Пасэрей алыджхэм я гъуазджэм щыщщПасэрей Алыджым и гъуазджэр дуней псом нэхъ яфIэгъэщIэгъуэнхэм хабжэ. Алыджым и щIыпIэ щхьэхуэхэм къыщыщIатIыкIыжахэм куэду яхэтщ дыщэхэкIхэр. Псом хуэмыдэу Микенэ пасэрей къалэм. Абы и тетт Троян зауэм щыгъуэ алыджхэм пашэу яIа Агамемнон. Алыджхэм я пасэрей скульптурэхэр, ятIэ гъэжьам, мывэм, гъущI лъапIэхэм къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр Афинхэм щыIэ лъэпкъ археологие музейм щахъумэ. ЦIыхухэм хьэлэмэт ящыхъухэм ящыщщ дунейм ехыжахэм я нэкIум Iуалъхьэн папщIэ ящIу щыта нэкIуIулъхэр. Ахэр декоративно-прикладной гъуазджэм и зы Iэмал гъэщIэгъуэнщ. НэкIуIулъхьэхэр къыхэщIыкIат гъущI, мывэ лъапIэхэм. Абыхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэ дыдэр «Агамемнон и нэкIуIулъхьэрщ». Ардыщэм къыхэщIыкIащ. 1876 гъэм Шлиман Генрих Микенхэм къыщигъуэтыжауэ щытащ. Пасэрей алыджхэм мыхьэнэшхуэ иратырт члисэм. Абы къыщагъуэтыжащ апхуэдэ ухуэныгъэ кхъахэ куэд. «Парфенон» члисэ кхъахэри абыхэм ящыщщ. Ар алыдж тхьэпэлъытэ гуащэ Афинэ и цIэкIэ яухуауэ щытащ. Афинэ и члисэр алыдж архитектурэм и щапхъэ нэхъ дахэ дыдэу ябж. Пасэрей Алыджым скъарым къыхэщIыкIа и скульптурэхэр телъыджэщ. 1800 гъэхэм Терэ хытIыгум къыщагъуэтыжащ абыхэм ящыщщ куэд. Ди зэманым Санторини фIэщыгъэр зиIэ хытIыгуращ дунейм археологие хьэпшып нэхъыбэ дыдэ къыщыщIахыжауэ къалъытэр. Лондон щыIэ Британие музейм алыдж скульптурэ нэхъыбэ дыдэ щахъумэ. Алыдж археолог цIэрыIуэ Маринатос Спиридон Санторини хытIыгум Акротири къалэжьыр къыщыщIигъэщыжащ. Абы теухуауэ 1939 гъэм тхылъ къыдигъэкIауэ щытащ. Ауэ, ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и зэранкIэ, къалэр къэтIэщIыжыныр абы щыщIидзар 1960 гъэрщ. Къэбэкъауэ абрагъуэхэм ухуэныгъэхэр сахуэкIэ щIахъумэри, блын тIорысэхэм кIэрыщIыхьа сурэтхэр хъума хъуащ. Фрескэ абрагъуэхэм къатощ цIыху теплъэхэр, псэущхьэ сурэтхэр, хы зекIуэлIхэм я щапхъэхэр. ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
06.11.2026 - 12:39 →
БлэкIар ди нобэрей гъащIэм «хэбзэхыкIакъым»
04.11.2026 - 13:00 →
Хуабагъ къызыпкърыкI лэжьыгъэхэр
03.11.2026 - 12:26 →
Псалъэхэм я мыхьэнэр
30.10.2026 - 14:34 →
«Дыгъэм къегъэзэж» гъэлъэгъуэныгъэм
| ||




