Гупыр зыгъэгупКъэбэрдей-Балъкъэрым и ухуэныгъэ IэнатIэм лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ къэмылэнджэжу пэрыт ди нэхъыжьыфIщ Мазокъуэ Владимир. 1946 гъэм Хьэмидей къуажэм къыщалъхуа щIалэм зэрыцIыкIурэ ищIэрт щIакхъуэ Iыхьэм и уасэр. ЛэжьакIуэ унагъуэ къызэрыгуэкIым къыщыхъуа Владимир езыр-езыру КъБКъУ-м ухуакIуэ IэщIагъэм щыхурагъаджэ и факультетым щIэтIысхьат, и гъащIэри а IэнатIэм хухихащ. Къыхэдгъэщыну дыхуейт мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 80 ирикъуа Мазокъуэр ноби жыджэру и лэжьыгъэ IэнатIэм зэрыпэрытыр. Нарткъалэ гъущI-бетонхэкIхэр къыщыщIагъэкI заводым и бетонщик къызэрыгуэкIыу абы щIидзэри, IуэхущIапIэм и унафэщI ар хъуауэ щытащ. Абы наIуэ къищIат: унафэщI нэсыр унафэ зытракъым, атIэ IэнатIэм и дэтхэнэ зы щэхури зыщIэращ. Ар и лэжьэгъухэм зэрацIыхур сыт хуэдэ Iуэхуми хуэнабдзэгубдзаплъэ цIыхуущ. Дэтхэнэми бзэ къызэрыхуигъуэтыфым и фIыгъэкIэ, Владимир унафэщI къудей мыхъуу, пщIэ зыхуащI я пашэ хъуфащ. Абы и гуащIэм къыпэкIуащ «Урысейм и мэкъумэш IэнатIэм щIыхь зиIэ и ухуакIуэ» бгъэхэIу дамыгъэр, УхуакIуэхэм я Урысей зэгухьэныгъэм и Президентым и щIыхь тхылъ (2020 гъэм). Дызэрыт илъэсым и бадзэуэгъуэм Мазокъуэм «Аруан районым щIыхь зиIэ и цIыху» цIэ лъапIэри къыхуагъэфэщащ. ЛэжьакIуэ пэшыбжэр хуищIыжа нэужь, Владимир унагъуэшхуэ зэгурыIуэм зэрыхыхьэжыр и къару къигъэхъуапIэт, дауи. И щхьэгъусэмрэ абырэ бынибл зэдапIащ: пхъуихрэ зы къуэрэ (Маринэ, Мадинэ, Хьэсинат, Елизаветэ, Оксанэ, Юлэ, Астемыр сымэ). Адэм и хьэкъ къызытринакъым дэтхэнэми хуэфащэ щIэныгъэ иIэным теухуауэ. Нобэ Мазокъуэхэ къуэрылъху-пхъурылъхуу 17 яIэщи, Владимир щIэблэм ягъэгушхуэ. И къуэ Астемыр адэм и лъэужьым ирокIуэ, ухуэныгъэмкIэ IэщIагъэ зригъэгъуэтауэ. - Ди сабиигъуэ илъэсхэр дигу къыдогъэкIыж: папэ зэи ткIийуэ къытхущытакъым, ныбжьэгъуфIым хуэдэу дэтхэнэми къыдбгъэдэтащ. Ди унэм хабзэфI щыщыIэщ - сыт хуэдэ Iуэху зэфIэхын хуейми, зэрыунагъуэу абы дегупсысу, дызэчэнджэщу. Апхуэдэу зым адрейм и дзыхь иригъэзу дызэрызэдэгъуэгурыкIуэр зи фIыщIэр, дауи, ди адэ-анэрщ. Узыншагъэ быдэ яIэну, я гукъыдэжыр мыкIуэщIыну дахуохъуахъуэ. Ди адэм, и махуэшхуэр къэдгъэсэбэпауэ, фIыщIэ худощI щапхъэ зэрыдигъэлъэгъуам, пщIэмрэ щIыхьымрэ тщIэуэ дыкъызэригъэхъуам папщIэ, - жеIэ Владимир ипхъу, Лэскэн район сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэм и къуэдзэ Маринэ. «Сэ ухуэныгъэ Iуэхум сыхэтт, ар завод унафэщIт. Куэдрэ дызэдэлэжьэну къытхуихуащ Володярэ сэрэ, - жеIэ Аруан районым щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ и советым и унафэщI КIущ Валерэ. - Нобэр къыздэсым «Владимир ПетровичкIэ» доджэ абы, и пщIэр иритIэту. Сыту жыпIэмэ, абы нэхъ лэжьакIуэшхуэ уигъэлъыхъуэнщ. Илъэс 60-м щIигъуауэ езэш уимыIэу IэнатIэ уIутыныр тыншкъым. Абы и нэIэм щIэту заводыр ди зэманми мэлажьэ. ГумащIэ, гупыр зэзыгъэуIуф - апхуэдэ цIыхущ ар. Сыт хуэдэ лъэныкъуэкIэ мы тхьэмадэм утемыпсэлъыхьми, Мазокъуэр адыгэ хабзэ зыхэлъ, Iуэхум и пIалъэр фIыуэ зыщIэ, ныбжьэгъугъэри зыгъэпэж цIыху гуащIафIэщ. Абы укъигъэгугъэ къудей мыхъуу, жиIам тебгъуэтэжу апхуэдэщ. ЗэрыфщIэщи, Псынабэрэ Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэмрэ гъэмахуэм псыр къиуа нэужь зэпымыууэ гугъу йохь. Апхуэдэм деж асыхьэту абы и техникэр къигъэсрэ, езыри я пашэу, псы Iуфэр гъэбыдэным хэлIыфIыхьу куэдрэ ди нэгу щIэкIащ. Ар щIыжысIэр и IуэхущIэкIэр къывгурыIуэн щхьэкIэщ. Сыт хуэдэ лъэIукIэ зыхуэдгъэзами, зэи зыри дыкъигъэщIэхъуакъым. - Мазокъуэ Володя сызэрыцIыкIурэ соцIыхури, ехьэкI-къехьэкI хэмыту жысIэфынущ хабзэрэ нэмысрэ зыхэлъ цIыху Iэдэбу ар зэрыщытыр. Совет зэманым, цемент ямыгъуэту, бетон щымыIэу, унэм кIэралъхьэхэр зэпэубыдауэ щыщытам щыгъуэ, Аруан районым абы нэхърэ цIыхум сэбэп нэхъ яхуэхъуфа IуэхущIапIэ итакъым жысIэмэ, сыщыуэну къыщIэкIынкъым. Псоми ящIэж Псынабэ къуажэм дэт мэжджытыр щащIым япэ дыдэу хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIауэ щытари Мазокъуэр зэрыарар. И унагъуэращи, дыщэм хуэдэщ. Зэрыбыниблым емыджарэ, мыгъэсарэ, лэжьапIэншэрэ яхэткъым - адыгэ унагъуэ зэрыщапIар плъагъуу, цIыхугъэрэ нэмысрэ яхэлъщ. И щхьэгъусэ Ларисэ икъукIэ цIыху гуапэщ, вэгъзэгъщ, и шыгъупIастэр сыт щыгъуи Iэнэм тету къыппежьэнущ. Аращ зи фIыгъэр нобэ Владимир и къару илъу, гукъыдэж иIэу щIыщытыр жысIэми, езгъэлеину къыщIэкIынкъым. Мазокъуэм ди зэманым куэдым яхэмылъыжу, цIыхугъэр къыхэнащ. ЦIыхум я гум гуапэу щIилъыр ар зэрыцIыху хьэлэлырщ. Езыр зытет хабзэ дахэхэр къэзыухъуреихьхэми яхилъхьэну фIэфIщ», - къыддогуашэ Аруан районым и ветеранхэм я советым и унафэщI Джатэгъэжь Артур. - Ухуэныгъэ IэнатIэм абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ, апхуэдизкIэ и лэжьыгъэм ар хуэпэжщи, хуэфащэ дыдэт «УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ цIэр» къыфIащыныр. Владимир цIыху щэныфIэщи, сыт хуэдиз къару езым иримыхьэлIами, «ар зи фIыщIэр ди лэжьакIуэхэращ» жиIэу фIэкIа, а ехъулIэныгъэр и щхьэм хуихьу плъагъунукъым. И ныбжьыр илъэс пщIейм нэсами, заводыр имыгъэувыIауэ нобэми зэманым декIуу, цIыхур зыхуей Iуэхутхьэбзэхэм пэджэжу хьэпшыпхэр къыщIегъэкI. Зыщигъэпсэхур тхьэмахуэ махуэ закъуэращи, ари хуэмыгъакIуэу, и гур лэжьапIэмкIэ щыIэу апхуэдэщ. Володя и щIалэри езым и гъусэу мэлажьэ, и зэфIэкIыр, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, бгъэдилъхьэу. Сэ сыщыгъуазэщ а щIалэр заводым щекIуэкI сыт хуэдэ лэжьыгъэми, пхъащIэм деж щегъэжьауэ, тракторым тесыр и Iуэху хуэмыкIуэу къэтмэ, абыи и пIэ иувэфу, псоми хуэIэижьу зэрыщытым. Аращ гъэсэныгъэ жыхуаIэжыр, - жеIэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Бажэ Дотий. БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
07.11.2026 - 11:18 →
ЩIалэгъуалэр хэкупсэу къэхъуным толажьэ
| ||




