«Дакъикъэ ныкъуэ»ТхакIуэ Джэдгъэф Борисрэ композитор ЖьакIэмыхъу Жансурэтрэ уэрэд зыбжанэ зэдатхащ цIыхубэм ягу дыхьауэ, дзапэ уэрэд хъуауэ. Абыхэм ящыщ зыщ мы уэрэдри. «Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыным и зи чэзу къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зыр абы теухуауэ щытащ. «Уэрэдым макъамэ хуэзытха ЖьакIэмыхъу Жансурэт и гъащIэ псор щхуэузыхь хуищIауэ жыпIэ хъунущ щIэблэр гъэсэным. Сабийхэр фIым, дахагъэм хуиущиймэ и гуапэу, къэфэным, уэрэд жыIэным хуигъасэу къекIуэкIащ. Нарткъалэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм щылэжьащ ар псэухукIэ, - жиIащ теленэтыныр нзыгъэкIуэкI КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ. - Жансурэт и гъэсэнхэм ящыщ куэдым гъащIэм увыпIэ дахэ щаубыдащ. Абыхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и уэрэджыIакIуэхэу ЗэшэкIуу Розэ, Къул ФатIимэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Жансурэт и макъамэ щIэлъу уэрэдищэм щIигъу хэлъщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и радиом и гъэтIылъыгъэм. Уэрэдым и псалъэхэр зытха Джэдгъэф Борис мыр къызжиIащ абы теухуауэ: «Уи щIалэгъуэм куэд болъагъу, куэдми уахуозэ, зэхэпхри нэхъыбэжщ. Мис ахэр уи щхьэм къихьэжурэ псэхупIэ къуамыту щыхъум и деж, уотIысри тхылъымпIэм тыботхэ. Мы уэрэдри апхуэдэу стхауэ щытащ. ЖьакIэмыхъу Жансурэт абы дапщэщ гу лъитами сщIэркъым, ауэ жысIэну сыхуейщ макъамэ дахэ зэрыщIилъхьар». Илъэс 40-м нэблэгъащ уэрэдыр къызэрыунэхури, иджыри ящыгъупщакъым. Ар цIыхубэм я гум дыхьэу Къул ФатIимэ егъэзащIэ. * * * Зэ умыпIащIэ, зэ умыпIащIэ, Дакъикъэ ныкъуэ умыпIэщIэж, Дыгъэ нэбзийуэ къэлыд уи гущIэм, Дакъикъэ ныкъуэ сынигъэплъэж. Ежьу: Дакъикъэ ныкъуэ, Дакъикъэ ныкъуэ, Дакъикъэ ныкъуэ умыпIэщIэж, Дакъикъэ ныкъуэ, Си насып закъуэ, Епхьэжьэу си гур уэ уемыжьэж.
Зэ умыпIащIэ, зэ умыпIащIэ, Дакъикъэ ныкъуэ умыпIэщIэж. Уэ уи насыпыр сэрам умыщIэ, Зэ си гум жиIэм къысхуедэIуэж. Ежьу. Зэ умыпIащIэ, зэ умыпIащIэ, Дакъикъэ ныкъуэ умыпIэщIэж. Зэ и насыпым цIыхур ебакъуэм, И гъащIэ псокIэ ар хущIогъуэж. Ежьу.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
06.11.2026 - 12:39 →
БлэкIар ди нобэрей гъащIэм «хэбзэхыкIакъым»
04.11.2026 - 13:00 →
Хуабагъ къызыпкърыкI лэжьыгъэхэр
03.11.2026 - 12:26 →
Псалъэхэм я мыхьэнэр
30.10.2026 - 14:34 →
«Дыгъэм къегъэзэж» гъэлъэгъуэныгъэм
| ||




