, уеблэмэ пасэ зэманым уегъэгъэзэж, мыхьэнэ зиIэ гукъэкIыжхэр нэгум къыщIегъэхьэж.  

Хъаннэ 1949 гъэм фокIадэм и 18-м Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Къэрэшей районым хыхьэ Хъумэрэ къуажэм къыщыхъуащ. Кавказым и къуршыщхьэ хужьхэм зыдагъэхъуу хьэуар уафэм щыщIэуэ, лIэщIыгъуэ кIуахэм я джэрпэджэжыр къызыхэIукI псы щIыIэмылхэр щежэх а щIыпIэ дахэращ усэну пщащэм къалэм къезыгъэщтар. АдыгэщIым ар игъэсащ даущыншэр зэхихыу икIи абы и тхыдэм и ву макъыр зэхигъэкIыфу.           

Иджыри сабийт абы тхэн щыщIидзам. Нэхъапэ и Iэпэм къыщIэкIар, еджакIуэм и зэфIэкIым елъытауэ, гушхуэныгъэ зыхэмылъ, пIытIа-хузауэ щыт сатырхэрати, ену егугъурт псалъэкIэ зэрыхуейуэ къимыгъэлъэгъуэф дахагъэм, гущэм хэлъу и анэм къритауэ щытам, пкъы зэрыритыным.

Абы медучилищэр къеух, узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и лэжьакIуэ мэхъу… И балигъ хъугъуэм къыкIэрымыхуу и усэхэри лъэщ хъун щIадзэ, гур зыгъэпIейтей, хэзыгъахъуэ къару ягъуэт, усэбзэ нэсым зэрыхуэфащэу. Макъ щэхукIэ Iууэ еса усэхэр куэд мыщIэу Хъаннэ и пщIантIэм дахри, къытрадзэ республикэ газетхэмрэ журналхэмрэ: «Ставрополье», «Дон», «Iуащхьэмахуэ» хуэдэхэм. 

АрщхьэкIэ уи зэчийр къызыкъуэпхын, бгъэщIэрэщIэн папщIэ, зи ужь уит Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIым ухуэмызэу хъунукъым. Хъаннэ Горький Максим и цIэр зэрихьэу Москва дэт Литературэ институтым щIотIысхьэ, 1987 гъэ пщIондэ «усыгъэ» къудамэм щхьэкъэмыIэту щоджэ. ИужькIэ езым зэрыжиIэжамкIэ, урысей тхыбзэм и уардэ унэу щыт еджапIэм ар хуигъэсащ нэхъ гугъуу щыIэм — псалъэм елэжьыным.   

Уи гурыщIэхэр, кхъуэщыным ит псым ещхьу занщIэу къыумыкIыкIыу, усэм и ухуэкIэр, псалъэ, сатыр къэс пкъы зэрырат щIыкIэр зрегъащIэ, итхым нэхугъэ ин къыхэщу. Ищхьэ еджапIэм зыщегъасэ и тхыгъэхэм ткIийуэ бгъэдыхьэу, тхакIуэм и псалъэр блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпызыщIэ лъэмыжу зэрыщытыр, къыгурыIуэу.

Кхъуэхъу Хъаннэ и творчествэр псышхуитӏым я зэхэлъыкIэ телъыджэм ещхьщ зыгуэркIэ. Зы лъэныкъуэкӏэ убгъэдыхьэмэ, адыгэ литературэм и уэрыпӏэ лъэщыр, адыгэ ӏуэрыӏуатэм лӏэщӏыгъуэкӏэрэ къыдекӏуэкӏ хабзэхэр, лъэпкъ шыфэлIыфэм и дахагъэр къызэщIеубыдэ. НэгъуэщIу уеплъынщи, абы ухешэ урыс усыгъэм и гъэпсыкӏэ кууупIэми, дыщэ лъэхъэнэми, иджырей зэманым и метафорикэ гугъуми.

Ар бзитӏкӏэ матхэ - адыгэбзэрэ урысыбзэмкIэ. А бзитӏми и макъыр стереофоническэу егъэпсыф. Абы и сатырхэм щэнхабзэхэр щызэпэщIэувэркъым, атIэ, абыхэм IукIэ зэхуэмыдэхэр зэраIэр зыхыуагъащIэ.

Кхъуэхъур къэтлъытэ хъунущ интернациональнэ сурэтыщӏу, зи творчествэр дэтхэнэ цӏыхумкIи наIуэу, сыт щхьэкӏэ жыпӏэмэ, щӏыхьыр, лъагъуныгъэр, гукъэкӏыжыр зэрыпсалъэ бзэхэр езым къыгуроIуэри.

Хъаннэ «Мы – кавказцы» журналым и редактор нэхъыщхьэщ. 1981-1987 гъэхэм Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтым щеджэу, еплIанэ курсым хэсу, адыгэбзэкIэ итха и усэхэр иту «Гъатхэ макъамэхэр» тхылъыр дунейм къытехьауэ щытащ.  

Зэман зэхуэмыдэхэм къриубыдэу къыдигъэкIащ «Бгыхэр жьы хъуркъым», «Къуршыпсхэм я уэрэд», «Си Лъостэнжан», «Адыгэпхъухэм я пшыналъэ», «Моя родня» усэ тхылъхэр, гъащIэм и нэгу щIигъэкIа къэхъугъэхэм, и зэхэщIыкIым къыхихыу итха пьесэхэр зэрыт тхылъитI...

Фи пащхьэ идолъхьэ адыгэ лъэпкъым теухуауэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIа усэ зыбжанэ.

 

Ди нэхъыжьхэм я хъуэхъур

 

Ди нэхъыжьхэм я хъуэхъур

ХъугъуэфIыгъуэм я Iуащхьэщ.

Насып щыпкъэу къытхэхъуэм

Гурэ псэкIэ къыпащэ.

 

Гурыхуагъэр я гъуазэу

Ди адэфIхэр губзыгъэт.

IуэрыIуатэм щыгъуазэт,

ЗэIэпахырт нарт лIыгъэр!

 

Ауэ нобэ ди тхыбзэр

МафIэ лыгъэм хисхьэжым,

Хэт къеджэнур си усэм

Адыгэбзэр къухьэжым?!

 

Нартыжь хабзэу макъамэр

ГущIэ гуэрым къинэну?

Нотэ тхакIэ лъэпкъ дамэр

Пщэдей гъащIэм гуэпщIэну?

 

Ирегъагъэ си Хэкур

 

Ирегъагъэ си Хэкур,

ИрегуфIэ сабийхэр,

Къыщылыду я нэгухэм

ГъащIэ дыгъэм и бзийхэр.

 

Ирегъагъэ си Хэкур,

Иребагъуэ и фIыгъуэр,

ЩремыщIэ анэгур

Мамырыгъэм и дыгъэм!

 

Я уэрэдхэр ди цIыхухэм

ЗэдыжаIэ гупсэхуу.

Дунеишхуэм щацIыхур,

ПлъапIэу щыIэщ си Хэкур!

 

Ныбжьэгъугъэр ди ныпщи,

Iэпщэ лъэщхэм яIыгъщ.

Ди Хэкушхуэр насыпщи,

Шэсым дежкIэ лъэрыгъщ.

 

А лъэрыгъым дэ диту

КъыттекIуэни къэхъун?

Дызытет дуней хуитым

Зым хуэддэнкъым къегъун.

 

Хэкур хуитмэ, гъэтхафэщ,

И фэр зэи мыкIуэд.

Къэралышхуэ унафэщ,

Дохъу зэшыбэр дэ куэд.

 

Адэжь Хэкум

 

Бгы хужь дыщафэу,

Куэш-Хьэблэ куэщIым

Анэ гущэу ущIиупскIащ!

ПцIащхъуэ бзэрабзэу,

Нэхущ бзу цIыкIухэр -

Гущэ уэрэдхэр пхузэхалъхьащ.

 

Ей, жи,

Ди Хэку щIэращIэм

ЖылэфI хэтсэну дырепсэу!

Ей, жи,

Налкъуту псы къелъэм –

Щырырет Адэжьхэм я псэр!

 

Зыхуэныкъуэншэу

Адыгэ Хэкум, -

АДЫГЭУ ущIипIыкIащ!

ГуфIэгъуэу щыIэр щIэмыкIыу нэгум,

Гупсысэр, гугъащIэр гум ирижащ.

 

ЩIэныгъэ дахэр Iэпэгъу пхуэхъуащи,

ЦIыхубэр уи псэм хэпщIащ.

Нэмыс, адыгагъэр уи лъым хэлъщи -

Дэтхэнэрей цIыхур фIыуэ плъэгъуащ!

Зыгъэхьэзырар Iэрыс Iэсиятщ.

Поделиться: