НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 12, блыщхьэ

♦Къупщхьэ узым ебэныным и дунейпсо махуэщ

♦Ерыскъыпхъэ къыщIэзыгъэкI промышленностым и лэжьакIуэхэм я махуэщ

♦УФ-м и МВД-м и медицинэ IуэхущIапIэхэм я махуэщ

♦1957 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэIуахащ. Абы и япэ ректору ягъэуват Бэрбэч ХьэтIутIэ.

♦1937 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессору, ЩIДАА-м и академикыу щыта Быж Алий.

♦1956 гъэм къалъхуащ КъБР-м, Ингушым, Осетие Ипщэм щIыхь зиIэ я артисткэ Кърым Иринэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градус 18 - 19, жэщым градуси 10 - 11 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Захуэм хабзэр и телъхьэщ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

09.11.2026 - 11:23 → НОБЭ
06.11.2026 - 11:42 → НОБЭ
05.11.2026 - 11:25 → НОБЭ
03.11.2026 - 09:00 → НОБЭ
02.11.2026 - 11:03 → НОБЭ