Унэхэм хурашалIэГазыр здынэмыса унэхэм ар яхуешэлIэным ехьэлIауэ щыIэ программэр 2021 гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ. Абы лъандэрэ унагъуэ мини 5-м щIигъум гъэсыныпхъэ «щхъуантIэр» я псэупIэхэм хурашэлIащ. Мы программэр гъэзэщIэынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэралым щыпэрыт щIыналъэхэм яхохьэ. Газыр здынэмыса унэхэм ар хурашэлIэн папщIэ льготэ зиIэхэм субсидиеу сом мини 100 зырыз иратынущ, газым пыщIа Iэмэпсымэхэр къращэхуну, бжьамийхэм ирыпадзэну, н.къ. папщIэ. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ зрагъэгъуэтынухэм хеубыдэ унагъуэ быныфIэхэр, хуэмыщIауэ псэухэр, дзэ Iуэху хэхам хэтхэр, СВО-м и ветеранхэр, абыхэм я унагъуэхэр, ныкъуэдыкъуагъэкIэ I-нэ гупым хыхьэхэр, сабий ныкъуэдыкъуэхэр зезыхьэхэр, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, газыр здынэмыса псэупIэхэм ар яхуешэлIэным ехьэлIауэ щыIэ программэм ипкъ иткIэ льготэ зиIэхэм газ оборудованэхэр къызэращэхуамрэ я псэупIэхэм газыр ешэлIэным трагъэкIуэдамрэ субсидиеу иратыж 2023 гъэм къыщыщIэдзауэ. Абы нэмыщI, программэм цIыхухэм Iэмал ярет а гъэсыныпхъэмкIэ къызэгъэпэща къуажэхэм е дачэ щIыпIэхэм щIэуэ щаухуа унэхэм я бжэIупэхэм нэс ар пщIэншэу хуашэну. Япэм щыгъуэ газыр дачэм и пэщIэдзэ дыхьэпIэм нэсыху ирашалIэу щытауэ аращ, адэкIэ унагъуэхэм уэрам-уэрамкIэ ар зэбгырашыжрэ я унэхэм ирашэлIэу. А лэжьыгъэхэм, шэч хэмылъу ахъшэ хъушэ текIуадэу щытащ. Иджы, дачэм щыпсэухэм газыр я унэ бжэIупэхэм нэсыху хурашэлIэнущ, унэм езыхэм ар щIашэжынущ. КъищынэмыщIауэ, Iуэхум ехьэлIауэ цIыхухэм я лъэIухэм я процент 90-м щIигъур нобэкIэ ягъэзэщIащ. Жылапхъэу Iурагъэшым хагъахъуэ 2026 гъэм и щIышылэм – шыщхьэIум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм жылапхъэрэ джэш лIэужьыгъуэу Iурагъэшащ тонн мини 169,1-рэ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 36,5-кIэ нэхъыбэщ ар. ШыщхьэIум и кIэхэм ирихьэлIэу гуэдз жылапхъэу хъумапIэхэм къыщIэнар хуэдэ 1,8-кIэ нэхъыбэщ е тонн мин 13,6-рэ мэхъу, къитащ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм. Зэпэщхьэхуэу къэдгъэлъагъуэмэ, бжыгъэхэр нэхъыбэу къыдэзыщIеяр гудзырщ. Абы щыщу Iурагъэшам хуэдэ 1,5-кIэ хагъэхъуащ икIи тонн мин 67,5-м ар нызэрыхьэсащ. Нартыху жылапхъэу нэгъуэщI щIыналъэхэм хурагъэшащ тонн мин 52,5-рэ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 8,4-кIэ нэхъыбэщ ари. ШыщхьэIум икIэм ирихьэлIэу гуэдз жылапхъэу хъумапIэхэм къыщIэнар хуэдитIкIэ нэхъыбэщ нэгъабэ елъытауэ е тонн мин 11,9-рэ. Нартыху жылапхъэр - хуэди 2,1-кIэ е тонн мин 0,2-рэ мэхъу. Апхуэдэу щыхъукIи, къапщытэж пIалъэм къриубыдэу дагъэ къызыщIаху мэкъумэш къакIыгъэхэм ящыщу Iурагъэшам и куэдагъым хуэди 2-м щIигъукIэ кIэрагъэхуащ е тонн мини 8,5-рэ хъуащ. 2025 гъэм и щIышылэм – шыщхьэIум нэгъуэщI шIыналъэхэм хурагъэшауэ щытам и процент 44,9-рэ хъууэ аращ ар. Нэгъабэ елъытауэ хъумапIэхэм къыщIэнар хуэдэ 1,6-кIэ нэхъыбэщ е тонн мин 0,05-рэ мэхъу. А пIалъэм къриубыдэу хадэхэкIыу Iурагъэшащ тонн мин 36,1-рэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ процент 24,6-кIэ нэхъыбэ. ХъумапIэхэм къыщIэнар проценти 10,5-кIэ нэхъыбэщ е тонн мин 20,7-рэ мэхъу. КIэртIофу Iурагъэшами процент 32,7-кIэ кIэрагъэхуащ е тонн мин 0,08-рэ хъуащ.
Центрыр ядоIэпыкъу «Зэхьэзэхуэр зи лъабжьэ экономикэ лъэщ» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ КъБР-м «Си хьэрычэт IэнатIэ» и центрым республикэм хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ хэт и IуэхущIапIэхэм (МСП) Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэхэр яригъэгъуэт зэпытщ. ЖыпIэнурамэ, дызэрыт илъэсыр зэрищIидзэрэ МСП-м и IуэхущIапIэу 112-м, физлицоуэ 348-м Iуэхутхьэбзэу 1464-рэ яхуищIащ щылэжьэну ахэм къыхаха унэтIыныгъэхэм ехьэлIауэ. Центрыр ядоIэпыкъу илъэс куэд щIауэ бизнесым хэтхэми, IэнатIэщIэ къызэIузыхыну, я щхьэ хуэлэжьэжыну жэрдэм зыщIахэми, «Налог на профессиональный доход» налог щхьэхуэр къэзыгъэсэбэпхэри ягъусэу. Абыхэм псоми ахъшэкIэ зыщIагъакъуэ, пэшхэр, обрудованэхэр, техникэхэр кыхуагъуэт, бэджэнду ират, н.къ. къыхузэрагъэпэщ, чэнджэщхэмкIэ. информацэхэмкIэ ядогуашэ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ бизнесыр нэхъ тыншу ирагъэжьа, щIыналъэми къэралми къыщекIуэкI экономикэ щытыкIэмрэ зэхуэщытыкIэхэмрэ нэхъ щыгъуэза мэхъу, щыжаIащ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм.
ЗЭКIУРЕЙ Ислъам.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
07.11.2026 - 11:18 →
ЩIалэгъуалэр хэкупсэу къэхъуным толажьэ
| ||




