Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жыла­гъуэ-къэрал зэгухьэныгъэм и унафэщI Латыпов Артуррэ УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ советым хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президент, Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблеем КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ. ЗэIущIэм хэтащ Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэмкIэ уардэунэмрэ, Урысей географие зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэу ­КъБР-м щыIэмрэ я унафэщI КIэрашэ Аксанэ.

ХьэщIэхэм фIэхъус щарихым, Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ Урысейм и лъэпкъхэм я Ассамблеем хабзэ хъуа псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэхэр гъэбыдэным хэлъхьэныгъэфI ­зэры­хуищIымрэ IуэхущIапIэм и лэжьыгъэм мы­хьэнэшхуэ зэриIэмрэ. «Лъэпкъ, дин зэху­­щы­тыкIэхэм епха Iуэхухэр псом нэхъапэщ. Нобэ- рей зэманым, языныкъуэ къэралхэр лъэпкъхэм яку зэгурымыIуэ далъхьэну, дин зэпэщIэувэныгъэхэр къызэщIагъэстыну щыхущIэкъум, зи гугъу тщIы Iуэхухэм Урысейм и къэкIуэнум дежкIэ мыхьэнэшхуэ ягъуэт», - жиIащ абы.
Егоровэм къызэрыхигъэщамкIэ, жылагъуэм зиужьынукъым, цIыхум и псэкупсэ лъабжьэхэм хуэфащэ гулъытэ хуумыщIу.
- Республикэм дежкIэ япэ игъэщыпхъэу къо­нэж Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъ-хэм я щэнхабзэ щIэиныр хъумэныр. Дауи, гулъытэ хэха худощI зыми дахэзымыгъэгъуащэ, жьыри щIэри зэзышалIэ анэдэлъхубзэхэм, ди хабзэхэм, лъэпкъ IэщIагъэхэм, цIыхубэ Iуэры­Iуатэм. Ахэр хъумэнымрэ егъэфIэкIуэнымрэ я лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ егъэзащIэ «Урысейм и лъэпкъхэм я Ассамблее» урысейпсо жылагъуэ-къэрал зэгухьэныгъэми абы и щIыналъэ къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ-  ми, - дыщIигъуащ КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщIым.
Латыпов Артур жиIащ къэрал лъэпкъ политикэм зегъэужьынымрэ цIыхубэ зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэнымрэ щIэгъэкъуэн хъуным хуэгъэзауэ УФ-м и Президентым къыдигъэкIа унафэр ягъэзащIэу зэгухьэныгъэр къызэрызэрагъэпэщар. Абы къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм икIи къыхигъэщащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым щыIэ къудамэм и лэжьыгъэм арэзы къызэрищIыр. ХьэщIэр тепсэлъыхьащ республикэр къызэрыщыхъуми.
- Нэхъ ипэкIи Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъэкIуауэ щытащ. Дапщэщи гукъинэж дыдэ ­хъур мыбы хьэщIэхэм пщIэшхуэ зэрыщаIэрщ, гуапэу, гурэ псэкIэ гулъытэ къызэрыщып­хуащIырщ. Абы щIыналъэм ехъулIэныгъэфIхэр къыхудокIуэ. Сэ сызэреплъращи, Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэм псынщIэу зеужь, - къыхигъэщащ Латыпов Артур.
ЗэIущIэм хэтахэр Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм теп­сэлъыхьащ, гулъытэ хуащIащ анэдэлъхубзэхэр хъумэным, лъэпкъ куэд щыпсэу Урысейм и ­щэнхабзэр зэрыкъулейм. Къызэхуэсахэр арэз­ы зэ­дэхъуащ бзэр лъэпкъым и тхыдэр щызымыгъэгъупщэ, хабзэхэр зы щIэблэм адрейм зэры­рит къарууэ зэрыщытымкIэ.
Сэхъурокъуэ Хьэутий Егоровэ Татьянэ фIыщIэ хуищIащ «Урысейм и лъэпкъхэм я Ассамблеем» и жэрдэмхэр игъэзэщIэнымкIэ КъБР-м и Парламентым зэпымыууэ зэрызыкъыщIигъакъуэм папщIэ.
КъБР-м и Парламентым и
 пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться: