IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым. Аращ жэпуэгъуэм и 11-м Урысейм щагъэлъапIэ Мэкъумэш лэжьакIуэхэм я махуэм а къалэн мытыншыр езыхьэкIхэр яхуэфащэ ды-дэу къыщIыхэдгъэщыр.
Мэкъумэшыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм и лъэныкъуэ пэрытхэм язщ. Иужьрей илъэс зыбжанэм ди агропромышленнэ комплексым зиужь зэпытщи, ар узыщыгуфIыкI хъуну ехъулIэныгъэу къыдолъытэ.
Дызэрыт илъэсым и щIышылэ-бадзэуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу, мэкъумэш лэжьакIуэхэм къыщIагъэкIахэр псори зэхэту сом мелард 30-м нэсащ, ар 2025 гъэм еплъытмэ, проценти 102,3-кIэ нэхъыбэщ. Былымылуи, джэдылуи, джэдыкIэуи, гъэшуи къыщIагъэкIыр нэхъыбэ хъуащ.
КъэкIыгъэхэм елэжьхэми гъавэр Iуахыж, илъэсым къриубыдэу кърахьэлIахэр илъэс блэкIам ейм къыкIэрыхуркъым. Мэкъумэш лэжьакIуэхэр йолэжь бжьыхьэсэм, къинэмыщIауэ, щIыр гъатхэм хасэну гъавэм хуагъэхьэзыр.
Къэралым илъэс къэс хегъахъуэ мэкъумэшым зэрызыщIигъакъуэм. 2026 гъэм абы и зыужьыныгъэм сом меларди 4,7-м щIигъу къыхуаутIыпщыну унафэ къащтащ, абы щыщу сом меларди 4,4-р къэрал бюджетым къыхэкIыу, сом мелуан 204-р - республикэм ейм щыщу. Процент 82-р мэкъумэш къудамэм IэрыхьакIэщ. Илъэс блэкIам мэкъумэшым къыхуаутIыпщар къэрал бюджетым щыщу сом меларди 4,6-рэщ, республикэм ейм щыщу - сом мелуани 185-рэщ. Къэралыр дэIэпыкъуауэ щытащ лъэIукIэ зыхуэзыгъэза цIыху 585-м.
Илъэс блэкIам къызэригъэлъэгъуамкIэ, пхъэщхьэмыщхьэ-мэракIуэхэкIхэмкIэ, хадэхэкIхэмкIэ, жылэхэмкIэ, фIэIугъэхэмкIэ, иджыри лъэныкъуэ зыбжанэкIэ республикэр япэ итщ. 2025 гъэм къриубыдэу, мэкъумэшым сом меларди 126,7-м нэс къыщIигъэкIащ, ар ипэ ит илъэсым елъытауэ, проценти 103,7-кIэ нэхъыбэщ. Гектар мини 7,3-м щIигъум псы щIагъэлъэдэн щIадзащ, псы зэрытраутхэ машинэхэр къагъэсэбэп. Пхъэщхьэмыщхьэ-хадэхэкIхэр зыхъумэ IуэхущIапIэхэм тонн мин 362,7-м нэс щIохуэ. Мэкъумэш Iэмэпсымэхэр хуэмурэ щIэкIэ зэрахъуэкI. Илъэс блэкIам тракторрэ комбайну 131-рэ къащэхуащ, мы гъэм абыхэм къахэхъуащ трактор 99-рэ комбайни 2-рэ.
Лэжьыгъэшхуэ йокIуэкI къуажэдэсхэм я гъащIэр нэхъ тынш хъуным хуэунэтIауэ. Ар иджыпсту гулъытэ нэхъыбэ зыхуащI Iуэхугъуэхэм язщ, лъэпкъ проектхэм я фIыгъэкIэ яхузэфIэкIыу. УФ-м МэкъумэшымкIэ и министерствэми къэрал программэхэр егъэлажьэ, къуажэхэм заужьыным хуэунэтIауэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым 2020 гъэм щегъэжьауэ къуажэ 17-м ухуэныгъэщIэхэр дащIыхьащ.
Дызэрыт илъэсым Бахъсэнёнкэ физкультурэмрэ узыншагъэм-кIэ комплекс щаухуэ, Солдатскэ станицэм дэт, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм папщIэ фэеплъым и гупэ къит щIыпIэр зыхуей хуагъазэ, Дыгулыбгъуей жылагъуэ зэхэзекIуапIэр зэIузэпэщ щащI, Псынэдахэ сабийхэм папщIэ джэгупIэ дащIыхь. И кIэм нэблэгъащ Къарэ-Суу-Бабугент-Къэщкъэтау псы зекIуапIэм щIэлъ бжьамийм ирахьэлIэ лэжьыгъэхэр, нэхъ пасэу Iуащхьэмахуэ, Шэрэдж районхэм я щэнхабзэмкIэ унэхэр зэIузэпэщ ящIащ. Тырныауз щызэрагъэпэщыжащ олимпиадэм хуагъэхьэзырхэм зыщагъасэ спортшколымрэ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ творчествэмкIэ центрымрэ.
«Къуажэхэм транспорт инфраструктурэм зыщегъэужьын» щIыналъэ проектым ипкъ иткIэ, Псыхъурей къуажэм километри 5,5-рэ зи кIыхьагъ гъуэгум щолэжь, ахэр мэкъумэш лэжьыгъэхэр щекIуэкI губгъуэхэм йокIуалIэ. Жылагъуэ зыгъэпсэхупIэхэр зыхуей щыхуагъэзащ Алътуд, Александровскэ, Псыхъурей, Псынэдахэ, Аушыджэр.
Мэкъумэшым щылэжьэну IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырын зэрыхуейми йолэжь республикэр. Школ 14-м мэкъумэш класс 49-рэ къыщызэIуахакIэщ. Абыхэм 7-11 классхэм щIэс сабий 900-м нэс щоджэ.
А проект дыдэмкIэ, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Мэкъумэш университетым и студент 1000-м республикэм и IуэхущIапIэхэм практикэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI фокIадэм щегъэжьауэ. 2027 гъэм яухыну я мурадщ университетым и еджапIэ-лабораторэ къудамэр.
УзыщыгуфIыкIыпхъэм я нэхъыщхьэр республикэм и мэкъу мэш къудамэм, санкцэхэм я дэкъузэныгъэм щхьэкIэ къэмынэу, къыщIигъэкIым зэрыхигъахъуэрщ. Къэралым щыпсэухэр ерыскъы и лъэныкъуэкIэ шынагъуэншэу щытыным хэлъхьэныгъэфI хуэзыщI щIыналъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Ди IуэхущIапIэхэм къыщIагъэкIхэм щIэупщIэ яIэщ, ахэр зэгъщ икIи экологие и лъэныкъуэкIэ дагъуэншэщ. Урысейм и щIыпIэ псоми яшэ республикэм и мэкъумэшым къыщIигъэкIхэр, къинэмыщIауэ, ахэр къэрал 20-м ящэху. ДяпэкIи республикэм и мэкъумэшыр зэрефIэкIуэнум шэч хэлъкъым, сыту жыпIэмэ, лэжьыгъэм епхьэлIэ хъуну Iэмалхэр куэд мэхъу.
КЪУДЕЙ Iэминэ.